КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым щехъуэхъуащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм (РИЦ). Ар Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ илъэс ирикъуащ. «ТАСС Кавказ» фIэщыгъэр зиIэ а IэнатIэм лэжьэн зэрыщIидзар хъуауэ щытащ СКФО-м щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэ.
ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэр ди гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд, жылагъуэм гупсысэр щызыунэтI, Iуэхугъуэ хэхахэр зэрыпхагъэкI Iэмэпсымэ лъэщщ, псом хуэмыдэу мы лъэхъэнэм. Зэманым зэрызихъуэжымрэ гъащIэм зэрызиужьымрэ елъытауэ а IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэри нэгъуэщI мэхъу: абыхэм къахохъуэ, зэрызэбгъэхъулIэфыну мардэхэми теплъэщIэрэ купщIэщIэрэ ягъуэт. «ТАСС Кавказ» IэнатIэми и къалэнхэр аращ зытеухуар: щIыналъэм щыпсэу цIыхухэм дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ятеухуа хъыбар пэжыр яIэрыгъэхьэн, къулыкъущIэ лъагэхэр къешэлIауэ, ахэр шэщIауэ тегъэпсэлъыхьын цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэхухэм.
Апхуэдэу илъэс лъандэрэ лэжьыгъэр къызэрагъэпэщ «ТАСС Кавказ» щIыналъэ хъыбарегъащIэ центрым и IэщIагъэлIхэм. Абыхэм псалъэмакъ щхьэпэхэр зыдрагъэкIуэкI къулыкъущIэхэм яхэтщ къэралым хыхьэ субъектхэм я Iэтащхьэхэр, министр зэмылIэужьыгъуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, гъащIэм и нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм щыпэрыт IэщIагъэлIхэр, нэгъуэщIхэри. «ТАСС Кавказ»-м и IэщIагъэлIхэм я псэлъэгъуу щытащ ди республикэм и унафэщIхэри.
РИЦ-м и корреспондентхэм я псэлъэгъухэм хуагъэув упщIэхэр, хабзэ зэрыхъуащи, дапщэщи епхащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыпсэухэр, къэралым и цIыху псори зыщIэупщIэ Iуэхугъуэхэм. Апхуэдэу цIыхубэм къащIэ къулыкъущIэ лъагэхэм, IэщIагъэлI щыпкъэхэм я Iуэху зехьэкIэр, дуней еплъыкIэр зыхуэдэхэр. Езы къэпсалъэхэри я мурадхэмрэ гупсысэхэмкIэ зэрощIэ, зэдогуашэ, зохъуажэ.
Иджырей медиа губгъуэм телевиденэмрэ радиомрэ ящIыгъуу шэщIауэ щолажьэ веб-сайтхэри, интернет-журналхэмрэ газетхэмри, блогхэри, социальнэ сеть зэмылIэужьыгъуэхэри. А псоми хуэдэу, «ТАСС Кавказ» хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм ящыщ дэтхэнэми зэхуахьэс, йолэжь икIи цIыхубэм я пащхьэ иралъхьэ дунейм, гъащIэм и лъэныкъуэ псоми ятеухуа хъыбархэр, иджырей техникэмрэ технологие пэрытхэмрэ я Iэдэжу.
Ауэ щыхъукIэ, къызэрызэIуахрэ илъэс ирикъуа хъыбарегъащIэ IэнатIэр ди гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд, жылагъуэм гупсысэр щызыунэтI, Iуэхугъуэ хэхахэр зэрыпхагъэкI Iэмэпсымэ лъэщ хъуащ. Къэрал политикэр зыубзыху «еплIанэ власткIэ» зэджэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм, зэрынэрылъагъущи, зэкъуигъэувэфынущ, апхуэдэуи зэкъуиудыфынущ цIыхубэр, зыхуигъэув къалэнхэмрэ мурадхэмрэ елъытауэ.
Къэралми жылагъуэми апхуэдиз мыхьэнэ щызиIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм иджырей дунейм, политикэ зэпэщIэувэныгъэ пхъашэмрэ экономикэ дэкъузэныгъэ ткIийхэмрэ я лъэхъэнэм, щагъуэт увыпIэм, къапэщылъ мурадхэмрэ къалэнхэмрэ ятеухуащ я лэжьыгъэр. Псыхуабэ щылажьэ «ТАСС Кавказ» щIыналъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэр, зэрыригъэжьам хуэдэу, дапщэщи щрет бэм я джакIуэу, я унэтIакIуэу.
ТАМБИЙ Линэ.