Унагъуэр зэпэщмэ, лъэпкъыр узыншэщ

ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я дуней лъагъукIэм зы лъабжьэщ иIэр: щыIэныгъэм хэмыкIуэдэжу дунейр щIэблэщIэм къазэрыхуагъэнэнум хуэгъэпса щэнхабзэ къэгъэщIынырщ. Апхуэдэ щэнхабзэхэм курых яхуэхъури унагъуэращ, сыту жыпIэмэ абдежщ къыщежьэр цIыхум иIэн хуей лъэпкъ зэхэщIыкIри, и гурыгъу-гурыщIэхэмрэ еплъыкIэхэмкIэ и лъэпкъэгъухэм зэрадэгуэшапхъэ бзэри, и дуней гурыIуэкIэри. Пэжыгъэр, щыпкъагъэр, цIыхугъэр, лъагъуныгъэр цIыхум къыщищIэри абдежщ – унагъуэращ. Мис а Iуэхугъуэхэращ къилъытар Налшык къалэм дэт, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым иджыблагъэ зэхиша гуфIэгъуэ дауэдапщэри.

Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща махуэщIыр гъэнщIат хуэфащэ гукъыдэжрэ нэщхъыфIагъэкIэ. Ар Iыхьэ зыбжанэу зэхэухуэнат. Япэ лъэбакъуэкIэ Iуэхугъуэр ирагъэжьащ Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым и гъэсэнхэмрэ «Зэныбжьэгъугъэ» жыг хадэм зыщызыгъэпсэхухэмрэ зэгъусэу ягъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэмкIэ. А Iуэхум курых хуэхъуащ унагъуэм къыщемыжьэ фIыгъуэм гъащIэ зэримыIэр, абдеж щызэфIэмыува дахагъэм псэ зэрыIумытыр, унагъуэм исхэм я зэхуакум зэгурыIуэныгъэ имылъмэ, щыIэныгъэм щIэщыгъуэ зэрыхэмылъыр къэзыIуатэ гупсысэхэр. Анимацие жыпхъэм иту утыку кърахьа гъэлъэгъуэныгъэм хуэм-хуэмурэ джэгукIэ фащэ зыщитIэгъащ, абы кIэлъыплъхэр нэхъри зыщIишэу, екIуэкIым хилъасэу, джэгуакIуэхэм я пIэ иригъэувэу.

Илъэс зыбжанэ хъуауэ Центрым деж Мэзыхьэ Анастасие зи унафэщI уэрэджыIакIуэ гуп щолажьэ. Мы гупыр зыч–зы бжэгъуу зэкъуэту утыку къызэрихьэм къищынэмыщIауэ, жэрдэмщIакIуэщ, къыхалъхьэ гукъэкIхэр зэрыщыту цIыхубэм я зэхэщIыкIым зегъэIэтыным, ахэр зытет дунейм и дахэр зыхегъэщIэным, а дахагъэм хуэфэщэн щэнхабзэми хуэгъэушыным хущIокъу. Мызыгъуэгум Центрым и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыра махуэщI концертыр зытраухуар унагъуэрами, а гурыIуэныгъэм лъэпкъ къэс хилъхьэ гупсысэкIэри къыхагъэщащ: ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIым – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – унагъуэм ират лъапIэныгъэр, абы лъабжьэ хуащI щэнхабзэ гупсысэкIэр, а псор гъащIэм зэрыхалъхьэ щIыкIэр къагъэлъэгъуащ. Пэжыр жыпIэмэ, ар къыумыгъэлъэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым: Iуащхьэмахуэ бгы уардэр зыщхьэщыт щIыналъэм игъащIэ лъандэрэ щыпсэу лъэпкъитIым я дунейр щызэфIэуващ щхьэж и псэупIэрэ псэукIэрэ теухуауэ. Къэбэрдей тафэкIэ зэджэ щIыпIэ бгъуфIэшхуэм щыпсэу адыгэхэм цIыхубзыр КъэгъэщIакIуэм щикъанщ, уэрэдыжьым къызэрыхэщщи, жэхафэр и шэджагъуакIуэщ, дыгъэр и IэпэешэкIщ. Бгы куэщIхэм зезышэкI балъкъэрхэм цIыхубзыр къурш псынэхэм ягъэгуащэ, къуршыщхьэхэр ягъэшэтыр. ЖыпIэнуращи, лъэпкъитIми я дуней лъагъукIэм цIыхубзыр щыгъэфIэнщ. Зи цIыхубз зыхуэмылъытэ лъэпкъым къэкIуэн иIэкъым. КъэкIуэн зимыIэм пщэдейм и лъабжьэр быдэ зыщI унагъуэ хузэмыгъэпэщауэ аращи, щыIэныгъэм хокIуэдэж. Мис апхуэдэ псалъэхэдзэ щIэщыгъуэхэмкIэ гъэнщIат махуэщI концертым и етIуанэ Iыхьэр, абы кърихьэлIауэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр зыфIэмыкъабыла щIагъуэ яхэтакъым.

Ещанэ Iыхьэр «ГущIэгъу 07» псапащIэ фондым иригъэкIуэкIащ. Ар теухуат ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр цIыхухэм зэращIэр къэхутэным, макъамэмрэ къафэ лIэужьыгъуэхэмрэ зэхамыгъэзэрыхьу зэрагъэзащIэр зэхэгъэкIыным. Гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу иджырей щIалэгъуалэм мыбзаджэу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ къэфэкIэхэм хащIыкI. Iуэхугъуэ дахэм кърихьэлIа пшынауэхэм кърагъэкIащ пшыналъэ зыбжанэ. Лъапэрисэ, ислъэмей, къафэ – я хуэмагъ-псынщIагъкIэ зэрызэтекIым хуэдэ дыдэу, ныбжькIэ зыхуэкIуэхэри къиIуатэу зэщымыщ защIэщ мы гъуазджэм къызэщIиубыдэхэр. Лъапэрисэр къыщыхадзэм, ныбжьыщIэхэм я IутIыжми ярейт, зи лъакъуэр екIуу щIэзыдз, зи пкъыр мыхъейуэ къызыдэфэ хъыджэбзхэм Iэдэбу ящхьэщыхуарзэ щIалэхэм уащыхэплъэкIэ, къафэр къэзыгъэщIа лъэпкъым щIалэгум щыщIэр къызэрищIам, щIалэгъуэм хэлъ жанагъыр щриунэщIыкIын щIыпIэ иIэн зэрыхуейм гу зэрылъитам шэч къытрыуигъэхьэжыртэкъым. Ислъэмейм и макъамэ жьынчыр къыщыхидзэм, утыкур хуит яхуэхъуащ зи гурыщIэр зэхуэзыIуэтэну хущIэкъухэм. Хъыджэбзхэр нэз кIапэм къыщIэплъу къэзыгъафэ щIалэхэм зэреплъым мылъагъупIэ иIэтэкъым, ар унагъуэщIэрэ насыпыщIэкIэ угугъэ зэрыхъунум и шэсыпIэт. Къафэм и пшыналъэ зэпIэзэрытыр къыщрагъауэм, ныбжьыщIэхэр Iэдэбу нэхъыжьхэм ябгъэдыхьэурэ къытрашащ, къекIуэкIыгъуищыр иратурэ нэхъыжьыгъуэми хуэфащэ пщIэр зи нэхъыщIэгъуэхэм лъагъэсащ. Арыххэуи, жьымрэ щIэмрэ зэрызэIэпэгъур, ахэр зыхэмыт гъащIэм щIэщыгъуэр зэрыщыземыкIуэр цIыхухэм я нэгу къафэ зэхэтыкIэ дахэмкIэ щIагъэкIащ жэрдэмщIакIуэхэм.

«МахуэщI джэгур къыщызэдгъэпэщым, хэхауэ зыми и цIэр къитIуакъым, сыту жыпIэмэ ар зытедухуар псоми я зэхуэдэ Iуэхугъуэт – унагъуэрат. Ди нэхъыжь гумащIэхэр, ди адэ-анэхэр къытщхьэщыту ди цIыкIущхьэр щыдгъэкIуа унагъуэм къыдита гурыщIэ IэфIхэращ дызытет дунейм гъуазэу икIи щапхъэу щыдиIэр. Абдеж къыщытхалъхьа гъэсэныгъэращ ди гъащIэ гъуэгум къыщытIущIэ цIыхухэм дазэрыдекIуэкIыр. ЦIыхугъэм теухуауэ унагъуэм щыдагъэцIыхуа лъапIэныгъэхэращ тхуэдэ цIыхухэм къытхуаIэ хущытыкIэм зезыгъэшэщIыр. ИпэжыпIэкIэ, унагъуэм къыщемыжьа гуэри фащэу зыщыттIагъэркъым, хабзэуи зетхьэркъым. АтIэ, ебгъэфIакIуэ мыхъун щыIэкъыми, дызытет дунейм хуэфэщэну ди адэжь-анэжьхэм къытхуагъэна хъугъуэфIыгъуэхэри зехьэни егъэфIэкIуэни хуейщи, сызэхэзыхыу хъуар абы къыхузоджэ. Мы махуэщI дауэдапщэр къыщIыхэтлъхьам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ унагъуэм къыщепс дыгъэм нэхъ хуабэ зэрыщымыIэр цIыхухэм зыхедгъэщIэныр, абы и бзийхэр къыптепсарэ къыптелъэщIыхьамэ, дунеишхуэри уиIэ гузэхэщIэмкIэ гъэнщIын зэрыхуейр гурыдгъэIуэныр. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэу унагъуэм нэхъыщхьэ щыIэкъым. Абы и фIыгъуэр зэкIыр унагъуэм и закъуэкъым, атIэ жылагъуэми къэралми ялъоIэс, КъэгъэщIакIуэм цIыхубэм къарита гупсысэм и жылапхъэ нэхъыщхьэхэм – зэгурыIуэныгъэр, лъагъуныгъэр, пэжыгъэр – я къуэпсыр акъылым куууэ хегъэтIысхьэ. Сыхуейт ди жэрдэмым щIэлъ щIагъыбзэри гупсысэ нахуэри ди Iуэхум хэтахэм зыхащIэну, нэхъыбэм лъагъэIэсыну, дызытет ЩIы хъурейр нэхъыфI зэрыхъуным хуэгъэпса гупсысэхэр къахузэщыуну дыщогугъ», – жиIащ Мэзыхьэ Анастасие.

Шэч хэлъкъым, унагъуэм и лъапIэныгъэ псори цIыхухэм ялъэзыгъэIэс сыт хуэдэ гукъэкIри къыхэзылъхьэм дэIыгъын хуейщ. Лъэпкъ къэс гъащIэм щыпхиш лъагъуэхэр гъуэгу бгъуфIэ хъуну хуеймэ, зэгупсысыпхъэ Iуэхугъуэ зыбжанэ щыIэщ. Ди жылэкIэ къапщтэмэ, унагъуэм илъ зэгурыIуэмрэ адэ-анэм быныр зыщIапIыкI лъэпкъ хабзэхэмрэ хъумэн зэрыхуейр щIалэгъуалэм я щхьэ илъхьапхъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. ИгъащIэми адыгэ унагъуэр быдэт, зэщхьэгъусэхэр, узэбакъуэ мыхъун щхьэусыгъуэ щымыIэмэ, щызэбгъэдэкIыж къэхъуртэкъым. Адэ-анэм зэдапIыж щIэблэ къэтэджыныр лъэпкъыр зэрыузыншэр къэзыгъэлъагъуэ Iуэхущи, абы зи нэIэ тетыпхъэхэм трагъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым къыхилъхьа жэрдэмыр абы толажьэри, нэхъри ефIэкIуэну ди гуапэщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2026 - 16:45

Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ

Дау Марианнэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ

17.04.2026 - 09:03

Зэныбжьэгъугъэр къафэкIэ ягъэбыдэ

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 11-м щызэхуащIыжащ «Iуа­щ­хьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр» лъэпкъхэм зэдай IуэрыIуатэ фес­ти­ва­лыр­.

17.04.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэщIагъэхэр

«Гъуазджэ хъуа IэщIагъэхэр» зи фIэщыгъэ гъэ­лъэгъуэныгъэр иджыблагъэ утыку къыщрахьащ Къэ­рэшей-Шэрджэс Республикэм.

16.04.2026 - 09:55

Ди цIыхухэм сыт щыгъуи узэхахынущ икIи уакъыгурыIуэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я совет» ассоциацэм илъэсым иригъэкIуэкIа лэ­жьы­гъэхэр къы­щы­зэщIа­къуэжа зэхуэ­сым.

16.04.2026 - 09:54

Дагъыстэным хурагъашэ

Гъунэгъу ресублэкэм псыдзэм щызэхикъута и щIыпIэхэм щыпсэухэм ядэIэпыкъу­хэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.