ЛIэщIыгъуэ зи ныбжь нэхъыжьыфI

Бахъсэн къалэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ Волгоград къикIа хьэщIэхэр зыхэта зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.

ЗэIущIэм хэтащ ветеранхэм я «Боевое братство» урысейпсо зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Волгоградрэ щаIэ къудамэхэм, «Навигаторы детства» зэгухьэныгъэм щыщхэр. ЗауэлI щIыхьым и къалэм къикIахэм ящыщт мы гъэм зи илъэс 99-р зыгъэлъэпIа Медков Александр. ЕджакIуэхэм Iэмал яIащ тхыдэ къэхъугъэ инхэр зи нэгу щIэкIа, абыхэм я курыкупсэм хэта ветераным епсэлъэну, и гукъэкIыжхэм едэIуэну.

Медков Александр Ростов областым хыхьэ Обливская станицэм къыщалъхуащ. 1943 гъэм фронтым Iухьащ, я станицэр нэмыцэхэм къыIэщIахыжа нэужь. Абы щыгъуэ ар илъэс 17 хъууэ арат. Ростов областым, Донбасс, Запорожье лъэныкъуэмкIэ фронтым иужь иту кIуэ мафIэгум къулыкъу щищIащ. 1944 гъэм мазаем мафIэгур нэмыцэ авиацэм щыпэщIэхуащ Кривой Рог деж. Абдеж Александр уIэгъэ щыхъущ Ингулец псыежэхым хэхуэри, итхьэлэным зы мащIэщ иIэжар. УIэгъэу, щIыIэ узи пкърыту ар сымаджэщым щIэхуащ. Куэдрэ и узыншагъэр зэтригъэувэжащ. ИужькIэ фронтым Iухьэжри снайпер школым ягъэкIуащ.

- ТекIуэныгъэм и хъыбарыр зэхэсхащ Мейкъуапэ сымаджэщым сыщIэлъу. Псори уэрамым къыдэзэрыхьат, гуфIэхэрт, IэплIэ зэхуащIырт, «ура!» жаIэурэ кIийхэрт! – игу къигъэкIыжат Медков Александр.

Зауэ нэужьым ар курсхэм пхыкIри, дзэм къулыкъу щищIэу къэнэжащ. 1962 гъэм пенсэм кIуащ, полковник цIэр иIэу. Хэку зауэшхуэ нэужьым Ираным, Китайм, Корее Ищхъэрэм къулыкъу щищIащ. Дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ, ауэ езым нэхъ лъапIэу къилъытэр «За боевые заслуги» медалырщ.

Дзэ къулыкъур иуха нэужь, Украинэм щыпсэуащ, щылэжьащ Донецк, Запорожьем щыIэ нэгъуэщI щIыпIэхэми электростанц щызухуахэм ящыщщ. А IэнатIэм илъэс 40-м щIигъукIэ пэрытауэ, 1986 гъэм пенсэм кIуащ.

2000 гъэм Запорожье къикIри, Волгоград къэIэпхъуащ, и къуэ нэхъыжьым деж. А къалэм Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм щыIэм хэлэжьыхьащ. И ныбжьми емылъытауэ, Медков Александр иджыри жыджэрщ, и узыншагъэм зэрыкIэлъыплъыжым и фIыгъэкIэ. Аращ щIалэгъуалэм щахуэзэкIэ зыхуиущийри.

- Узыщыщыр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Iэмал имыIэу уи къэралыр, Хэкур фIыуэ плъагъун хуейщ. ГъащIэм щынэхъыщхьэр лъагъуныгъэрщ, - жеIэ Медков Александр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите

09.11.2026 - 09:11

Къалащхьэм нэхъри зегъэужьыным теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и къалащ­хьэм адэкIи сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.

09.11.2026 - 09:10

ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ советым и зэIущIэ.

09.11.2026 - 09:08

Депутатхэр Шэрий Иналбэч йохъуэхъу

Тэрч щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ бэнэкIэ хуитымкIэ иджыб­лагъэ дунейпсо чем­пион­ хъуа Шэрий Иналбэч.

09.11.2026 - 09:07

УсакIуэм и фэеплъу

Лъэпкъым и бын щэджа­щэ ЩоджэнцIыкIу Алий къы­щалъхуа махуэр курыт еджапIэхэм, тхылъ хъумапIэ­хэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм щагъэлъэпIащ.