Лъэпкъ фIыгъуэхэр щахъумэ

Иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъу тщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я нэхъыщхьэхэм хохьэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, къитэджыкI щIалэгъуалэм гулъытэ хэха, лъагэ ягъуэт зэрыхъуар, анэмрэ сабиймрэ ехьэлIа Iуэхугъуэ псори мыхьэнэшхуэ зиIэ унэтIыныгъэу къызэралъытэр. Эксперт цIэрыIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, унагъуэм зегъэужьыным хуэгъэпса а къалэнхэр екIуу зэфIэха хъумэ, гъащIэм, псэуныгъэм я унэ­тIыныгъэ куэдым зыужьыныгъэшхуэ игъуэтынущ, сыту жыпIэмэ, унагъуэр къэралым и зы Iыхьэщ, жылагъуэм и быдапIэщ. Аращ цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэ куэдым: лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым, гумащIагъым, пэжыгъэм - къежьапIэ яхуэхъур. 

Нобэ Урысей Федерацэм щаIэт махуэщIри абы и щыхьэтщ. Мы гъэм ­18-нэу ди къэралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, ­лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. УФ-м и Президентым 2008 гъэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ а махуэшхуэр. ИпэжыпIэкIи, сыт хуэдэ лъэхъэнэми дэтхэнэ къэралми и зэIу­зэпэщагъэр къызэралъытэр абы и унагъуэ къызэрыгуэкIым иIэ псэукIэм и ­лъагагъымкIэщ, абы исхэр зыхуей-зы­хуэфIхэр ягъуэту гъащIэм зэрыхэтыфымкIэщ. 
ЖыпIэнурамэ, бын зыпI унагъуэхэм ди къэралым яхуищI гулъытэм илъэс къэс хохъуэ. А унэтIыныгъэм хуолажьэ программэ щхьэхуэхэр, быныр пIыным, псэупIэ унэхэр егъэфIэкIуэным, уна­гъуэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми хуэгъэпсауэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, бын зыгъуэт унагъуэхэм къэралым социальнэ и лъэныкъуэкIэ зэрызащIигъакъуэр. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ унагъуэр хъума хъун, зэщхьэ­гъусэхэм яку псалъэмакъ мыщхьэпэхэр къыдэмыхъуэн папщIэ, сыту жыпIэмэ, «фIыуэ ялъагъур я гъусэмэ, пщыIэм щIэс­ми арэзыхэр» мащIэ дыдэщ, щIэб­лэр зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэпэ­щы­ным, гъэсэным, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ етыным епха жэуаплыныгъэр иджырей адэ-анэхэм, зэщхьэгъусэхэм нэхъ куууэ зыхащIэри. КъинэмыщIауэ, а дэIэпы­къуныгъэхэм ирегъэфIакIуэ щIыналъэхэм щыщыIэ демографие щытыкIэр, сабий зэзыгъэгъуэтыну хуей унагъуэхэри абы нэхъри трегъэгушхуэ.
ЦIыху гъащIэм апхуэдиз мыхьэнэ щызиIэ унагъуэм гулъытэшхуи щегъуэт ди хэкум. Махуэшхуэр къэрал псом зэрыщаIэтым и мурад нэхъыщхьэр уна­гъуэшхуэхэм, быныфI къызыщIэува зэщ­хьэгъусэхэм, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэ­дэпсэу, жылагъуэм щапхъэу къыщахь ди нэхъыжьыфIхэм пщIэ хэха, гулъытэ яхуэ­щIынырщ. Илъэс 25-рэ нэхърэ мы­нэхъ мащIэкIэ апхуэдэу екIуу къызэ­дэгъуэ­гурыкIуа зэщхьэгъусэхэм папщIэ къэралым щагъэуващ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ» медалыр. Ар махуэшхуэм ирихьэлIэу ират унагъуэ дахэхэм, щIыхь, фIыщIэ тхылъ хэхахэр, махуэшхуэм и дамыгъэу ягъэува шынэ-шынэ (ромашка) зыхэлъ удз гъэгъа Iэрами щIыгъужу. ЗэрыжаIэмкIэ, а удз гъа­гъэ хужь цIыкIур куэдым фIыуэ ­ялъагъу, къабзагъэмрэ гуапагъэмрэ я нэщэнэуи къалъытэ. 
Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм мы зэманым щолажьэ бын зиIэ унагъуэ­хэм социальнэу ядэIэпыкъуным хуэгъэп­са программэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, сабийхэм зэ тыгъуэу е мазэ къэс ират пособиехэр, гъэсапIэхэм екIуа­лIэ цIыкIухэм папщIэ ят пщIэм щыщ процент бжыгъэ адэ-анэхэм зэрыхуа­гъэкIуэжыр, бын куэд зыпI унагъуэш­хуэхэм псэупIэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэм и Iыхьэ гуэрым къызэригъэзэжыр, республикэм и сабий гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэхэм пщIэншэу бынхэр зэрыщагъэIэфыр, СВО-м зи адэхэр хэт ныбжьыщIэхэри абы хэту. 
Унагъуэм и илъэсыр нэгъабэ республи­кэм Iэтауэ къыщызэIуахауэ щытащ. Гъэр иухами, мы зэманми ди щIыналъэм щокIуэкI а Iуэхум хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэхэр, зэпеуэхэр, псапащIэ Iуэхухэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэхэщ «Илъэсым и унагъуэ», «Унагъуэр лъэпкъ хабзэхэм я хъумакIуэщ» урысейпсо зэпеуэхэр, «Си унагъуэ» сурэт зэхьэзэхуэр, нэгъуэщI Iуэху­гъуэхэри. Абыхэм хэтщ икIи ехъу­лIэныгъэфIхэр къыщахь Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэ дахэ куэд. Унагъуэшхуэхэм защIэгъэкъуэным хуэгъэпсауэ КъБР-м щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм ящыщщ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэкIуэ ахъшэхэр абыхэм зэ­рыщхьэщатыкIыр.
А псомкIи нэрылъагъу мэхъу ди къэралым и Президентым къыхилъхьа жэр­дэм­хэм я фIыгъэкIэ цIыхухэм, псом япэ­рауэ, бын зыпI унагъуэхэм, дэIэпыкъуныгъэшхуэ зэрагъуэтыр. Апхуэдэ дэIэпы­къуныгъэхэр нэхъыбэ хъу зэпытщ, цIыхухэм я псэуныгъэм и фIагъми хагъахъуэ. УФ-м Президент Путин Владимир иджыблагъэ екIуэкIа «ЗэманыщIэм хуэгъэпса гупсысэ лъэщхэр» урысейпсо зэхуэсым и утыкум иджыри зэ къыщы­теувыIащ уна­гъуэм жылагъуэм щиIэ мыхьэнэр зэ­рыиным. Абы зэрыжиIамкIэ, нэхъы­жьыIуэхэри нэхъыщIэхэри зыщIэс уна­гъуэшхуэхэм адэкIи зыщегъэужьыжын хуейщ къэралым. Ап­хуэдэущ къыддекIуэкI хабзэхэр, лъэпкъ фIыгъуэхэр, лъапIэныгъэхэр зэрыпхуэхъумэнур. Абы къыхэкIыуи къэрал уна­фэщIхэм гулъытэ хэха хуащIынущ унагъуэхэм заужьыным, ахэр быдэ хъуным, зэпэщу псэуным. 
КъинэмыщIауэ, жылагъуэм зыщызыубгъуу хуежьа нобэрей махуэшхуэм иры­рагъэхьэлIэурэ, зэгуэкIуа пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ ящыщ куэдым я хьэгъуэлIыгъуэр бадзэуэгъуэм и 8-м трагъахуэ, махуэш­хуэм къежьапIэ хуэхъуауэ къалъытэ щихъхэу Февроние пщащэмрэ Пётр пщымрэ зэрыщытам хуэдэу фIыуэ зэрылъагъуу, зэрылъытэу, зэхуэпэжу, насыпыфIэу зэдэпсэуныр я хъуэпсапIэу. 
Нобэрей махуэшхуэмкIэ псоми ды­нывохъуэхъу. Фи унагъуэхэм илъ лъагъу­ныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэгурыIуэны­гъэм­рэ гуапагъэмрэ хэхъуэ зэпыту, щIэблэ узыншэ къыфщIэхъуэу, фына­сыпыфIэу, мурад дахэу фиIэхэр къывэхъулIэу фыпсэуну ди гуапэщ. Ди адыгэ унагъуэхэм ящыщ дэтхэнэри ирехъу лъэпкъым игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэр, фIыгъуэхэр, дуней псом фIыкIэ дызэрыхэIуа хабзэмрэ нэмысымрэ пщIэ щыхуащI, щахъумэ хэщIапIэ. 
 ЖЫЛАСЭ  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ