Шэджэм псыкъелъэхэм къыщыщIэдзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэр зэгъэпэщы­жы­ным хуэунэтIа лэжьыгъэм щыпащэ. Ахэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» федеральнэ про­ектым ипкъ иткIэ, ап­хуэдэуи щIыналъэ мылъкуи халъхьэу. 

Лэжьыгъэу зэфIахым я нэхъыщхьэщ икIи нэхъ гугъу­хэм ящыщщ Шэджэм ЕтI­уанэ - Булунгу жылэхэм я зэхуаку дэлъыр. А лэжьыгъэ­хэр гугъу зыщIыр бгылъэ щIыпIэхэм зэрыщекIуэ­кIым­рэ гъуэгум щыщ Iыхьэшхуэ псы Iуфэм и гъунэгъуу зэ­рыщытымрэщ. Мыбдеж къыщагъэсэбэп инженер-тех­но­логие лъагэхэм ятещIыхьа бгъэдыхьэкIэщIэхэр, пэ­рыт­хэр. Апхуэдэу Iуэхум ирахьэлIэ иджырей Iэмэ­псы­мэхэр, транспорт хэхахэр. ­Гъуэгум и кIыхьагъыр псори зэхэту километр 64-рэ мэхъу. А проектыр диIыгъащ ди къэралым и Президент Путин Владимир. 
- Мы зэманым ухуакIуэхэр йолэжь а гъуэгушхуэм щыщу Шэджэм псыкъелъэхэм къы­щыщIэдзауэ Булунгу нэс Iыхьэу километр 25-рэ хъум. Абы къыдэкIуэу зэрагъэ­пэ­щыж лъэмыжи 9, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек, лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым тепсэлъыхьу. - Гъуэгухэм я лъабжьэр ягъэ­быдэ, гъуэгубгъум Iутынухэр зэрагъэтIылъынур траухуэ, псыжапIэхэр хуащI. А Iуэху­хэр щызэфIах Булунгу, Эльтюбю жылэхэм япэгъунэ- гъуу. 
Дызэрыт илъэсыр имыкI щIыкIэ зэфIагъэкIынущ гъуэгу­хэм я лъабжьэр гъэ­­тIылъыным, асфальтым и япэ Iыхьэр телъхьэным, ­гъуэгу ­Iуфэхэм Iутынухэр гъэувы­ным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Республикэм и адрей гъуэгу­хэм хуэдэу, мыбдежми къыщагъэщIэ­рэ­щIэ­жынущ гъуэгум тет дамыгъэхэр. 
А псоми IэмалыфIхэр къатынущ бгылъэ гъуэгухэм я шынагъуэншагъэм нэхъри хэ­гъэхъуэнымкIэ, апхуэдэуи зи нэгу зезыгъэужьхэм, хьэ­рычэт Iуэхум дихьэххэм я бжыгъэри нэхъыбэ ищIынущ, цIыхухэр къезышэкI транспортым и лэжьыгъэри иригъэфIэкIуэнущ. 
Республикэм и Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, лэжьыгъэр псори зэфIэха хъунущ илъэс къэкIуэнум къриубыдэу. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.

07.08.2026 - 11:32

«Зэманымрэ ахъшэмрэ»

КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Черкесск и сурэт галереем къыщызэIуахащ республикэм щыIэ Лъэпкъ банкым и къудамэм къызэригъэпэща «Зэма­нымрэ ахъшэмрэ» гъэлъэгъуэныгъэр. 

07.08.2026 - 09:26

Зы медаль итарихъ

Адыгэ лъэпкъыр «пкъырыпкъэу зыщызэбгыратхъыгъэ» заор заухыгъэр илъэси 162-рэ хъугъэ.

06.08.2026 - 14:37

Къэралым и чемпион Шэрий Иналбэч

Москва областым и Одинцовэ щIыпIэм щекIуэкIащ спорт бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и зи чэзу чемпионат.

06.08.2026 - 11:36

Тхылъ плъыжьхэр я Iэрылъхьэщ

Урысей Федерацэм щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщ­хьэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэм ядэ­лэ­жьэ­ным­кIэ IэщIагъэ зрагъэгъуэ­ту магистратурэмрэ бакалавриатымрэ тхылъ плъыжь­кIэ къэзыухахэм Иужьрей урыс