Республикэми къэралми къахуэщхьэпэнущ

КъБКъУ-м МедицинэмкIэ и академиер къэзыуха ныбжьыщIэ 387-м я дипломхэр ЩIалэгъуалэм я унэм ды­гъуасэ щратыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху 30-р фIы дыдэу еджащ. Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

«Диплом къыпIэры­хьэ­жы­ныр дэтхэнэ цIыхум дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ, - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и ­телеграм-каналым. - ЕгъэджакIуэхэм, профессорхэм, ныбжьыщIэхэр езыгъэджа, зыгъэса, IэщIагъэм хэзыгъэгъуэза дэтхэнэ зыми гурэ псэкIэ фIыщIэ яхузощI. Зыр, аккредитацэм пхыкIа нэужь, терапевт е сабий дохутыр ­хъунщ, адрейм и щIэныгъэм ординатурэм щыпищэнщ, нэхъ куууэ дохутыр IэщIагъэ щхьэхуэм зригъэсэн папщIэ. КъБР-м МедицинэмкIэ и академием сыт хуэдэ зэмани IэщIагъэлIхэр фIыуэ игъэ­хьэ­зыру, ахэр Урысейм и лъэныкъуэ псоми щылажьэу къы­зэрекIуэкIыр къыхэзгъэщыну сыхуейщ. Дауи, IэщIагъэ псоми мыхьэнэшхуэ яIэщ, итIани, дохутырхэмрэ егъэджа­кIуэхэмрэ нэхъ хэIэтыкIахэм, къэралри жылагъуэри нэхъ зыхуэныкъуэхэм ящыщщ». 
КIуэкIуэ Казбек ныбжьы­щIэхэм ехъулIэныгъэ яIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Уры­сеймрэ ирагъэфIакIуэу лэ­жьэну ехъуэхъуащ. 
«Шэч къытесхьэркъым фэ фщыщ дэтхэнэ зыри и Хэ­кум зэрыхуэщхьэпэнум! Гъуэгу ма­хуэ!» - яжриIащ къэзыуха­хэм республикэм и Iэтащ­хьэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.02.2026 - 09:03

Къэралым и плъапIэщ

2025 гъэм и пэщIэдзэм ирагъэжьа «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» щIэныгъэ программэр илъэсым и кIуэцIкIэ ехъулIэныгъэ-хэр иIэу ирагъэкIуэкIащ.

06.02.2026 - 09:03

ЩIэныгъэм и лъагъуэхэр

Сыт хуэдэ Iуэхуми къытрегъэзэж, сыт хуэдэ гупсысэри щIэрыщIэу   утыку къохьэж, жиIэгъат пасэрей гупсысакIуэ гуэрым.

06.02.2026 - 09:03

Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэхуэс

КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм щызэхуэсащ абы хэтхэр, кърагъэблэгъащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­­­ныгъэ центрым информполитикэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м и Кинематограф

05.02.2026 - 09:10

УзытеплъэкъукI мыхъуну лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек яIущIащ рес­публикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ министр Журавлев

05.02.2026 - 09:07

ЦIыхубэм ягу илъщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ теат­рым щIышылэм и 30-м фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ.