Адыгэшыр къыщыхощ къэрал гъэлъэгъуэныгъэм

«Иппосфера» шы гъэлъэгъуэныгъэр гъэ къэс Ленинград областым щокIуэкI. Мы гъэм абы еха­нэрэ хэтащ Адыгэ Республикэм щылажьэ «Шу хасэм» и лIыкIуэхэр. 

Гъэ къэси хуэдэу, щIыналъэ къэс хухах щIыпIэ щхьэхуэм къуэш республикэм икIахэм хуагъэхьэзырат адыгэ щэнхабзэр къозыгъэцIыху IэрыкIхэр. Абдеж дыдэм лъэпкъым къыде­кIуэкI IэщIагъэхэми щыхуа­гъасэрт. Хъыджэбз Iэпэ­Iэ­сэхэм дыщэидэмрэ хэды­кIымрэ дакъикъэ бжыгъэм щэкIым къытрагъэхутэрт, ехъуэпсахэм мастэнэ иры­рагъэууэ. Мы гъэм гъэлъэгъуэныгъэм япэу здашащ «Ашэмэз» уэрэджыIакIуэ гу­пыр, гъэ къэси «Абрэдж» къэфакIуэ ансамблыр я гъу­сэщ.
Сыт щыгъуи хуэдэу, шы­хэмрэ шухэмрэ къахьэ­хуа гулъытэмрэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм я нэхъыщ­хьэу пхужыIэну адыгэшым       и пщIэмрэ хэхъуауэ къекIуэ­лIэжащ зэкъуэш республикищми икIауэ гъэлъэгъуэ­ныгъэм хэтахэр. Мыгъэрей «Иппосферэ»-м шырэ шууэ 8 яшащ: Адыгейм щыщу - плIы, Къэбэрдей-Балъкъэ­рымрэ Къэрэшей-Шэрджэ­сымрэ икIауэ тIурытI. 
Урысейм и лъэныкъуэ зэ­хуэмыдэхэм къикIауэ гъэ­лъэгъуэныгъэм шы 200-м нэс кърашэлIат, шы лъэпкъ 20-м ящыщу. ТекIуэныгъэм папщIэ зэхьэзэхуэ нэхъыщ­хьэм хэтахэр шы лъэпкъ  13-м нэсырт: андалуз, ахалтекин, брабансон, буденнэ, владимир, дон, адыгэш, къэ­рэшей, мезен, совет хьэлъэзешэр, тинкер, оранкенен, эстон клеппер хуэ­дэхэр. Адыгейм ираша Ансар шы къуапцIэм етIуанэ увыпIэр къихьри, «Иппо­сферэ»-м и вице-чемпион хъуащ. Ансар къытекIуар Новгород Ищхъэрэ облас­тым ираша совет хьэлъэзешэ лъэпкъым щыщ Терек и закъуэщ. ГъэщIэгъуэнращи, Ансар зей Пилтакян Саркис лъэпкъкIэ ермэлыщ, адыгэшхэм куэд щIауэ гу яхуищIауэ. Ансар япэу къи­щэхуа адыгэшу зэрыщытри къыхигъэщащ Саркис, и гъэфIэным щытепсэ­лъы­хьыжым: «СызэрыцIыкIурэ сыщIэхъуэпсырт адыгэш ­си­Iэну. Си ныбжьэгъум пщIэ­кIэ шым уигъэшэсу Iуэху­щIапIэ иIэти, арат ар ­нэхъыбэу адыгэшыр щызгъэунэхуари сигу щыкIэ­рып­щIари. Ансар си япэ адыгэшщ, сиIэри а зыращ. Хьэл зэтетщ, укъегъэпэж, ауэ икIи хакIуэщи, жы­джэрщ, джэгурейщ, зэраншущ. И ныбжьым хэхъуэху, нэхъ зэпIэзэрыт зэрыхъуми гу лъыботэ. Ар вице-чем­пион зэрыхъуар ехъулIэныгъэшхуэу къызолъытэ икIи срогушхуэ. Адыгэшхэр Урысейм къыщымынэу, дуней псом щыцIэрыIуэ хъуну ­псори дыщIохъуэпс». Ансар 2018 гъэм «Джанет» IуэхущIапIэм къыщыхъуащ, ­къы­зытехъукIар Латникрэ Аль­фэрэщ. ЕтIуанэ увыпIэр Кушпэ Щамил зытеса ­Алмаз къыхуагъэфэщащ, ещанэр - КIэдыкIуей За- мир и Доспехым къихьащ. 
«Шу Хасэм» и унафэщI Тхьэпщокъуэ Альберт къыхигъэщащ республикэм и ­Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и фIыгъэкIэ, «Иппосферэ»-м хэтыныр гъэ къэси тыншу къазэрехъулIэр. МылъкукIэ зэгухьэныгъэм закъыщIигъэкъуащ Шэумэн Хьэзрэт и цIэр зезыхьэ фондыр. «Экспертхэр зэплъыр утыку ­кърашэ шыр и щытыкIэкIэ зыщыщ лъэпкъым зэры­хуэкIуэрщ, - жиIащ Тхьэпщокъуэм. - И теплъэ, и къупщ­хьэ, и къару, и шыгъэ. Псалъэм папщIэ, адыгэш лъэп­къым бгъэдэлъын хуей псори ирикъу-иримыкъу и лъэныкъуэкIэ. Программэш­хуэ нэгузыужь гъэ къэс къыщызэрагъэпэщ зэхьэ­зэхуэм. Дэ сытым дежи адыгэ лъэпкъым, ди республикэм и щэнхабзэр къы­зэрыдгъэлъэгъуэным дыхущIокъу. «Абрэдж» къэфа­кIуэ ансамблыр ди гъусэ зэпытщ, ди IэпщIэлъапщIэ­хэм къыдэкIуалIэ цIыху­хэр дыщэидэм хуагъасэ. Джэгу щытщIкIэ, ди зыубгъупIэм цIыхухэр Iуву щызэхэту ап­хуэдэщ, зызыплъыхьыну къэ­кIуахэр къыдэпщIэкIауэ зэманыр идохьэкI. Дишхэр тIэу вице-чемпион хъуащ. ДяпэкIэ чемпион дыхъуным дыхущIэкъунущ». 
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм я гугъу тщIымэ, ахэр Хьэжы Артуррэ (шым и цIэр Мансурщ, зейр Шэшэн Заурщ), Къэжэр Алийрэщ (шым и цIэр Баронщ, зейр щIалэ цIыкIум и адэ Къэжэр Аслъэнщ). Илъэси 10 фIэкIа мыхъуа Къэжэр Алий ба­лигъхэм къакIэрымыхуу гъэлъэгъуэныгъэм зэры­хэ­тамрэ шы тесыкIэу къигъэлъэгъуамрэ хъыбар щхьэ­хуэ къилэжьа къы­щIэкIынщ. 
«Шырэ лIырэ щIыжаIэр мыпхуэдэ зы махуэщ, - жиIащ Хьэжы Артур, гъэлъэгъуэныгъэм зэрыхэтамрэ ар къызэрыщыхъуамрэ щы­тепсэлъыхьыжым. - ЦIыхур балигъ зэрыхъум хуэдэ ды­дэу, шыри мыпхуэдэ гу­пышхуэм хэпшэным, нэ­гъуэщI шыхэр илъагъуным куэд иIыгъщ. Дызэрыщыгугъам нэхърэ нэхъыфIу къыщIэкIащи, дыхуэ­арэ­зыщ. Сэ къызгурыIуаращи, гъуэгукIэ, щытыкIэкIэ, зыр адрейм утыку къримы­нэ­нымкIэ узэрыцIыхуа, шым къыпыпхыну узыхуейр къыгурыбгъэIуа нэужь, езыри мэтынш, уэри удотынш». Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа шухэр гъуэгу техьэнымкIэ щIэгъэкъуэн хъуахэщ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министр Лу Азэмэтрэ шыхъуэ Шэшэн Зауррэ. 
«Иппосферэ» гъэлъэгъуэ­ныгъэм къэралым шы щызезыхуэу исхэр щызэроцIыху. Мыр спорт зэпеуэу зэрыщытым нэмыщI, щэнхабзэ утыкууи пхужыIэнущ, сыту жыпIэмэ, ягъэлъа­гъуэр шыхэм я закъуэкъым, атIэ абы къепщIэкIа щэн­хабзэри, псэукIэри, дуней ­тетыкIэри хэIущIыIу ящI. Шыхэр утыкум ит зэпытщи, ахэр сабийхэми балигъхэми зрагъэлъагъу, зэпеуэ нэхъыщхьэхэм нэмыщI, шы­хъуэхэм я зэIущIэхэр щокIуэкI, щIэуэ къагъэщхьэпэ IэмалхэмкIэ зохъуажэ. 
ЧЭРИМ  Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.09.2026 - 12:25

Дерс щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и школхэм. 

05.09.2026 - 09:03

Къытедгъэзарэт жытIэу дыкъокIуэж

ЗэрыфщIэщи, «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ дыщытопсэлъыхь республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм щылажьэхэм я Iуэху зытетым.

05.09.2026 - 09:03

Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.