|
Захуагъэр, хуитыныгъэр, мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр зи лъабжьэ.
8 ноября, 2019 - 08:15
ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр республикэм и щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIащ иджыблагъэ. Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж иIэ утыкум щэкIуэгъуэм и 4-м щекIуэкIа нэгузыужь Iуэхугъуэхэр абы ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэта дауэдапщэхэм я нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунут. Республикэм и Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, волонтёрхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр хэтащ а Iуэху дахэм.
Концертыр езыгъэкIуэкIахэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ Аттаев Азноррэ зэхуэсым кърихьэлIахэм ягу къагъэкIыжащ махуэшхуэм къежьапIэ хуэхъуар.
ЛIэщIыгъуиплIым щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, 1612 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм и пэщIэдзэм, Минин Кузьмарэ Пожарский Дмитрийрэ къызэщIагъэуIуа цIыхубэм Москва къалэм полякхэмрэ шведхэмрэ я дзэхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ зэрыпхъуакIуэхэр дахужауэ щытащ. Урысейм щытепщэ хъуа зэман зэхэзэрыхьам апхуэдэ щIыкIэкIэ кIэ иратауэ къалъытэ. ЦIыхубэр зэкъуэувэри, зэныкъуэкъухэм зэзэуэным, зэгурымыIуэныгъэхэм къыпыкIащ. ИпэжыпIэкIэ абдежщ къыщежьар къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэр. Ар хэкупсэ къарухэм я текIуэныгъэт, къэралыр гъэбыдэным хуэунэтIа Iуэхугъуэшхуэхэм я щIэдзапIэт. Нэхъыщхьэрати, Урысейр тегушхуэгъуафIэ пщIы зэрымыхъунур абдежым наIуэ къыщыхъуащ. Я къару зэхалъхьэу, зэкъуэувэу япэкIэ зэрыкIуам фIы куэд къыхудэкIуащ иужькIэ Хэкум, ар лъэщ, узыпэмылъэщын къэрал хъуащ. Ар тхыдэм мызэ-мытIэуи наIуэ къищIащ.
Махуэшхуэм и хьэщIэхэм я нэгу зрагъэужьащ уэрэджыIакIуэхэу КъБР-м и цIыхубэ артист Текуев Амур, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ЦокIыл Азэмэт, Гергокаевэ Хьэлимэт, Куэтэншы Замир, Жабоевэ Замирэ, Иуаз Азэмэт, «Арабеск» «Шагъдий», «Тэрч къэзакъхэр» гупхэм, республикэ гъуазджэм и нэгъуэщI лэжьакIуэхэми.
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, зэгъунэгъуфIхэм я зэхущытыкIэм тетыным, цIыхубэм яку мамырыгъэ дэлъыным теухуа гупсысэрт гуфIэгъуэ концертым лъабжьэ хуэхъуар. Апхуэдэ зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэ нэрылъагъут зэщхьэгъусэ ныбжьыщIэхэм - Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и студент Рахманинов Тимуррэ Ростов къалэм дэт къэрал консерваторэм щеджэ Балъкъыз Гулшахрэ я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр.
Волонтёрхэм «Урысейм и Къэрал ныпыр» флеш-моби щрагъэкIуэкIащ абдежым.
Концертыр иуха нэужькIэ, апхуэдэ гукъыдэж зиIэхэм Iэмал яIащ Къэрал концерт пэшышхуэм «Мининымрэ Пожарскэмрэ», «1812» фильмхэм щеплъыну.
Махуэшхуэр гурэ псэкIэ зэрызыхащIэр, ар зэрыдаIыгъыр къагъэлъагъуэу, республикэм щыпсэухэмрэ хьэщIэхэмрэ къэфащ, сурэтхэр зытрагъэхащ, зэщыгуфIыкIыу зэдэуршэрахэщ, я нэгу зрагъэужьащ. Абдежым наIуэ къызэрыщыхъуащи, ди цIыхухэр щыгъуазэщ махуэшхуэм и лъабжьэм. Абы хуэгъэпса викторини махуэшхуэ зэхыхьэм щрагъэкIуэкIыну къыхалъхьат къызэгъэпэщакIуэхэм. КъБКъУ-м и ныпхэр ящхьэщыхуарзэу махуэшхуэм хэта щIалэгъуалэми, абыхэм я егъэджакIуэхэми къыхагъэщащ а махуэм къэралым и дежкIи абы щыпсэухэм я дежкIи мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Мининымрэ Пожарскэмрэ къызэщIагъэтэджа цIыхубэм Урысей щIыгум ирахужащ къэралыр зыIэщIэзылъхьэну къежа бзаджащIэхэр, - жиIащ КъБКъУ-м физикэмрэ математикэмкIэ и институтым и унафэщI Къуныжь Борис. Апхуэдэу абы къыхигъэщащ а лIыхъужьхэм адыгэпщ Черкасский Дмитрии хахуагъэ къигъэлъагъуэу зэращIыгъуар, бийр ирахужьэжыным хэлъхьэныгъэшхуи зэрыхуищIар.
- Махуэшхуэр зытеухуар зымыщIэ щыIэ?! Ар и дамыгъэщ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм, лъэпкъхэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, зэрыгъэныбжьэгъуу къызэрызэдекIуэкIым, - жиIащ КъБКъУ-м и студент Къущхьэ Рустам. - Дэ къыддоджэ лъэпкъ куэдым щыщхэр. Си ныбжьэгъухэм яхэтщ урыси, балъкъэри, къумыкъуи, шэшэни, абази, ингуши, азербайджани.
Махуэшхуэм и щIыхькIэ утыкум деж къыщызэрагъэпэщат еплъыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэми дихьэхыу еплъащ гуфIэгъуэ зэхуэсым кърихьэлIахэр.
Захуагъэр, хуитыныгъэр, мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр - ахэращ мы махуэшхуэм и лъабжьэр. Ар нэсу зыхащIащ гуфIэгъуэм хэтахэм. ЦIыхухэм я нэгум кърих нэщхъыфIагъыр щыхьэт техъуэрт махуэшхуэр гурэ псэкIэ къызэрызэдащтам, ар яфIэфIу зэрагъэлъапIэм.
|
04.12.2024 - 15:48 Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ |
|
04.12.2024 - 14:39 Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и |
|
04.12.2024 - 14:38 Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ. |
|
04.12.2024 - 12:25 Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр. |
|
04.12.2024 - 09:03 Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIыхьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ. |
|