ЩIалэгъуалэ зэчиифIэ тхуегъасэ

Бахъсэн районым хыхьэ Хьэ­тIохъущыкъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ концерт дахэ. Дунейпсо арткомитетым лъэпкъ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм къахэкIа щIалэгъуалэ зэчиифIэхэм зы­щIэгъэкъуэнымкIэ и къудамэм хэт, ПщыхьэщIэ Мухьэжыр и цIэр зезыхьэ пшынауэ гупым утыку кърихьащ илъэсым ­къриубыдэу и Iэ къызыпекIуэ­кIа лэжьыгъэр, игъэзэщIа макъамэхэмрэ пшыналъэхэмрэ.

Пшыхьым щыIуащ макъамэ 29-рэ. НыбжьыщIэхэр пшынэ еуэу уэрэд зыбжанэ жаIащ ар­-тист цIэрыIуэхэу Зеущэ Iэуесрэ ШыкIэбахъуэ Ислъамрэ. КъекIуэ­лIахэм ямыгъэщIэгъуэн ялъэ­кIакъым сабийхэм я зэфIэкIыр, нотэхэр къабзэ дыдэу, щыуа­гъэншэу къызэращтэр, утыку иты­кIэм и щэху псори ящIэу екIуу зэрызаIыгъыр. Гупым и гъэса­кIуэщ Дунейпсо арткомитетым «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр яхъумэнущ», «Си гур са­бийхэм тыгъэ яхузощI» и ­дипломхэмрэ дамыгъэхэмрэ ­зы­хуагъэфэща, щIэблэр щэн­хабзэмрэ гъуазджэмрэ щIэпIы­кIыным зигури зи псэри езыт гъэсакIуэ Iэзэ, концертыр щызэхэта IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ емы­зэшыж Бэч Iэсият. 
СтIол кIыхьхэм телът Iэ­сият ­зэман зэхуэмыдэхэм кърата щIыхь, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр, дамыгъэ лъапIэхэр. Удз гъэгъа­кIэ дахэу гъэщIэрэщIа утыкум адыгэ фащэр екIуу зыщыгъ сабийхэр къыщихьэкIэ, пшынэр ягъэбзэрэбзэн щыщIадзэкIэ, укъы­триIэтыкIыу укъызыхэкIа лъэп­къым уригушхуэрт… 
Пшыхьми, сабий зэчиифIэхэми, абыхэм цIыхухэм ират гухэ­хъуэми тхыгъэ щхьэхуэ тебухуэ­фынущ, шэч хэмылъу. Зэры­жытIащи, уахьэхуу, уагъэгушхуэу, гугъэзагъэу къыхаха IэщIагъэм пэрыт дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми хъуэхъуу щыIэм я нэхъ дахэмрэ псалъэу хъуам я нэхъ гуапэмрэ яхуэфащэщ. ХущIемыгъуэжу лъэп­къым хуэлэжьэн, ар зыгъэлъэпIэн, и пщIэр къэзыIэтын дэтхэнэри хъуну ди гуапэщ. 
А псор зи фIыгъэ, лъагъуэ ­дахэу хишам щIалэхэмрэ хъы­джэбзхэмрэ тезыгъэувэ Iэсият и зэфIэкIыр куэдым ящIэ, ди республикэми гъунэгъу щIыналъэ­хэми къызэрыщацIыхум дыщыгъуазэщ. Си гуапэщ нэхъ гъу­нэгъуу ди газетеджэхэми ар едгъэцIыхумэ. 
Бэч Iэсият 1953 гъэм Бахъсэн Ищхъэрэм и Горнэ къуажэм (иужькIэ Тырныауз зыфIащыжам) щыпсэу творческэ уна­гъуэм къыщалъхуащ. Абы и адэ-анэр илъэс 33-кIэ Тырныауз ­къалэм ЩэнхабзэмкIэ унэм щылэжьащ - и адэр лъэпкъ къа­фэмкIэ ансамблым и балетмейстеру, и анэр абыхэм я пшынауэу. Iэсият абыхэм я лъагъуэм ири­кIуащ, япэщIыкIэ педагогикэ ­училищэр, иужькIэ Щэнхабзэм-рэ гъуазджэмкIэ колледжыр ­ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. 
1976 гъэм ар ирагъэблэгъащ Тырныауз ЩэнхабзэмкIэ и унэм, абы щыIэ сабий къэфакIуэ гупым и гъэсакIуэу. Пшынауэр мащIэти, а и IэщIагъэри щIэх-щIэхыурэ ­къигъэсэбэпын хуей хъурт. Пшы­нэ еуэну хуейхэр абы щыхуагъасэ макъамэ студие къызэригъэпэщыну унафэщIым къы­щыжриIэм, бзылъхугъэм ар ­хуэгъэщIэхъуакъым. Езым зэ­ры­ри­гъэджэнум и Iэмал къигуп­сысыжри, Iуэхур иригъэжьащ 1977 гъэм. Илъэс 18-кIэ абы щы­лэжьауэ, 1994 гъэм Ислъэмей Iэпхъуащ, занщIэуи ЩэнхабзэмкIэ унэм и художественнэ уна­фэщIу ирагъэблэгъащ. Iэ­сият абы къыщызэIуихащ са­бийхэр щагъасэ гупжьейуэ блы, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я IуэрыIуатэ ансамбль (ар зи гукъэкIыр къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Шэшэн Хьэсэнрэ Зауэмрэ лэжьыгъэм­рэ я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Уэрдокъуэ Му­хьэмэдрэт). Куэд дэмыкIыу а гупыр IуэрыIуатэ фес­тивалым и лауреат хъуауэ щытащ. 
Илъэс 22-кIэ къуажэм щылэ­жьауэ, Iэсият пенсэм тIысы­-жащ. АрщхьэкIэ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI ­Зеущэ Iэуес иригъэ­благъэри, абыи бзылъхугъэм къыщызригъэпэщащ пшынауэхэм я ан­самбль. Бахъсэн ­районми пшынауэхэм я гуп япэу щызэхуэзы­шэсар Iэсиятщ. 2021 гъэм ­Хьэ­тIохъущыкъуей жылэм Щэн­хабзэмкIэ и унэм яшауэ, иджыпстуи абы щыIэщ. Езыми и гъэ­сэнхэми ехъулIэныгъэ яIэу ­Iэсият илъэс 49-рэ хъуауэ мэ­лажьэ, адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ Iэ­щIагъэ дахэм, а зэманым къриу­быдэу, куэд дригъэхьэхащ. 
Бэчыр зэрыгушхуэ и гъэсэнхэм ящыщщ Шокъуий Мурат (иджыпсту уэрэд жеIэ), Тэтро­къуэ Рэмэзан, Уэзы Астемыр, Пыхъ Азэмэт, Iэпщэ Анзор (икIи уси етх), Молэ Беслъэн сымэ, ­нэгъуэщIхэри.
Бэч Iэсият унагъуэ дахэ иIэщ. И щхьэгъусэмрэ абырэ зэгурыIуэ зэдэIуэжу, зым и Iуэхур адрейм фIэгъэщIэгъуэну, щIэгъэкъуэн нэс зэхуэхъухэу зэдопсэу. ЩIа­литIрэ зы хъыджэбзрэ яIэщи, псори унагъуэщ, я къуэрылъху-пхъурылъху цIыкIуитхум ягъэна­сыпыфIэу апхуэдэщ. Егъэджа­кIуэмрэ гъэсакIуэмрэ я илъэсу къэралым щагъэувауэ щыта 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыщ унагъуэ 40-м я нэхъыфIу къыхахри, Iэсият сымэ «Урысейм и дыщэ унагъуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ, Москва яшэри щагъэлъэпIащ. 
Илъэс куэд щIауэ лъэпкъым и дахэм, и тхыдэм, и щэнхабзэм хуэлажьэ, адыгэм хуэфэщэн щIэблэ гъэсэным зи гъащIэ псор щхьэузыхь хуэзыщIа Iэсият ехъу­лIэныгъэрэ узыншагъэрэ иIэну, гукъыдэж щымыщIэу иджыри илъэс куэдкIэ лэжьэну ди гуа­пэщ. 
 

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.