Афиян зезыхьэхэм я бжыгъэр хохъуэ

Мэкъуауэгъуэм и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэр МВД-м и Управленэм щекIуэкIащ наркотикхэм пэщIэтыным, абы щIалэгъуалэр димыхьэхыным теухуауэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 
Абы хэтащ наркотикхэр хабзэм ебакъуэу ямыщэным кIэлъыплъ къудамэм и унафэщI къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Локьяев Тимур, зи ныбжьыр балигъыпIэ нэмысахэм я IуэхухэмкIэ Управленэм и 1-нэ полицэ къудамэм и инспектор Нартокъуэ Стеллэ, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм хиубыдэ «ЦОЗМАИТ» IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI, нарколог Лобжанидзе Анзор, Управленэм и Жылагъуэ советым хэт Фырэ Анфисэ, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и лэжьакIуэ Сэчрэч Анжелэ.
- АфиянхэкIхэр зыщэхэмрэ ахэр зэзыхьэлIэхэмрэ я бжыгъэр кIуэ пэтми хохъуэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дыщыпсэу республикэми ахэр щыкуэдщ. Урысейр къапщтэрэ бжыгъэхэм я гугъу пщIымэ, наркотик зрахьэлIэу, наркологие диспансерхэм щыкIэлъыплъу цIыху мин 800 щыIэщ. Ар наIуэ къэхъуахэрщ. Ауэ, учет щымыт, и гъащIэм къриубыдэу зыи мыхъу зэ закъуэ нэхъ мыхъуми наркотик зэзыхьэлIахэм я бжыгъэр мелуани 6 - 8-м нэсу хуагъэфащэ. А бжыгъэм илъэс къэс цIыху мин 70 - 80 къыхохъуэ, абыхэм я нэхъыбэри щIалэгъуалэрэ ныбжьыщIэрэщ. Мыбдеж зэхэгъэкIыпхъэщ абыхэм зрахьэлIэ гыныр тIIуэ зэригуэшыр: наркотикрэ, акъылым зезыгъэхъуэж хущхъуэхэмрэ. Наркотикхэр езыхэр лIэужьыгъуиплIу егуэш, нэхъ гуащIи къызэрыгуэкIи щыIэщ. Дауэ мыхъуами, щIалэгъуалэ мин 90-м нэс илъэс къэс яукI зи гугъу тщIы гын лIэужьыгъуэхэм. Наркотик зэзыхьэлIэхэм я процент 20-р – зи ныбжьыр илъэси 10 - 17-м ит щIалэгъуалэщ, процент 60-р - илъэс 18 - 35 хъухэрщ, адрей процент 20-р – зи ныбжьыр илъэс 35-м щыщIэдзауэ нэхъыжьыIуэхэрщ. Зэрытлъагъущи, лъэпкъгъэбагъуэу, ди гъащIэмрэ щIэныгъэмрэ ягъэкIуэтэну дызыщыгугъ щIалэгъуалэрщ. Зэ IуплъэгъуэкIэ узыгъэшынэ бжыгъэхэм нэхърэ нэхъ шынагъуэжщ наркотикым иубыда, абы уз хэзыха цIыхухэр, - жиIащ Лобжанидзе къыщыпсалъэм. 
Наркотикхэр ямыщэным кIэлъыплъ къудамэм и унафэщI къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, оперуполномоченнэ Локьяев Тимур тепсэлъыхьащ наркотик зезыхьэхэм папщIэ къэралым къигъэув хабзэхэм. 
- Наркотикхэр зехьэныр, зэIэпыхыныр, зэхьэлIэныр щIэпхъаджагъэ нэхъ хьэлъэхэм ящыщу къалъытэ икIи ахэр зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм УФ-м и Уголовнэ кодексым и 228 Iыхьэм тету жэуап яхь. Афияныр зезыхьэхэм я ныбжьыр балигъыпIэм итмэ, илэжьа щIэпхъаджагъэм теухуауэ е тезыр ирагъэт (сом мини 100-м къыщыщIэдзауэ), е и суд ящIэри, къытралъхьа илъэс бжыгъэр тутнакъэщым щрехьэкI (псэуху щыси щыIэщ). Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ, и щIалэгъуэкIэ наркотик зрихьэу е зрихьэлIауэ къахута цIыхур хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм лэжьапIэ зэи къызэрамыщтэнур, и благъэхэми апхуэдэ нэмыплъ зэрагъуэтынур. Афиян зэзыхьэлIам, зыщэну хэтам и ныбжьыр илъэс 14 ирикъуамэ, уголовнэ Iуэху къыхузэIуах, иримыкъуамэ – жэуап зыхьыр абы и адэ-анэрщ. КIэщIу жыпIэмэ, я быныр тэмэму зэрамыгъэсам, зэрыкIэлъымыплъам папщIэ нэхъыжьхэр жэуапым ирашэлIэнущ. Япэу апхуэдэ Iуэху ирихьэлIэхэр тезыррэ протоколкIэ зэфIэкIми, етIуанэ гъуэгу унагъуэри сабийри учётым ягъэув, - къыхигъэщащ хабзэхъумэм. 
Зи ныбжьыр балигъыпIэ нэмысахэм я IуэхухэмкIэ Управленэм и 1-нэ полицэ къудамэм и инспектор Нартокъуэ Стеллэ зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэр наркотикым димыхьэхын папщIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ афиян зэхьэлIэн щIэзыдзагъащIэхэр къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэмрэ. 
- Сабийр фIы дыдэу еджэурэ зэуэ къыкIэрыхун щIидзамэ, зигъэгувэмэ, тхылъымпIэпсым, фольгам кIуэцIылъу и жыпым зыгуэрхэр илъу къэвгъуэтамэ, и фэр пыкIауэ, и Iупэр ущхъуэнтIауэ, имыхабзэу къызэрымыкIуэу куэд ишх хъуамэ, фымыцIыху мэ гуэр къыкIэрихмэ, ныбжьэгъу дзыхьщIыгъуэджэ гуэрхэр иIэ хъуамэ – фымыбэлэрыгъ. Абдеж щыщIэдзауэ фи сабийм зэи хуэмыдэжу фыкIэлъыплъ, фепсалъэ. Дауи, апхуэдэхэм заумысынукъым, ауэ сабийм афиян зэрызрихьэлIар къыпхуэщIэнущ и гъутхьэпсыр анализ ебгъэщIмэ. Гу лъытапхъэщ наркотик зэзыхьэлIэхэр абы зэрыщыгъуазэми, дохутырхэр къагъэпцIэн я гугъэу Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагупсысми. Аращи, сабийм анализ щевгъэтым деж фытемыплъэкъукI, - къыхигъэщащ Нартокъуэм. 
Бзылъхугъэм зэрыжиIэмкIэ, наркотикыр щымыгъэIэным, абы щIалэгъуалэр димыхьэхыным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI: инспектор къэс и нэIэ щIэт курыт еджапIэм, колледжым, лицейм щIэсхэм яIуощIэ, дохутырхэр, хабзэхъумэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр къыхурагъэблагъэурэ ирагъэпсалъэ. Нэхъыбэм ар дерс яхуохъу. Сыту жыпIэмэ, IэщIагъэлIхэм я псалъэм нэхъ щIодэIу, наркотикхэр узыншагъэм зэран зэрыхуэхъур хьэкъ зыщащIахэм а мыхъумыщIагъэм къыпакIухь. 
- Нэрылъагъущ инспекторхэм я закъуэкIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур.  Адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхуаку щыхупIэ дэлъмэ, сабийм илэжьымрэ и псэукIэмрэ нэхъыжьхэр щымыгъуазэмэ, тэмэму кIэлъымыплъмэ, я щхьэ Iуэху зрахуэжу жэщ хъуху уэрамым дэтмэ – мыгъуэ махуэр жыжьэкъым. Зыщыдвмыгъэгъупщэ псори унагъуэм къызэрыщежьэр. Дауи, адэ-анэр щIэлажьэр и щIэблэр зыхуей хуигъэзэн папщIэщ, ауэ и быным теплъэкъукIмэ, къэхъур пхуэмыгъэзэкIуэжынщ. Ауэ щыхъукIэ, курыт еджапIэри, унагъуэри, хабзэхъумэхэри елIалIэу зэдэлэжьэн, сабийр, зэрыжаIэщи, зэIэпахыу я нэIэ щIагъэтын хуейуэ аращ, - жиIащ Фырэ Анфисэ. 
ЗэIущIэм къыщапсэлъам уриплъэжмэ, узыгъэгузавэщ республикэм къыщекIуэкIыр: 2024 гъэм елъытауэ, 2025 наркотик зезыхьэхэм я бжыгъэр процент 43-кIэ нэхъыбэ хъуащ, афияныр щызрахьэлIэ щIыпIи 5 къахутэри, зэхуащIащ, бзаджащIэхэм наркотикыр килограмм бжыгъэкIэ къыкъуахри, уголовнэ жэуапым цIыху 50-м щIигъу ирашэлIащ. Арами, бжыгъэхэр хохъуэ. 
 

Тамбий Гуащэмахуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг