Хэкум, лъэпкъым, бзэм хуэзэш сурэтыщIыр ди хьэщIэщ

«Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем Иорданием щыщ ди лъэпкъэгъу, сурэтыщI цIэрыIуэ Къэрэгъул Зейнэ «Коды родной культуры» зыфIища гъэ­лъэ­гъуэныгъэм хыхьэу зыщыхуагъэзащ икIи и лэ­жьыгъэхэм зыщыхагъэ­гъуэзащ ди республикэм щыпсэухэмрэ хьэщIэ­хэм­рэ. 

Зейнэ и IэдакъэщIэкIхэр нэхъапэIуэкIи мызэ-мытIэу Налшык щигъэлъэгъуащ. Абы ди лъэпкъым и блэкIам, тхыдэм, щэнхабзэм, хабзэм, хэхэсхэм я гъащIэм, щIэинхэм, хъугъуэфIыгъуэ­хэм ухешэж, адыгэм и нобэр зыхуэдэм урегъэгупсыс. СурэтыщIым и лэжьыгъэхэм бгырысхэм, IуэрыIуатэм, нарт лIыхъужьхэм увыпIэфI щаубыд. Хамэ щIыпIэ щыпсэуми, и лъабжьэр, къызыхэкIар зэрызыщимыгъэгъупщэм и щыхьэтщ абы и дэтхэнэ сурэтри. Ахэр къигъэщIыфынуи къыщIэкIынтэкъым ди лъэпкъым и тхыдэр имыджатэмэ. 
Мы лэжьыгъэхэр къызэ­рыгуэкIкъым, гупсысэ куу ящIэлъщ. Абыхэм щынэ­ры­лъагъущ и Хэкум, лъэп­къым, бзэм хуэзэшу къы­зэрыхъуар. Армырми, ар зэрыцIыкIурэ и адэшхуэ-анэшхуэхэм Хэкужьым теу­хуа хъыбархэм, лъахэм и ­дахагъым щIапIыкIат. Су­рэтыщI унагъуэм къыщы-хъуа хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIхэр нэхъапэм нэхъыбэу каллиграфие геометрие жыпхъэхэм иту щытащ. Иджы Зейнэ нэхъыбэу зэрылажьэр коллаж Iэмалращ. IэрыщI сурэтхэмрэ сурэттехкIэ трахахэмрэ зэхигъэувэжурэ зы теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр зэхеухуанэри цIыхухэм я пащхьэ ирелъ­хьэ. И лэжьыгъэхэр гъэн­щIащ тхыпхъэ, дамыгъэ зэмыфэгъухэмкIэ, IуэрыIуа­тэм къыхэщыж псэущхьэ, къэкIыгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Зейнэ и лэжьыгъэхэм блэкIамрэ нобэмрэ, жьымрэ щIэмрэ зэрызэпащIэр, зи щIыналъэм залымыгъэкIэ ирагъэIэпхъу­кIа адыгэхэм я фэеплъыр зэрихъумэр, и лъэпкъ тхы­дэм езыр зэрыщыщыр и сурэтхэм къызэрыщигъэ­лъагъуэр. Къаныкъуэ Жаннэ Зейнэ и IэдакъэщIэкIхэр зэрыуасэншэр жиIащ икIи иритащ я зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъ. 
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ Зейнэ фIыщIэ хуищIащ адыгэ щэнхабзэр зэрихъу­мэм, ахэр къызэригъэщIэ­рэщIэжым папщIэ.
Иорданием щыпсэу адыгэ унагъуэм Зейнэ 1978 гъэм къыщалъхуащ. XIX лIэщIыгъуэм зи Хэкум ирагъэIэпхъукIа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэщ ар. 2001 гъэм Лондон дэт университетхэм ящыщ зым щIэныгъэ щызригъэгъуэта нэужь, дунейм и щIыналъэ куэдым (Аме­рикэм и Штат Зэгуэтхэм, Европэм, Урысейм) зыщи­плъыхьри, 2010 гъэм Амман дэтIысхьэжауэ сурэтыщI ­гъуазджэм йолэжь. И лэ­жьыгъэхэр дунейм и къэ­-рал куэдым щегъэлъагъуэ, адыгэм и тхыдэм нэгъуэщI лъэпкъхэр хигъэгъуазэу. 
И лэжьыгъэхэм еплъахэм, гуапэу къыIущIахэм Зейнэ фIыщIэ ин яхуищIащ икIи жиIащ тхыдэр зи лъабжьэ   и IэдакъэщIэкIхэр хэку­-жьым щигъэлъэгъуэну Iэмал зэ­риIэм зэрыщыгуфIыкIыр. 
Зейнэ и лэжьыгъэхэр щы­хьэт тохъуэ тхыдэ фэеплъ­хэр хъумэным, блэкIам ди нобэр зэриухуэм щIэблэр щыгъэгъуэзэным мыхьэ­нэш­хуэ зэриIэм. 

БЖЬЫХЬЭЛI  Розэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2026 - 09:03

Бэчмырзэ зэдагъэлъапIэ

ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.