ЗэрытщIэщи, гъэмахуэм цIыхур Iуэхум къыщыпэрыкI, зыщигъэпсэхун щIыпIэхэр къыщилъыхъуэ лъэхъэнэщ. ЗыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэм я нэхъыбэм бгылъэхэмрэ псы Iуфэхэмрэ къыхах. Зыгъэпсэхуным сыт хуэдизу цIыхум и нэгу зримыгъэужьми, сакъын, шынагъэншагъэмкIэ къызэрыгуэкI есэныгъэхэр иIэн зэрыхуейр псом я дежкIи гурыIуэгъуэщ. Ауэ псори цIыхум и Iэ илъкъым: езым емылъыта шынагъэхэр и гъащIэм къыщыщхьэщыхьэ къыхокI. Мис а щхьэусыгъуэхэращ къызыхэкIар «Шынагъэнагъэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэр.
Илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм хъарзынэу щолажьэ Урысей географие зэгухьэныгъэм и «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэр. НыбжьыщIэхэр гуапэу хохьэ абы къызэригъэпэщ Iуэхугъуэхэм. Апхуэдэу ахэр хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди щIыналъэм щыщу зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэр цIыху кIуапIэ зыщIыж зекIуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Налшык къалэмрэ зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм папщIэ бгылъэхэмрэ мэзылъэхэмрэ ущызекIуэ хъун хуэдэу лъэс лъагъуэхэр къыхэгъэзыщыж Iуэхугъуэхэм, Iуащхьэмахуэ лъапэ къедза щIыпIэхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ щрадза пхъэнкIийхэр зэщIэзыкъуэж пэхуэщIэхэм, нэгъуэщI куэдми. Абыхэм ящыщщ «Шынагъэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща жэрдэмри. Егъэджэныгъэм и нэщэнэхэр мымащIэу зыхэлъ а пэхуэщIэр хуэгъэзащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ гузэвэгъуэ хэхуа е фэбжь зытехуа цIыхум япэ дэIэпыкъуныгъэр зэрырат щIыкIэхэм хуегъэсэным, щытыкIэ къызэрымыкIуэхэм къызэрыхэкIыжыфын Iэмалхэр къагъуэтыфу щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным.
Япэ дерсхэр зэрекIуэкIрэ куэд щIакъым. Абы ныбжьыщIэхэр щагъэгъуэзат къупщхьэр къутамэ щIапхъэхэм, гумрэ тхьэмбылымрэ епха щытыкIэхэм зэрыбгъэдыхьапхъэм, лъыр куэду зыфIэкIуэдам зэрыдэIэпыкъупхъэм япыщIа теориемрэ Iэмалхэмрэ. Абы къищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ мафIэс къэхъумэ, ар зэрагъэункIыфI Iэмэпсымэхэр къызэрагъэсэбэпым, мафIэ зыщIэна щIыпIэм узэрыбгъэдыхьэну щIыкIэм.
Апхуэдэу къегъэлакIуэ ныбжьыщIэхэм лъэпощхьэпо къахуэхъункIэ хъуну псыежэхым зэрызэпрыкIыфыну Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм зыщыхуагъэсащ. ЯпэщIыкIэ абыхэм ирагъэлъэгъуащ псым щIилъафэм дэIэпыкъун зэрыхуейр, ар псым къыхаха нэужь, и гур зэрышытIапхъэм, жьы зэрыжьэдегъэшапхъэм, гущIыIукIэ зэрыгъэгъуэлъыпхъэм щагъэгъуэзащ. Дерсхэр зэфIэкIмэ, ныбжьыщIэхэм Налшык псыежэхым и чэнжыпIэм деж яшэнурэ, ирагъэлъэгъуахэмрэ зэхрагъэхамрэ гъащIэм къызэрыщагъэсэбэпынум теухуауэ практикэ дерсхэр ирагъэкIуэкIынущ. КъищынэмыщIауэ, ахэр брам псынщIэкIэ псы уэрыр зэрызэпаупщIым, кIапсэ зэпрыдзамкIэ псым зэрыщхьэпрыкIым, есыкIэ псынщIэкIэ псым зэрикIым теухуа дерсхэм щIагъэдэIунущ.
ЖэрдэмщIакIуэхэм зэраубзыхуамкIэ, псыежэх лъэпощхьэпом пэлъэщар псыIыгъыпIэ е псыIущIа хуэдэхэм хэкIуэдэнкIэ шынагъуэ зиIэ цIыхур къызэрырагъэл Iэмалхэм итIанэ хуагъэсэнущ. Псыежэхым къыщхьэщыкIыу, псылъанэ куухэм цIыхур нэхъ псынщIэу щIелъафэ, кIуэдыпIэ хуэхъункIэ шынагъуэ щIыпIэр ныджэм пэжыжьэмэ, цIыхум и къегъэлыныр куэдкIэ нэхъ гугъу икIи кIыхь ещI. Апхуэдэ щытыкIэ хьэлъэм къызэрикIыным епха есэныгъэхэри щIалэгъуалэм зэрыбгъэдалъхьэнум жэрдэмщIакIуэхэр иужь итынущ.
Къэпщытэныгъэхэм пхыкIа ныбжьыщIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ и IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIыу цIыхум япэ дэIэпыкъуныгъэр егъэгъуэтынымкIэ курсхэр къызэрызэранэкIамкIэ, «Шынагъэншагъэм и еджапIэр» къызэраухамкIэ тхылъхэр иратыжынущ.
«Шынагъэншагъэм и еджапIэ» щIалэгъуалэ пэхуэщIэм и унафэщI Мокаев Тенджыз зэрыжиIэмкIэ, ар Урысей географие зэгухьэныгъэм и «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм и гъусэу къыхалъхьа жэрдэмщ, 2017 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI. Мы гъэм ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ и IуэхущIапIэм, Урысей географие зэгухьэныгъэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я нэIэ щIэту.
ШУРДЫМ Динэ.