Бжэр япэу къызэIуех

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирагъэхьэлIэри, Налшык къалэм дэт, Иджырей пятиборьем зегъэужьынымкIэ центрым щIыналъэхэм псым есынымкIэ я зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ, «Спортыр наркотикхэм я бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ингушым я спортсмен 279-рэ. Ди республикэр щыщу командиплI хэтащ абы, цIыху 49-рэ хъууэ. 
Къыхэдгъэщынщи, иджырей пятиборьемкIэ центрыр къызэрызэIуахрэ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ ин япэу абы щрагъэкIуэкIауэ аращ. 
Я ныбжь елъытауэ зыхэта гупхэм къыщыхэжаныкIащ Локьяевэ Малика, Васильченкэ Аделинэ, БжэныкIэ Самирэ, Хачатрян Каринэ, Махуэ Марат, Залиханов Инал, Гринько Владимир, Шакъ Ясминэ, Бедраевэ Даринэ, Татаренкэ Дмитрий, Балъкъэр Софие, Джыназ Ритэ сымэ. Абыхэм нэмыщI, КъБР-м и «Арена», «Свим Глайд Джуниор» командэхэм гуп зэпеуэхэм медалхэр къыщахьащ.
Ди спортсменхэм ядэлажьэр Газатулин Марат, Щегловитовэ Иринэ, Къардэн Миланэ, Теппер Владимир, Котов Вадим сымэщ.
Зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ спортсмен цIэрыIуэхэу спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, дунейми Европэми псым есынымкIэ я чемпион Бабихин Артемрэ спортым дунейпсо классымкIэ и мастер, Европэ чемпионатым щытекIуа, дунейпсо зэпеуэм и Кубокыр къэзыхьа Дубовицкий Артемрэ икIи ялъэгъуахэмкIэ арэзы хъуахэщ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Иджырей пятиборьем зегъэужьынымкIэ центрыр Налшык къыщызэIуахащ «Демографие» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Спортыр гъащIэм и мардэщ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Ухуэныгъэм псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ миний ирагъэубыдащ икIи зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къанэ щымыIэу къызэгъэпэщащ. Абы хохьэ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр щебгъэкIуэкI хъу залышхуэ, зыщыбгъэсэнымрэ гимнастикэмрэ хухаха пэшитI, фехтованиемкIэ зал, нэщэнэ еуапIэ, метр 50 зи кIыхьагъ бассейн, цIыхухэм я тIысыпIи 192-рэ, нэгъуэщIхэри.
ФщIэн папщIэ: иджырей пятиборьем хохьэ шы спортымкIэ, фехтованиемкIэ, псы есынымкIэ, къызэдэжэнымкIэ, нэщэнэ еуэнымкIэ зэхьэзэхуэхэр. 

 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.07.2025 - 15:53

Зыужьыныгъэмрэ зэпыщIэныгъэфIхэмрэ

Гъуэгум ирикIуэм нэхърэ гъуэгупэр зыубыдыр лъэпощхьэпо нэхъыбэ IуощIэ.

16.07.2025 - 09:48

Жылагъуэ гупсысэр еунэтI

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым щехъуэхъуащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм (РИЦ). Ар Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ илъэс ирикъуащ.

16.07.2025 - 09:46

Тхылъ хъумапIэм и лъахэхутэ къудамэм

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм лэжьыгъэм зыщагъэ­гъуа­зэу тхьэмахуитIкIэ щIэ­ныгъэ-къэхутэныгъэ практикэ щыIащ КъБКъУ-м и фи­­­лологие институтым ад

15.07.2025 - 09:03

ЛIэщIыгъуэ зи ныбжь нэхъыжьыфI

Бахъсэн къалэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ Волгоград къикIа хьэщIэхэр зыхэта зэхыхьэ.

15.07.2025 - 08:57

Унагъуэр зэпэщмэ, лъэпкъыр узыншэщ

ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я дуней лъагъукIэм зы лъабжьэщ иIэр: щыIэныгъэм хэмыкIуэдэжу дунейр щIэблэщIэм къазэрыхуагъэнэнум хуэгъэпса щэнхабзэ къэгъэщIынырщ.