УзэлIалIэращ къолIэлIэжынур

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа зэIущIэ. Абы къекIуэлIащ КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр, студентхэр, лэжьакIуэ къэзылъыхъуэ хьэрычэтыщIэхэр, цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным пыщIа IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, къулыкъущIэхэр. Лэжьыгъэ IэнатIэ хуейхэм я зэхуэсым и жыпхъэм икIри, ахэр щызэпсалъэ, Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэдэгуашэ утыкум хуэкIуащ.
Мыхьэнэшхуэ иIащ лэжьакIуэ къэзылъыхъуэхэмрэ IэнатIэ хуейхэмрэ зэпсэлъэну, нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхуну Iэмал зэрагъуэтам. Апхуэдэу зэIущIэм кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и IэнатIэ пашэхэм я лIыкIуэхэр. КъБКъУ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэр яфIэкъабылу, дунейм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр зи Iуэхум хэзылъхьэу зэIущIэм хэта «ИННОВАТИКА СИСТЕМС», «Империал» IуэхущIапIэхэм къикIахэм зэакъылэгъуу къызэдыхагъэщащ еджапIэм и лэжьыгъэр зэрызэтриублэ программэхэр Iэмалыншэу IT дунейм щIэуэ къыщыхъухэм пэджэжу зэрыщытыпхъэр. Абыхэм нэхъыщхьэу къалъытащ егъэджэныгъэр лэжьыгъэмкIэ гъэзауэ, практикэ купщIэ хэлъу гъэпсын зэрыхуейр.
КъБКъУ-м къыдэлажьэ индустрие IэнатIэхэмрэ IT-IуэхущIапIэхэмрэ щхьэхуэу къыхагъэщащ IэщIагъэ зэзыгъэгъуэт студентхэм ящыщу фIыуэ еджэхэм ещанэ курсым щегъэжьауэ якIэлъыплъын зэрырагъажьэр. Ещанэ илъэсращ щIалэгъуалэр практикэ лэжьыгъэм щыхашэр, зрагъэгъуэта есэныгъэхэр Iуэхум деж нэрылъагъу щащIыр.
– IT-IэнатIэхэм заужь, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу абы щIэ гуэрхэр къыхохъуэ. ЩIалэгъуалэм Iэмал яIэщ а щIэхэр къаубыдыну, я щIэныгъэм абыкIэ хагъэхъуэну. Ар къызыхэкIыр иджырей ныбжьыщIэхэм я нэхъыбэм я гъащIэр интернет дунейм хэпщIауэ, ахэр дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм щIэщыгъуэу щыIэхэр япхъуатэу зэрыщытырщ. Арыххэуи, IT-IэнатIэхэр егъэлеяуэ зэпэубыдащ, абыхэм щIэупщIэшхуэ яIэщ. Абы фIыуэ хэзыщIыкI ныбжьыщIэр лэжьакIуэ къэзылъыхъуэхэм зыIэщIагъэкIынукъым. Заводхэм, фабрикэхэм, IT-IэнатIэм пыщIа есэныгъэхэр зи лэжьыгъэм къыщызыгъэсэбэп IуэхущIапIэхэм апхуэдэ лэжьакIуэр зыхуэныкъуэ псомкIи къызэрагъэпэщащ, зиужьынымкIи зиIэтынымкIи лъэкI къагъэнэнукъым. Ди заводыр къапщтэмэ, IT-лэжьакIуэм пщIэ щиIэнущ, иригъэкIуэкI лэжьыгъэм щыщ куэд кърипхынущ», – жиIащ IT-IэнатIэхэм языхэзым и унафэщIым и къуэдзэ Деревянкинэ Юлэ.
КъБКъУ-м менеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа IуэхугъуэхэмкIэ и институтым мы гъэм щIалэгъуалэ хъарзынэ къыщIегъэкI, цIыху 60 хуэдиз хъуну. Абыхэм яхэтщ тхылъ плъыжьым хущIэкъухэри. ГъащIэшхуэм хыхьэну ныбжьыщIэхэм яхэтщ еджэныгъэм и мызакъуэу, щIэныгъэми зи зэфIэкIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр. Абыхэм ящыщщ Шагъыр Алан, КъуэщIысокъуэ Алихъан, Бэлагъы Рэмэзан, нэгъуэщIхэри.
– Зи цIэ къитIуа щIалэхэр мызэ-мытIэу къэрал икIи хэгъэгу мыхьэнэ зиIэ IT-зэхьэзэхуэхэм зыщагъэлъэгъуащ, текIуэныгъэхэри къыщыдахащ. Си еплъыкIэкIэ, ахэр занщIэу лэжьакIуэ къэзылъыхъуэ IэнатIэшхуэхэм яхуэбгъэлъагъуэ хъунущ. Шэч къытесхьэркъым абыхэм я щIэныгъэр IT-IэщIагъэлIхэр къэзылъыхъуэ заводхэмрэ фабрикэхэмрэ къазэрыхуэщхьэпэнур. Зыхуеджа Iуэхугъуэр гъащIэм къыщызыгъэсэбэпыф, зрагъэгъуэта щIэныгъэм гъуэгу хухэзышыф лэжьакIуэхэм сыт щыгъуи дахуейщ. КъБКъУ-м къыщIэкI ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ ябгъэдэлъым и мызакъуэу, гъэсэныгъи яхэлъщ. Ахэр зыхэтхэм фIыкIэ къахощ икIи зыми яхэгъуащэркъым, – жиIащ КъБКъУ-м менеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа IуэхугъуэхэмкIэ и институтым и унафэщI Щомахуэ Замир.
– УзэлIалIэращ къолIэлIэжынури, зэбгъэгъуэта щIэныгъэр ущыпсэу щIыпIэм хуэщхьэпэн гупсысэщIэрэ пэхуэщIэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ бузэдыфу щытын хуейщ. ИпэжыпIэкIэ, хэкIыпIэ къэплъыхъуэу узэрыхуежьэу, езыми укъилъыхъуэу щIедзэ. Абы къыхэкIкIэ, жэрдэм зиIэ щIалэгъуалэм дэни лэжьыгъэ щагъуэтынущ. КъБКъУ-м бжыгъэрылъанэ IэщIагъэхэм, IT-IэнатIэхэм папщIэ программэ щхьэхуэхэр зэхигъэувэу йокIуэкI. А программэхэм захъуэж, заужь, нэхъыщхьэращи, дызытет дунейм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм яподжэж. Центрым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм уеплъмэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм ящыщу КъБКъУ-м и «Факультетус» IуэхущIапIэм тхьэмахуэ зыбжанэ хъуауэ пашэныгъэр иIыгъщ, апхуэдизкIэ щIэупщIэшхуэ иIэщи. КъБКъУ-м ухуэныгъэм, архитектурэм, дизайн хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэр къэзыуххэм IэщIагъэмкIэ зрагъэгъуэт щIэныгъэм къыдэкIуэу, бжыгъэрылъанэмрэ IT-мрэ я Iэмалхэми хуэIэижьу къыщIокI. Иджырей дунейм технологиещIэхэм, бжыгъэрылъанэ икIи IT Iэмалхэм ущыгъуазэу щытыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, ди еджапIэм къыщIэкIхэр хуэмыхуу жыпIэ хъунукъым. Къыхэгъэщын хуейщ, иужьрей илъэсхэм ди еджапIэр къэзыухахэм я нэхъыбэм «Факультетус» бжыгъэрылъанэ утыкум илъ анкетэм къигъэув упщIэхэм жэуап зэрыратар, лэжьапIэ IэнатIэ ягъуэтынымкIэ яIэ Iэмалхэр а щIыкIэм тету нэхъыбэ зэращIар. АбыкIэ щIалэгъуалэм къагъэлъагъуэ я зэфIэкIыр здынэсыр, яхузэфIэкIынур зэрымымащIэр, – жиIащ КъБКъУ-м IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым и унафэщI Куэцэ Ратмир.
IэщIагъэм и махуэр езыгъэкIуэкIахэм я гугъэщ дяпэкIи мы зэIущIэм хуэдэхэр IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщыну, апхуэдэ зэхуэсхэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щеджэ ныбжьыщIэ цIыкIухэри кърагъэблэгъэну.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг