КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр. Къуршым щытыкIэ гугъу щихуахэр къегъэлынымрэ а Iуэхум IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырынымкIэ, гъунапкъэр хъумэнымкIэ «Терскол» центрыр илъэс 90 зэрырикъуар абдежым щагъэлъэпIащ.
Зи гугъу тщIы центрыр 1935 гъэм къызэIуахауэ щытащ, Дзэ альпинизмэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэр къыщызэрагъэпэщам щыгъуэ. Ар къэзыухахэм къалэнышхуэ ягъэзэщIащ совет сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ бгыщхьэм щызэуэфу ягъэсэн папщIэ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм абыхэм хахуэу Кавказым и къурш щхьэдэхыпIэхэмрэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щахъу-мащ.
Зауэ нэужьым еджапIэр Совет Армэм и зауэлIхэм папщIэ турист хэщIапIэ ящIауэ щытащ, 2013 гъэм щегъэжьауэ IуэхущIапIэр Бгым зыщыхъумэжынымрэ зыкъыщегъэлынымкIэ центр ящIащ, дзэм хэтхэр бгылъэ щIыпIэхэм щызэуэфу щагъасэу. Илъэс блэкIахэм къриубыдэу, абы щрагъэджащ дзэм и лэжьакIуэ мин 27-рэ, УФ-м и Дзэм и чемпионат зэпеуэ 50-м нэс щрагъэкIуэкIащ, абыхэм ящыщу 12-м хамэ къэралхэр къыхыхьэу.
Иджыблагъэ екIуэкIа къудейщ «Эльбрусиада-2025» зыфIаща, УФ-м и Дзэм и кубокым и щIыхькIэ зэхаша зэхьэзэхуэр икIи гуп нэхъ лъэщхэм тыгъэхэр иратащ.
КъинэмыщIауэ, «Терскол» центрым къыщызэIуахащ альпинист цIэрыIуэ, спортым и дунейпсо мастер, щэнейрэ Эверестым дэкIуея, бгым щылэжьэну инструктор куэд зыгъэса Душарин Иван Трофим и къуэм хуагъэува фэеплъыр.
«Терскол» центрым илъэс 90-кIэ къикIуа гъуэгуанэр Хэкур фIыуэ лъагъуным, абы папщIэ лIыгъэ зехьэным хуэунэтIауэ зызыужьа дзэ альпинизмэм и дамыгъэщ, - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и напэкIуэцIым. - Ноби, илъэсипщI зыбжанэ ипэкIэ зэрыщытам хуэдэу, абы егъэхьэзыр къэралым и бгылъэ гъунапкъэхэр зыхъумэфыну IэщIагъэлIхэр. Мы махуэшхуэр илъэс бжыгъэ къудейкъым, атIэ бгылъэ щIыпIэхэр хъумэным хуэIэзэ хъуа дзэ IэщIагъэлIхэм я блэкIа лъагэр гум къизынэ Iуэхугъуэщ. Иджыри зэ «Терскол» центрым и ветеранхэмрэ и лэжьакIуэхэмрэ сынывохъуэхъу, дяпэкIи Хэкур хъумэнымкIэ ехъулIэныгъэ фиIэу фыбгъэдэтыну си гуапэщ!»