ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 
Ар къызэрагъэпэщащ «Коммунсервиском» ЖЭУК-м и унафэщI Къумыхъу Альбертрэ абы и къуэдзэ Къумыхъу Ленэрэ. Ахэр унэм щыпсэухэм ехъуэхъуащ махуэ лъапIэмкIэ, зэрылъытэу, пщIэ зэхуащIу къызэдэгъуэгурыкIуэмэ зэрагуапэри къыхагъэщащ. Сабийхэмрэ балигъхэмрэ Iэнэ къыхуагъэуващ, цIыкIухэм хуагуэшащ IэфIыкIэ. Нэхъыжьхэм сабийхэм жраIащ Къурмэн махуэр щIэлъапIэр, абы ехьэлIа хабзэхэр зыхуэдэр. Къызэхуэсахэр ислъам диным ехьэлIа щIэныгъэкIэ зэпригъэуащ Iуэхур езыгъэкIуэкIа Iэхъуэбэч Азрэталий. УпщIэхэм жэуап езытыфахэм саугъэтхэр хуагъэфэщащ. Унэм щыпсэухэм фIыщIэ хуащIащ мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм. 
 

Гъуэт Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.03.2026 - 12:00

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

 Кикбоксинг

13.03.2026 - 09:03

Лъэхъэнэм и цIыхут

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ, «Гум и макъ» клубым и унафэщI Безыр Ленэ зэхыхьэ къызэригъэпэщащ адыгэ усакIуэ, драматург, Хэку зауэшхуэ

12.03.2026 - 09:19

Анэшхуэхэм я зэпеуэ

«Бахъсэн щIыналъэм и анэшхуэ нэхъыфI дыдэ» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэн Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) иджыблагъэ щекIуэкIащ.

12.03.2026 - 09:18

Гулъытэ гуапэ

«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж

12.03.2026 - 09:18

Гъатхэм дэщIэрэщIэну

ЩIалэгъуалэм я унэм щагъэлъэпIащ Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр. Зэхыхьэ гуапэр къызэригъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым.