Щыналъэ зэпеуэр йокIуэкI

Урысей МВД-м и Налшык управленэм щекIуэкIащ «Полицейский дядя Стёпа» сабий творчествэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и къалэ Iыхьэр. Ар хуэгъэпсат ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум.

 Зэхьэзэхуэм и мурадыр къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къулыкъу щыщIэным и пщIэр Iэтыным и закъуэкъым, атIэ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр дэIыгъынырщ, абыхэм я творчествэм зегъэужьынырщ. 

Зэпеуэр екIуэкIащ  хэтхэр гупищу гуэшауэ: илъэси 6 - 8; илъэси 9 - 11; илъэс 12 - 14-хэр.   Абыхэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпащ пластилин, ятIагъуэ, тхылъымпIэ щхъуэкIэплъыкIэхэр, картон, къэрэндащ, лэчрэ Iуданэрэ.

Управленэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Шыдакъ Хъусен зыхэта комиссэм къыхихащ IэдакъэщIэкI нэхъ гъэщIэгъуэнхэр.

Лэжьыгъэ нэхъыфIхэр Iэрагъэхьащ КъБР-м щыIэ МВД-м, щIыналъэ зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хагъэтын папщIэ.

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2026 - 09:03

Бэчмырзэ зэдагъэлъапIэ

ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.