Хысыдж маскъалхэм я фIыгъэкIэ

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2006 гъэм накъыгъэм и 27-м къищта унафэм ипкъ иткIэ, Электросвязымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я зэгухьэныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэр илъэс къэс накъыгъэм и 17-м ягъэлъапIэ.

1844 гъэм накъыгъэм и 24-р ди планетэм щыпсэухэр япэ дыдэу телеграфкIэ щызэрыщIа, хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щызэхъуэжа махуэщ. Абдежырщ США-м и къалэхэу Балтиморрэ Вашингтонрэ дэсхэр, зэрызэрымылъагъуу, а IэмалымкIэ напIэзыпIэу щызэлъэIэсыфар.

Илъэс 21-рэ дэкIри, къэрал 22-м я унафэщIхэм 1865 гъэм накъыгъэм и 17-м Париж Iэ щытрадзащ япэ дунейпсо телеграф зэгурыIуэныгъэм. Абы щыгъуэщ къыщыунэхуар иужькIэ, 1932 гъэм къыщыщIэдзауэ, Телеграф жылагъуэкIэ зэджэу къаублар.

ИлъэситI дэкIри, 1934 гъэм, Iэ щIадзащ Электро-зэпыщIэныгъэхэмкIэ къэралхэм я зэгурыIуэныгъэм. КIэлъыкIуэу щIэныгъэлI-IэщIагъэлIхэм радиори телефонри къагупсысащ, я зэхэлъыкIэхэми зрагъэужьащ.

Абы иужькIэ, дызэрыщыгъуазэщи, теле-зэпыщIэныгъэхэм я Iэмалхэм псынщIэ дыдэу дэнэ лъэныкъуэкIи зыщрагъэужьащ, къэралхэр тыншу иризэрыщIи хъуащ.

Физикэм ирилажьэхэри щIэныгъэм нэхъ пэIэщIэхэри щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, электро-зэпыщIэныгъэхэр IэмалыфIщ цIыхухэр тыншу зэрыщIэнымкIи хъыбархэмкIэ зэхъуэжэнымкIи.

Хысыджым и зыщIэупскIэкIэр зи зелъэтэкIэ зэщIэузэда маскъалхэр, къызэрахутауэ, дызэрыбауэ жьыми кIапсэхэми псынщIащэу щызожэ, къыщежьи здэбзэхи умылъагъуу. Маскъалхэм а я хьэлым тещIыхьа IэмэпсымэщIэхэм, IэмалыщIэхэм, къызэрыхэдгъэщащи, ящыщщ телефонри телеграфри, къинэмыщIауэ иужьрей лъэхъэнэм псори дызэсэжа Интернетри.

Электро-зэпыщIэныгъэхэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэр ООН-м хэт IуэхущIапIэщ. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ къэралхэм я зэдэлэжьэкIэ-зэрыщIэкIэм IэмалыщIэхэр къыхуэгупсысыныр, къэунэхуагъащIэхэм зегъэужьыныр, зэлъэгъэIэсыкIэщIэхэм хуэгъэза Iэмал псоми зегъэубгъуныр.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр Интернетым къыщыхалъхьэ IэмалыщIэхэмкIэ нэхъ къызэзыгъэпэщыр «Урысейм и телеком» ОАО-м и щIыналъэ къудамэм хъыбарегъащIэ-коммуникацэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ и операторырщ. ЩIыпIэ жыжьэхэм уазэрылъэIэсыфын IэмалхэмкIи ди республикэр зэгъэпэщащ. Иужьрей илъэсхэм ди цIыхухэм куэду къагъэсэбэпхэм ящыщщ «Билайн», «Мегафон», «МТС», «Вымпелком» IуэхущIапIэхэм я Iуэхутхьэбзэхэр.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.06.2025 - 15:00

ТыншыпIэрэ гулъытэрэ

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур иджыблагъэ щыIащ Бахъсэненкэ къуажэм икIи зригъэлъэгъуащ абы щащI спорт комплексым, сабий садым, къуажэдэсхэм я зыгъэпсэхупIэм я ухуэныгъэхэр

23.06.2025 - 09:11

ДэIэпыкъуэгъу яхуохъу

«Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Нарткъалэ щригъэкIуэкIащ «Бжэ зэIухам и махуэ».

23.06.2025 - 09:10

ЩIалэгъуалэ зэчиифIэ тхуегъасэ

Бахъсэн районым хыхьэ Хьэ­тIохъущыкъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ концерт дахэ.

23.06.2025 - 09:09

Къэбэрдей уэрамым газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щытрадзэ

Налшык и Къэбэрдей уэрамым, «Победа» кинотеатрым и гупэм къит утыкушхуэм деж Iуэхугъуэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къыщызэрагъэпэщащ бэрэ­жьей пщыхьэщхьэм.

22.06.2025 - 15:02

Афиян зезыхьэхэм я бжыгъэр хохъуэ

Мэкъуауэгъуэм и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэр МВД-м и Управленэм щекIуэкIащ наркотикхэм пэщIэтыным, абы щIалэгъуалэр димыхьэхыным теухуауэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.