ЗэрызыщIагъакъуэм пащэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжхэм ящыщщ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм гулъытэ яхуэщIыныр. 

ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и аппаратым и лэ­жьакIуэхэмрэ депутатхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэт ди зауэлIхэм дэIэпыкъуныгъэ хурагъэшащ. Iэмэпсымэхэр, щыгъынхэр, зыхуеину нэгъуэщIхэри щIалэхэм яIэригъэхьащ КъБР-м и Парламентым и депутат Байсиев Темыржан.
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм республикэм и хабзэубзыху Iуэху­щIапIэм фIыщIэ къыхуащIащ, я гулъытэ зэрыщамыгъащIэм ­папщIэ.

КъБР-м и Парламентым
и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.06.2025 - 15:00

ТыншыпIэрэ гулъытэрэ

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур иджыблагъэ щыIащ Бахъсэненкэ къуажэм икIи зригъэлъэгъуащ абы щащI спорт комплексым, сабий садым, къуажэдэсхэм я зыгъэпсэхупIэм я ухуэныгъэхэр

23.06.2025 - 09:11

ДэIэпыкъуэгъу яхуохъу

«Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Нарткъалэ щригъэкIуэкIащ «Бжэ зэIухам и махуэ».

23.06.2025 - 09:10

ЩIалэгъуалэ зэчиифIэ тхуегъасэ

Бахъсэн районым хыхьэ Хьэ­тIохъущыкъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ концерт дахэ.

23.06.2025 - 09:09

Къэбэрдей уэрамым газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щытрадзэ

Налшык и Къэбэрдей уэрамым, «Победа» кинотеатрым и гупэм къит утыкушхуэм деж Iуэхугъуэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къыщызэрагъэпэщащ бэрэ­жьей пщыхьэщхьэм.

22.06.2025 - 15:02

Афиян зезыхьэхэм я бжыгъэр хохъуэ

Мэкъуауэгъуэм и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэр МВД-м и Управленэм щекIуэкIащ наркотикхэм пэщIэтыным, абы щIалэгъуалэр димыхьэхыным теухуауэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.