Иджыблагъэ Обнинск щекIуэкIа «ЩIалэгъуэ. ЩIэныгъэ. Щэнхабзэ» урысейпсо зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэхэри.
Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр къагъэлъэгъуащ, утыку къралъхьа лэжьыгъэхэмкIэ увыпIэ нэхъыщхьэри къахьэхуащ.
А зэпеуэр «Интеллект будущего» академием илъэс къэс къызэрегъэпэщ, икIи мы гъэм 40-нэу зэхашэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы щыIащ щIыналъэ зыбжанэм щыщ еджакIуэхэр. Гупым нэхъыжьу яхэтащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я унэм и лэжьакIуэ Уэтэр Оксанэ. Зэпеуэм щыIа ДыщэкI Ясминэ, Костинэ Анастасие, Теппеев Али- хъан сымэ фIыщIэ тхылъым и 1-нэ нагъыщэр, Джэрыджэ Инал, Копыловэ Ангелинэ, Тхьэбысым Аделинэ сымэ 2-нэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
Урысей псом щыщу зэпеуа ныбжьыщIэхэм ефIэкIар, ди гуапэ зэрыхъунщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэрщ. Инарыкъуей къуажэм щыщ ДыщэкI Ясминэ лъахэхутэ унэтIыныгъэмкIэ игъэлъэгъуа лэжьыгъэр псом нэхърэ нэхъыфIу къыщIэкIащ. Япэ увыпIэр къызэрихьам папщIэ пщащэм къыхуагъэфэща саугъэтхэр абы къритыжащ академием и унафэщI Ляшкэ Лев.
Мы текIуэныгъэр Ясминэ и щыпэкъым – 2024 гъэм екIуэкIа урысейпсо лъахэхутэ зэпеуэм япэ увыпIэр щиубыдауэ щытащ. Дохъуэхъу пщащэ жыджэрымрэ абы и гъэсакIуэ Хьэрэдурэ Эммэрэ.
Фырэ Анфисэ.