И тхыди и щIыуэпси удэзыхьэхщ

Кавказ Ищхъэрэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм, хы ФIыцIэм къедза и Iуфэри дэщIыгъуу, ноби щызэхэтх щIыпIэцIэхэм ящыщ гуэрхэм я IукIэ-тхыкIэр ди гъунэгъу абхъазхэм я бзэм хэт псалъэпкъхэм зэрыхуэкIуэм гу лъыдмытэныр Iэмал зимыIэщ.

Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу тхыдэджхэм къалъытэр лIэщIыгъуэ блэкIахэм лъэпкъитIым – абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ – ди бзэхэр (ар япэрауэ) куэдкIэ нэхъ зэпэгъунэгъуу зэрыщытарщ, етIуанэрауэ, языныкъуэ абхъаз-абазэ лIакъуэхэр, илъэс 200 ипэкIэ къызэрыщекIуэкIам хуэмыдэу, иджыпсту здэщысым нэхърэ куэдкIэ нэхъ ищхъэрэIуэкIи (хы ФIыцIэм Iуфэм тетщIыхьмэ) зэрыщыпсэуарщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, япэ щхьэусыгъуэм елъытауэ, етIуанэм ехьэлIауэ лъахэджхэм я Iуэху еплъыкIэр зэрызэтемыхуэри.

А псори зэуэ къызэрытхузэщIэмыубыдэм къыхэкIыу, мы тхыгъэм мащIэу я гугъу щытщIынщ «Аз» зи пэщIэдзэ фIэщыгъэхэм ящыщу зыбжанэм я тхыкIэм и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ бзэщIэныгъэлIхэм къагъэлъагъуэмрэ абыхэм узыщрихьэлIэ щIыпIэр зыхуэдэмрэ.

«Аз» зи щIэдзапIэ щIыпIэцIэхэм ящыщщ, псом япэрауэ, АзгъукI (Азыгъуч, Азгуч, АзыгъущI-къэбэрдей псалъэкIэкIэ) жыхуаIэр.

Апхуэдэу йоджэ Псыбэ шапсыгъ жылэу ТIуапсы районым хыхьэм декIуэкI мэзылъэ шытхым. Мы щIыпIэм щызэхэтхынущ «АзгъукI (Азыгъуч) гъогу» псалъэ зэхэтри. Ар и цIэфIэщщ Псыбэ и тIуащIэм дэт зекIуапIэу шапсыгъ къуажитI Агуийрэ Псыбэрэ зэпызыщIэм.

ЖыIэпхъэщ «АзгъукI» (Азыгъуч, Азгуч, АзыгъущI) фIэщыгъэр зэрызэхэтыр адыгэбзэм фIэкIа тегъэщIэн ямыщIу зэхэгъэкIа хъуну къэзылъытэхэри ди лъэпкъэгъухэм къазэрыхэкIыр.

Псалъэм папщIэ, Агуий дэс нэхъыжьыфIхэм зэрыжаIэмкIэ, я къуажэм къедза шытхыу а цIэ дыдэр зезыхьэм ижькIэрэ къыщыщIах пцIийм (руда) и зэхэлъыкIи и плъыфи сытым дежи зызымыхъуэжщ. Аращ, абыхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, а щIыпIэм «А-зы-гъукI» щIыфIащар. НэгъуэщIу жытIэмэ, «АзыгъукI» - «АзыгъущI» псалъэр зэхэтщ: «А», «зы», «гъущI» Iыхьищу. Япэ итыр, зэрынэрылъагъущи, зи гугъу ящIым гу лъозыгъатэщ.

АрщхьэкIэ, апхуэдэ псалъэ зэхэгъэувэкIэр, этимологие щIэныгъэм хэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, щIыпIэцIэхэм къыщагъэсэбэп хабзэкъым. Аращи, «аз» пычыгъуэр адыгэбзэм къыхэкIащ жытIэныр, я нэхъ мащIэрауэ, лъабжьэншэщ. АбыкIэ щыхьэтщ «Аз» зи къежьэкIэ фIэщыгъэхэм ящыщу адэкIэ къыхэдгъэщынухэри.

Абхъаз щIэныгъэлIхэри куэд щIауэ хущIокъу я бзэгъухэр нэгъуэщI хэгъэгухэми, псалъэм папщIэ, хы ФIыцIэм нэхъ хуэищхъэрэу къедза щIыпIэхэм зэрыщыпсэуагъэнур зэрызэхагъэкIыным.

Абы теухуауэ мыри къыжыIэпхъэщ. Куржы (грузин) еджагъэшхуэ, профессор Рогавэ Георгий и ныбжьэгъу абхъаз щIэныгъэлI Бгажбэ Хухут зэгуэр къыжриIат, Урыс-Кавказ зауэм иужькIэ хы ФIыцIэм къедза мэзылъэхэм къафIыщIэна шапсыгъ-хьэкIувхэм (хьэкIуцу, «хакучинцы»-рысхэм зэратхымкIэ) абхъазхэм я гугъу щащIкIэ «аз» псалъэ кIэщI цIыкIур къызэрагъэсэбэпыр. Дэри абы дытетмэ, «АзгъукI» псалъэм къидгъэкIыфынур «абхъаз гъущI» жыхуиIэщ.              

«АзгъукI» фIэщыгъэм иджыри ущрохьэлIэ Ныбгъу (Небуг) псым хэлъэдэж Хъошэпс и къуэладжэми. Хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, лIэщIыгъуитI-щы ипэкIэ мы щIыпIэми гъущI къызыхагъэвыкI пцIий къыщыщIахыу щытащ. ЗэрыжаIэжымкIи, абы мэкъумэш лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэхэри Iэщэ-фащэ зэмылIэужьыгъуэхэри къыхаIущIыкIырт.    

Азып – «Шъэджэшъэтам» зыфIаща Iуащхьэмрэ Агуий жылэмрэ я зэхуаку дэт щIыпIэм апхуэдэу йоджэ. Адыгэ Республикэм щыпсэуа, щIыпIэцIэхэр зэхуэхьэсыжыным яужь ита Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгейский топонимический словарь» зыфIища и тхылъым зэритымкIэ, Агуиипс ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ псынэ цIыкIуми а цIэ дыдэр зэрехьэ.

Азыпэ кIэй – Адыгэ Республикэм щежэх Пшышэ Бжьэдыгъу къалэ деж къыщызэрагъэпэща псы хъумапIэшхуэм щыхэхуэж щIыпIэм деж къыщыунэху уэхым апхуэдэу йоджэ.

Азыпэтх – Агуий псым бгъунжырыкIуэу къыхэлъадэ «Сусанэ нэпс» жыхуаIэр зыдэт тIуащIэм ищхьэхэмкIэ къыщыщхьэщыт Iуащхьэм и фIэщыгъэщ.

Азыпэтхахъу – Азыпэтх къедза хъупIэ.

Азыпэ-тхы-къо псынэ чъыI – Азыпэ тхыцIэм и лъабжьэкIэ къыщIэж псы щIыIэ.

Азыпэ ичIыгъу – Пшышэ и псытепхъэ-зэпрыкIыпIэ.

Азыш къушъхьэ зэпрыкIыпI – Хы ФIыцIэ лъэныкъуэмкIэ укъикIыу, Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэ хъупIэм узэрихьэ щхьэдэхыпIэ.

«Азыш тау» - «Абхъаз лъагапIэ». Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэ хъупIэм къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и Iыхьэр зэхуэзыщI сэнтхщ, километр 25-рэ и кIыхьагъщ, метр 1300-м къыщегъэжьауэ метр 1601-м нэблагъэ и лъагагъщ, Щхьэгуащэ псышхуэм сэмэгумкIэ къыщыдекIуэкI шытхщи, Хьэджэхъу (Каменномостский) жылэм деж ущыту хуиту уолъагъу.                                  

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.06.2025 - 15:00

ТыншыпIэрэ гулъытэрэ

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур иджыблагъэ щыIащ Бахъсэненкэ къуажэм икIи зригъэлъэгъуащ абы щащI спорт комплексым, сабий садым, къуажэдэсхэм я зыгъэпсэхупIэм я ухуэныгъэхэр

23.06.2025 - 09:11

ДэIэпыкъуэгъу яхуохъу

«Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Нарткъалэ щригъэкIуэкIащ «Бжэ зэIухам и махуэ».

23.06.2025 - 09:10

ЩIалэгъуалэ зэчиифIэ тхуегъасэ

Бахъсэн районым хыхьэ Хьэ­тIохъущыкъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ концерт дахэ.

23.06.2025 - 09:09

Къэбэрдей уэрамым газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щытрадзэ

Налшык и Къэбэрдей уэрамым, «Победа» кинотеатрым и гупэм къит утыкушхуэм деж Iуэхугъуэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къыщызэрагъэпэщащ бэрэ­жьей пщыхьэщхьэм.

22.06.2025 - 15:02

Афиян зезыхьэхэм я бжыгъэр хохъуэ

Мэкъуауэгъуэм и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэр МВД-м и Управленэм щекIуэкIащ наркотикхэм пэщIэтыным, абы щIалэгъуалэр димыхьэхыным теухуауэ республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.