IэнатIэу щыIэр минитIым щIегъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлыжьыхьым и 18-м щекIуэкIащ «Работа России. Время возможностей» урысейпсо жармыкIэр. Гъэ къэс IуэхущIапIэхэмрэ лэжьапIэ лъыхъуэхэмрэ щызэхуашэс Iуэхум хэтщ республикэм промышленностымкIэ, мэкъумэшымкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, ухуэныгъэмкIэ и IэнатIэхэм, хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ я лIыкIуэхэр.

Налшык къалэм ар щызэхэтащ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуа­пIэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Гуманитар-техникэ колледжым.
Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм къыщызэIуаха жармыкIэм IуэхущIапIэ 40-м я лIыкIуэхэр щыIащ, зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр ­къагъэлъагъуэу. Абыхэм мы зэманым IэнатIэ 1700-м щIигъу яIэщ. ЛэжьапIэ лъыхъуэхэм яхутепсэлъыхьащ IэщIагъэхэр зыхуэдэм, я улахуэм, яIэну дэIэпыкъуныгъэхэм.
ЖармыкIэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномоченнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым экономикэ, социальнэ IуэхухэмкIэ и департаментым и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Кибизовэ Алинэ, КъБР-м и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, республикэм лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Тогузаев ТIэхьир, «Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед. 
КъБР-м ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и центрым и унафэщI Канунниковэ Татьянэ зэхыхьэр къыщызэIуихым жиIащ жармыкIэр къэрал псом зэрыщекIуэкIыр, республикэм ар щIыпIэ 19-м къызэрыщызэрагъэпэщар. Абыхэм псоми зэхэту IуэхущIапIи 114-м лэжьыгъэ IэнатIэ мини 2-рэ 200-рэ къыщагъэлъэгъуащ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, зыхуэныкъуэхэм я процент 60-р лэжьакIуэ IэщIагъэщ, апхуэдэуи яхэтщ социальнэ, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм, IT Iуэхум епхахэри.
Васильченкэ Дмитрий жиIащ республикэм дежкIэ цIыхухэм лэжьапIэ къахуэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи гулъытэ хэха зэрыщыхуащIыр зэригуапэр. 
- Мы жармыкIэр IэмалыфIщ IуэхущIапIэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ зэрыгъэщIэнымкIэ. КъищынэмыщIауэ, дэ къалэн зыхудогъэувыж IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIым зэрыхагъэхъуэнумрэ IэщIагъэм зэрызы­хуагъэхьэзырынумрэ щыдгъэгъуэзэну. «Работа России. Время возможностей» жармыкIэм ипкъ иткIэ, мастер-классхэр идогъэкIуэкI, цIыхухэм зэрызаужьыфынум щыдогъэгъуазэ, - къыхигъэщащ Тогузаев ТIэхьир. - Иджыпсту ди республикэр нэхъыбэу зыхущыщIэр водителхэмрэ дэрбзэрхэмрэщ, апхуэдэуи мэкъумэш IэнатIэми IэщIагъэлIхэр щытхурикъуркъым. Нэгъабэ жармыкIэм и фIыгъэкIэ цIыху 221-м лэжьыгъэ къагъуэтащ. Дыщогугъ мы гъэм а бжыгъэр 300-м щIедгъэгъуфыну».
Министрым дыщIигъуащ мы гъэм япэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжымрэ «IэщIагъэхэм я фестиваль» Iуэхур зэрыщрагъэкIуэ­кIыр. Курыт школыр къэзыуххэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ, студентхэр щагъэгъуазэ мы зэманым щIэупщIэ зиIэ IэщIагъэхэм. 
Дадэ МуIэед жиIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо фондым и щIыналъэ къудамэм и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу зэрыщытыр дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIахэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщыныр икIи абы иужь зэритыр.
ЛэжьакIуэ лъыхъуэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ «Урысейм и пощтыр», «Газпром»-м и щIыналъэ къудамэр, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ­КъТРК-р, «Чегем агро», «Зелёная компания», «Баксан-автозапчасть» ООО-хэр, нэгъуэщIхэри. «Налшык транспорт» IэнатIэм лэжьакIуи 100-м щIигъум зэрылъыхъуэр къегъэлъагъуэ. «Автобусым и води­тель, экономист, автомашинэхэр зыщIыж, нэгъуэщI IэщIагъэлI куэдми дыхуэныкъуэщ. Ику иту водителым и улахуэр сом мин 60 - 80 ­мэхъу. Лэжьыгъэр зэрыгугъум къыхэкIыу, нэхъыбэр IуокIыж», - жеIэ IуэхущIапIэм IэщIагъэлIхэр къэщтэнымкIэ и лэжьакIуэ КIуатI Светланэ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.