Сом мелард 80-м нэблагъэ

Инвестицэхэр

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и капитал нэхъыщхьэм инвестицэ ахъшэу къыхалъхьам и куэдагъым фIыуэ хэхъуащ икIи абы ипэ ита илъэсым нэхърэ проценти 10,4-кIэ нэхъыбэщ ар. ЖыпIэнурамэ, мылъку къэзыт IэнатIэ псоми зэхэту сом мелард 80-м нэблагъэ щIыналъэм кърашэлIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и Telegram-каналым зэрыщитхамкIэ, псэупIэ ухуэныгъэм, мэкъумэш-промышленнэ комплексым, туризм IэнатIэм, промышленностым, энергетикэм пыщIауэ щIыналъэм щагъэзащIэ инвестицэ пэхуэщIэ инхэм республикэ властыр холIыфIыхь гъуэгумрэ коммунальнэ инфраструктурэмрэ пыщIа IуэхугъуэхэмкIэ.
А псом къадэкIуэу республикэм и капитал нэхъыщхьэм инвестицэу къыхалъхьэм и куэдагъыр илъэс къэс нэхъыбэ зэрыхъур и щыхьэтщ щIыналъэм щыIэ инвестицэ щытыкIэр зэрефIакIуэ зэпытым. 
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.