ЛIыгъэм и дерс

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и  лэжьакIуэхэм, ведомствэм и ветеранхэм я щIыналъэ советым и тхьэмадэ, полицэм и полковник Хужьокъуэ Руслан  ящIыгъуу,  ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум теухуа  дерс зэIуха драгъэкIуэкIащ Кыщпэк    къуажэм и школакIуэхэм.  
Ахэр яхутепсэлъыхьащ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэхэм, ТекIуэныгъэм и тхыдэм, абы дуней псом щиIэ мыхьэнэм. АдэкIэ  КИФЩI-м и СОБР-м и  офицер, полицэм и лейтенант К. МуIэед  ахэр  щыгъуазэ ищIащ Макаровым и кIэрахъуэмрэ Калашниковым и автоматымрэ я  зэхэлъыкIрэ, яригъэлъэгъуащ абыхэм я пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр, АК-74-р зэрызэпкърыпхынумрэ зэрызэпкърыплъхьэнумрэ, абы дихьэхахэр      ар яхузэфIэкIынумэ еплъыжащ.     
ЗэIущIэм и кIэухым  егъэджакIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ хьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ  я зэIущIэ гъэщIэгъуэным папщIэ.  

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ