ЗыкъевмыгъэгъапцIэ!

ЩIэпхъаджащIэхэм иужьрей технологиехэр къагъэсэбэпурэ цIыхухэм зэре­дыгъуэм полицэр пэщIэт пэтми, бзаджащIэхэм я Iэмалхэм къахэхъуэ зэпытщ, цIыхухэм къазэрыгурыIуэнкIэ уепсалъэми, зэрыхъуар къахуэмыщIэу зыкърагъэгъапцIэ. КиберщIэпхъаджащIэхэм уазэрыпэщIэтынум теухуауэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» радиом къыщыпсэлъащ Урысей УМВД-м Налшык щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ, юстицэмкIэ лейтенант Созаевэ Алинэ. 

Управленэм дэлажьэ Жылагъуэ советым хэт, радиом и лэжьакIуэ Беслъэней Еленэ хабзэхъумэр къигъэпсэлъащ, иужь­рей зэманым къежьа бзаджагъэхэмрэ абыхэм уазэрыпэщIэтыфынумрэ я гугъу иригъэщIу. 
Созаевэм зэрыжиIэмкIэ, щIэпхъаджащIэхэм я Iэмалхэм къахохъуэ, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу щIэ гуэр къагупсыс: зэм банкым и лэжьакIуэу, зэм хабзэхъумэу жаIэ. Нэхъыбэу цIыхухэр зэрагъэгужьейр «бзаджащIэхэм уи ахъшэр счётым ирахыну йоныкъуэкъури, псынщIэу нэгъуэщI счётым дгъэкIуэфынущ» жаIэурэщ. Ап­хуэдэхэм деж телефоныр телъхьэжын ­хуейщ, уемыпсалъэу, жаIэми уемыдаIуэу.
- Сытым дежи фигу ивгъэлъ: банкым и лэжьакIуэхэм фэ фыщымыту, фи Iэ щIэмылъу фи мылъкум теухуауэ зыгуэр ящIэну хуиткъым! Апхуэдэ IуэхукIэ телефонкIэ зэи нэпсэлъэнукъым. А зы закъуэр зыщывмыгъэгъупщэмэ, бзаджащIэхэм защыфхъумэфынущ. «Сэ апхуэдэ зэи къыс­щыщIынукъым, зыкъезгъэгъэпцIэнукъым», - жызыIэхэри къагъапцIэ, ди жа­гъуэ зэрыхъунщи. Ар елъытакъым IэщIагъэми, щIэныгъэми, губзыгъагъэми. ЩIэпхъаджащIэхэр цIыхум и гупсысэкIэм фIыуэ щыгъуазэщи, къызэрыхъуар умы­щIэу уи мылъкур пIэщIагъэкIыфынущ, - жиIащ хабзэхъумэм. 

Фырэ  Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.