ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур щыдгъэлъэпIэну махуэшхуэр къэсыным мазэ иримыкъущ иIэжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы жыджэру зыхуегъэхьэзыр.
ЦIыхубэ, лъэпкъ щIэинхэр хъума хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ тхыдэ фэеплъхэр зыхуей хуэзэу зехьэныр. Иджыблагъэ Шэрэдж щIыналъэм иужь щихьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр зэгъэпэщыжынымрэ абыхэм къедзылIа щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIынымрэ. Мы районым апхуэдэ фэеплъ 13-рэ хэкIуэдахэр щыщIалъхьэжа щIыпIэу 7-рэ иIэщ.
Зи гугъу тщIы ухуэныгъэхэм ящыщщ Къэщкъэтау къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм деж щыт фэеплъыр. Ар 2015 гъэм, ТекIуэныгъэм и илъэс 70-м ирихьэлIэу, къызэIуахат. Абдеж «МафIэ мыужьыхри» щытщ. Иджыпсту фэеплъым и лъабжьэр нэхъ быдэ ящI, плиткэ кIэралъхьэ.
Къэщкъэтау къуажэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Биногеров Даниял жеIэ: «Фэеплъ махуэхэм дежи гуфIэгъуэхэми къуажэдэсыр зэкIуалIэр къэмылэнджэжу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэта ди адэжьхэм я фэеплъхэрщ. Апхуэдэ щIыпIэхэм гъэсэныгъэ мыхьэнэи яIэщ, къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу, я щIыналъэм и тхыдэр ящIэу къэхъуным теухуауэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ».
Мэлыжьыхьым и пэм лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым еплъащ Шэрэдж районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Кульбаев Алан. «Зэманым Iуэхугъуэр зэрихъумэ Iэмалу иIэщ тхыдэр. Фэеплъхэм зауэм хэта ди лIыхъужьхэм дыпащIэу жыпIэ хъунущ. Сэ мы фэеплъыр сызэрысабий лъандэрэ сощIэж. Абы и дахагъэм, и бжьыфIагъэм сыкъигъэуIэбжьу щытащ. Арагъэнущ фэеплъхэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэр. Аращ ахэр зыхуей хуэгъэзэным махуэшхуэхэм деж я мызакъуэу, махуэ къэси ди нэIэ ящIытетыпхъэр», - жеIэ Алан.
Тхыдэм къыхэнам и гугъу пщIымэ: 1942 гъэм жэпуэгъуэм и кIэм Къэщкъэтау къуажэм и Iэгъуэблагъэм гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуат - 37-нэ армэм и етIуанэ фочауэ дивизэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтат. ЗауэлI, командир щэ бжыгъэхэр абдеж щыхэкIуэдащ (уеблэмэ нобэр къыздэсым зэрыхъу дыдэр ящIэркъым). Ар къыщIэхъуам, зауэлIхэр зэрыщIалъхьэжа щIыкIэм, абыхэм я цIэ-унэцIэр зэрагъэбелджылыжам тепсэлъыхьыжу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIащ «Имена ушедших - в памяти живых» лэжьыгъэр.
1942 гъэм жэпуэгъуэм и 28 - 31 махуэхэм Къэщкъэтау зыхъума псоми я цIэр къызэщIакъуэжыфакъым, дауи. Абы къыщыхьащ сэлэт 221-рэ командир 48-м я унэцIэхэр. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, абы хэтащ лъэпкъ 17-м я къуэ пажэхэр. Къыргъыз, Узбекистан, Куржы, Украинэ, Азербайджан, Къэзэхъстан, РСФСР… Совет Союзым и щIыналъэхэр ирибдж хъунут, жаIэ. ХэкIуэдахэм яхэтащ Ростов, Саратов, Тамбов, Новосибирск, Москва, Воронеж, Тулэ, Мурманск, Челябинск, Курск, Орлов, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм, нэгъуэщIхэми щыщхэр.
Мыр Iуэху зыщIа, Къэщкъэтау къуажэм Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я советым и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта Уянаев Виктор и фIыщIэкIэ зауэлI 269-м я цIэ-унэцIэхэр уахътыншэ хъуащ. Нэхъ ипэкIэ ахэр щыщIалъхьэжа щIыпIэм щагъэува фэеплъым зы унэцIи тетатэкъым. А унэцIэхэр зыгъэбелджылар езэш имыщIэу щылэжьат УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и Архив Нэхъыщхьэм, епсэлъат Iуэхугъуэр зи нэгу щIэкIа, щыпIэм щыпсэу цIыху пщIы бжыгъэхэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.