Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр. Статистикэ IэнатIэм нэгъабэ къита бжыгъэхэм ятеп­щIыхьмэ, абы мы зэманым щопсэу цIыху мини 7,8-м щIигъу. Iумахуэщ а жылэр икIи лIыгъэ зыхэлъщ и цIыхухэр. Къэхъу­ным и цIэр фIы­кIэ щигъэIуащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрми къэ­рал­ми. Хэку зауэшхуэм и илъэсхэри щыхьэт техъуащ къуажэ­дэсхэр къы­щхьэщы­жакIуэ нэсу зэры­щытым. 

1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къэхъея зауэм, адрейхэми хуэдэу, гуIэгъуэ куэд къахуихьащ къэхъундэсхэм. Ахэр зылI и быну бий хьэщхьэ­рыIуэм пэщIэуващ икIи хэти фронтым, хэти тылым я пси, я къаруи щемыблэжу текIуэныгъэр къагъэблэгъащ. ЖыпIэну ирикъунщ Хэкур яхъумэ­жыну зауэм дэкIа цIыху 350-м щIигъум ящыщу 218-м къызэ­рамыгъэзэжар. 
ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу бийр зэтракъутащ Къэхъун дэкIа куэдым. Уэрэдхэр хуаусат, усэхэр хузэхалъхьат фашисти 125-рэ зэтезыукIа снайпер Iэзэ Жамборэ Щэуал. Абы Зауэ Бэракъ Плъыжь ордену тIу къыхуа­гъэфэщат. Берычэт Сэрэбий и бгъэм хэлът Хэку зауэ орденым и II нагъыщэр, ЩIыхь орденым и III нагъыщэр, зауэм къыщихьа медалитхур. Ва­гъуэ Плъыжь орденымрэ медалиплIрэ къратат тIасхъэ­щIэх хахуэ КIэш Хьэту. Къарэ Мусэ, Семэн НэIиб, Шыбзыхъуэхэ Гъумар, Хьэсэн, Чэлимэт, ШащIэ Мухьэжыр, Къардэн Iэдил, НэщIэпыджэ Атхьэм, Абазэ Хъусен, Бэрэздж Адил, Жыласэ Хьэжджэрий, Борий Жантемыр, Тэхъу Му­хьэмэд, Джатокъуэ Хьэжмурид, Жэмыхъуэ Илэ, Такъ Аскэрхъан, Понэж МэчрэIил сымэ, нэгъуэщIхэми я лIыгъэм орденхэмрэ медалхэм­рэ къыпэкIуат.
Зауэ къыщыхъукIэ цIыху куэд хокIуадэ, ар узыфIэ­мы­кIыфын Iуэхугъуэщ. Ауэ гуIэгъуэр тIуащIэ-щащIэ мэхъу зэкъуэш зыбжанэм абы я щхьэр щыхалъхьэм и деж. Апхуэдэу Хэку зауэшхуэм я псэр щатащ я къару илъы­гъуэрэ я дахэгъуэу Жамборэ Хьэмид и къуиплIым - Джэху, Тобий, Мухьэмэд, Къэралбий. Я къуэ щырыщ яфIэкIуэдащ Къандэхъу ЦIыкIурэ, ХьэхъупащIэ ТIутI, Шыбзыхъуэ Батокъуэ сымэ я унагъуэхэм. Абы­хэми, адрей къэзымыгъэзэжа псоми я цIэ-унэцIэхэр тету ТекIуэныгъэ Иныр къызэ­рахьрэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу Къэхъун фэеплъ щагъэуващ.
Къуажэм къыдэна лIыжь-фызыжьхэр, цIыхубзхэр, ныбжьыщIэхэр жэщ-махуэ жамыIэу губгъуэм итт, фронтым Iутхэр ерыскъыкIэ къызэрагъэпэщу. 1941 гъэм Къэхъу­ным гъавэ бэв къыщагъэкIащ икIи хэкIуэдыкIыншэу кърахьэлIэжри, къэралым и гуэ­ным иракIутащ. Къищынэ­мы­щIауэ, къэхъундэс куэд Къэрэгъэш и деж щIытIым щыIащ. Къуажэ Советым и тхьэмадэ Тхьэзэплъ Елдар и унафэщIу Къэхъун икIа бригадэм хэтхэм фашист танкхэр къызэтезыгъэувыIэ кIэнауэ­хэр метриплI и бгъуагъыу ­метрищ и кууагъыу, ди зауэлI­хэм папщIэ окопэхэр, дотхэр, дзот­хэр Джылахъстэнейм щау­хуащ. ГуащIэдэкI лэжьыгъэм щыпэрытхэт Мамыхъу Къэ­ралхъан, Нэзэр Лацэ, Бе­ры­чэт Баблинэ, НэщIэпыджэ ФатIимэт, Тхьэгъэлэдж Таун сымэ, нэгъуэщIхэри. Нэхъы­бэу щылажьэр жэщрат, сыту жыпIэмэ, махуэм нэмыцэ ­кхъухьлъатэхэм лагъымхэр къыхадзэрт, топкIэ къахэуэрт.
Зауэм и пэщIэдзэм Къэхъун журт гупышхуэ къэкIуащ, ебгъэрыкIуэ зэпыт фашисты­дзэм зыщахъумэу. Абыхэми, иужькIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа куэдми дэIэпыкъуныгъэ, псэупIэ, щыгъын, ерыскъы, лэжьыгъэ жылэм ща­гъуэ­тащ.
Бийр гъунэгъу къыщыхъум, колхоз Iэщым я нэхъыбэр ­къуршым зэпрахури, Куржым (Грузием) щагъэпщкIуащ. ­Къуа­жэ администрацэм и дэф­тэрхэр зэуIу ящIри щIатIащ.
Ди щIыпIэм къыщызэрагъэпэщ 115-нэ Къэбэрдей-­Балъкъэр шу дивизэм къэ­хъундэсхэр мылъкукIи, шы­кIи, цIыхукIи жыджэру хэтащ. Абы щыщ дзэхэм зыщагъэсащ Къэхъун къуажэм. 115-нэ шуу­дзэм хэту лIыгъэ зэрахьэу Хэкур яхъумащ Къар­дэн Хьэм­зэт, Къэмбэчокъуэ Алий, Езий Кушыку, Берычэт Нурхьэлий, Лъэпщокъуэ Мухьэ­мэд, Джатокъуэ Хьэжкъасым сымэ.
Нэмыцэхэр къуажэм дахужа иужькIэ къэхъундэсхэр ­аргуэру фронтым телажьэ хъуащ. Абыхэм даIыгъащ Тамбов колхозхэтхэм я жэрдэмыр икIи «Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм - ажал!» зыфIаща танк колоннэм мылъку­шхуэ халъхьащ. Жыджэру абыхэм заемым Iэ традзащ, фронтым щыгъын хуабэхэр, ерыскъыхэкIхэр ирагъэшащ. Псоми къагурыIуэрт ахэр текIуэныгъэм хуащI хэлъхьэ­ныгъэу зэрыщытыр, ди зауэлIхэм яIэрыхьэ дэтхэнэ зы дэIэпыкъуныгъэри бийм шэуэ зэрытехуэр.
Зауэ нэужь лъэхъэнэм Къэхъуным зыдиужьыжащ. Зэ­фIэ­гъэувэжа хъуащ колхо­зыр, къызэIуахыжащ еджапIэр, амбулаторэр, пощтыр, тыкуэныр, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри. Куэд дэмыкIыу къэхъундэсхэм я цIэ республикэми къэралми щыIуащ. Ар­щхьэ­кIэ абыхэм я ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэхэр щаIар щIыпIэ хозяйствэр Жамборэ МуIэед и унафэм щыщIэта блыщI гъэхэращ. Къапщтэ­мэ, 1970 гъэм екIуэкIа союзпсо зэхьэзэхуэм «Къэхъун» Iэщгъашхэ совхозым етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Илъэс дэкIри, Урысей Федерацэм пашэныгъэр щиубыдащ. 1973 гъэм аргуэру ехъулIэныгъэш­хуэ къэхъундэсхэм яIащ, урысейпсо зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщахьри. Абыхэм къапэкIуэу Жамборэ МуIэед Октябрь Революцэ, ГуащIэ­дэкI Бэракъ Плъыжь орденхэр къыхуагъэфэщащ икIи «Къэхъун» совхозым РСФСР-м и Министрхэм я Советымрэ профсоюзхэм я ЦК-мрэ я Бэракъ плъыжь зэIэпахыр 1972, 1973 гъэхэм къратащ. 
АбыкIи къызэтеувыIакъым къэхъундэсхэр. 1974 гъэм яIа ехъулIэныгъэфIхэм Iэмал ­къатащ Совет Союзым ще­кIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуэу КПСС-м и ЦК-м, СССР-м и Министрхэм я Советым, ВЦСПС-м, ВЛКСМ-м я Бэ­ракъ плъыжь зэIэпахыр зы­Iэрагъэхьэну. Ебгъуанэ илъэситхум кърикIуахэр къапщы­тэжа иужькIэ, «Къэхъун» совхозым къэралым и фэеплъ дамыгъэрэ Бэракъ Плъыжь зэIэ­пахрэ къратри, СССР-м и ­ВДНХ-м и Союзпсо щIыхь пхъэбгъум иратхащ. 
А лъэхъэнэм къыдэкIуащ къэхъундэсхэм я зэIузэпэщыгъэри. Ар зыкъомкIэ и фIыгъэщ уней лъапсэхэм помидорыр щыгъэкIыным ехъулIэ­ныгъэфIхэр зэрыщызыIэрагъэхьам. Абы къыпыкI ­хъе­рым хэпщIыкIыу иригъэфIэкIуащ къуажэдэсхэм я псэукIэр. ­КъищынэмыщIауэ, совхозым и хьэкъкIэ ЩэнхабзэмкIэ унэ абрагъуэ, щыуэ зэтет школ, сабий сад яухуащ, псырэ газрэ къуажэм къыдашэри, унагъуэ къэс зэбграшыжащ.
Мылъку закъуэкIэкъым къэ­хъундэсхэр зэрыбейр.­ ­Къулейщ ахэр цIыху щэджащэхэмкIи. Я цIэ къипIуэну ирикъунщ цIыхубэ усакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъанрэ абы и къуэ шыкIэпшынауэ Iэзэу щыта Хьэсэнрэ, снайпер цIэрыIуэ Жамборэ Щэ­уал, зи гуащIэдэкI лэжьыгъэм игъэлъэпIахэу НэщIэ­пыджэ ФатIимэт, КIэш Гуащэгъагъ, Мамыхъу Къэралхъан, Жамборэ МуIэед, КъардэнгъущI Iэмырбэч, къулыкъу ­лъагэ яIыгъыу лэжьахэу Шыбзы­хъуэ Чэлимэт, Беры­чэт Хьэжу­мар, Мэжджыхь Нухь, Къандэхъу Мухьэрбий, Жыласэ Жыраслъэн, Езий Хьэжмурат, дохутыр Iэзэхэу Лъэпщокъуэхэ БетIал, МутIалиб, Хьэ­жысмел, Жэмыхъуэ Нэсабий, щIэныгъэхэмкIэ докторхэу Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Джатокъуэ Олег, уэ­рэд­жыIакIуэхэу Къул ФатIимэ, Тхьэгъэлэджхэ Муратрэ Зауррэ, нэгъуэщI куэдми. 
 Апхуэдэу гъащIэм и лъэныкъуэ куэдкIэ жылэм зыужьы­ныгъэ нэрылъагъухэр зэри­гъуэтар, псом япэрауэ, я фIы­щIэщ щалъхуа щIыналъэр, къэ­ра­лышхуэр Хэку зауэш­хуэм и лъэхъэнэм щхьэмы­гъа­зэу зыхъума хэкупсэхэм. ЦIыхубэ текIуэныгъэшхуэм къихьа фIыгъуэхэр нобэ ягъэбагъуэ къуажэм къыдэхъуэ щIэблэу лIыхъужьхэм я цIэхэр зыгъэлъапIэхэм. 
КЪАРДЭН  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2025 - 09:28

Зы щIэблэм адрейм Iэпихыу

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къы­зэрыщихьрэ илъэс 80 зэ­рырикъур Налшык, республикэм и адрей  къалэхэмрэ         къуажэхэмрэ гукъинэжу щагъэлъэпIащ.

14.05.2025 - 09:25

Фашистхэр щрагъэкIуэтыжат…

Кавказым и къухьэпIэ лъэны­къуэм ижькIэрэ щыпхашауэ щыта адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн фIыуэ зылъагъухэм ди гъуэгуанэм пыдощэ.
 
14.05.2025 - 09:21

Тыгъэ лъапIэу щыIэм я нэхъыфIыр

Илъэс къэс накъыгъэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм техуэ махуэщIыр, Анэм и махуэу лъэпкъ куэдым зэдагъэлъапIэр, дызэрыт 2025 гъэм зытехуэр накъыгъэм и 11-рщ.

13.05.2025 - 08:58

И тхыди и щIыуэпси удэзыхьэхщ

Кавказ Ищхъэрэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм, хы ФIыцIэм къедза и Iуфэри дэщIыгъуу, ноби щызэхэтх щIыпIэцIэхэм ящыщ гуэрхэм я IукIэ-тхыкIэр ди гъунэгъу абхъазхэм я бзэм хэт псалъэпкъхэм зэрых

13.05.2025 - 08:58

Гупсысэр тезышэщ

Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым и щытыкIэм теухуа щIэныгъэ куу цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэу, Бразилием и Рио-де-Жанейрэ къалэм ООН-м 1992 гъэм щызэхиша и зэхыхьэм накъы