Урысеймрэ Белоруссиемрэ зэпызыщIа телелъэмыж

Аруан щIыналъэм и лIыкIуэхэмрэ Бе­лоруссием щыпсэухэмрэ зэпэIэщIэу иджы­благъэ зэп­сэлъащ, телелъэмыж Iэмалыр къагъэ­сэбэпри. Ар ирагъэкIуэкIащ  Те­кIуэныгъэ Инымрэ Белоруссиер фашист зэрып­хъуа­кIуэхэм къызэрыIэ­щIа­гъэ­кIыж­рэ илъэс 80 зэрырикъумрэ ири­хьэ­лIэу. Ди лъэны­къуэмкIэ абы хэтащ Нарт­къалэ дэт Техник ныбжьыщIэхэм я ­станцым  и  уна­фэщIхэмрэ дзэ-хэкупсэ гъэ­­сэныгъэмкIэ «Патриот» центрым и лэ­­жьакIуэхэмрэ.

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэкупсэ ­гъэ­сэ­ныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмрэ ветеранхэм ядэIэпыкъунымкIэ и комиссэм хэт, Жылагъуэ палатэм Аруан районым щиIэ къудамэм и унафэщI Нало Юрэ иригъэкIуэкIащ «Преступления против человечности. Без срока давности» зэхыхьэр. ­Абы жыджэру хэтащ Белоруссием и дзэ-хэкупсэ, щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэлъыхъуакIуэ гупхэмрэ. Ар теухуауэ ­щы­тащ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэш­­хуэм совет цIыхубэм щыщу хэкIуэдам. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Жы­лагъуэ палатэм хэтхэу Абэнокъуэ Влади­миррэ (хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ, щIалэгъуа­лэ политикэмрэ ветеранхэм ядэIэпы­къунымкIэ и комиссэм и унафэщIыр) Накуэ Феликсрэ (щэнхабзэмкIэ, хъугъуэфIы­гъуэхэр хъумэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и уна­фэщIыр). 1941 - 1945 гъэхэм, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэ­хэм совет цIыхубэр гъэкIуэдыным (мамыр цIыхухэмрэ гъэру яубыда зауэлIхэмрэ) теухуауэ ялэжьа щIэпхъаджагъэхэм папщIэ ­КъБР-м и Суд нэхъыщхьэм щекIуэкIа «Зи пIалъэр имыкI» Iуэхум хэта Накуэ Феликс тепсэлъыхьыжащ абы щыжаIам.
Зэхуэсахэм нэхъыщхьэу зи гугъу ящIар  Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъхэр хъумэнырщ, тхыдэм и пэжыр зремыгъэ-­хъуэкIыныр къэралымрэ жылагъуэмрэ я ­къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытырщ. Апхуэдэу къытеувыIащ къэлъыхъуакIуэ гупхэм я лэ­жьыгъэм щIэблэм я гъэсэныгъэм ехьэлIауэ мыхьэнэшхуэ зэраIэм, Урысеймрэ Белоруссиемрэ щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр адэкIи зэрагъэбыдэнум. 
Бобруйск къалэм и концлагерым иса усакIуэ цIэрыIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ тепсэлъыхьащ а къа- лэм и библиотекэм и унафэщIыр. ЩоджэнцIыкIу Алий и пхъурылъху ХьэкIуащэ   ­Мадинэ фIыщIэ яхуищIащ и адэшхуэм и фэеп­лъыр библиотекэм и лэжьакIуэхэм зэ­­рахъумэм, и тхыгъэхэм щIэблэр зэрыщIапIыкIым папщIэ. 
Урысеймрэ Белоруссиемрэ щыпсэу лъэпкъхэм хуэсакъыу яхъумэ икIи щIэблэр щIапIыкI Хэку зауэшхуэ зэманым совет цIыхубэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ. КъэралитIым я къэлъыхъуакIуэхэм къа­гъуэтыжауэ щытащ Белоруссием щыхэкIуэда ди зауэлIхэм я цIэхэр. Белорусхэм ­къагъэхьащ КъБАССР-м и цIыхуу я щIыналъэм щаукIа зауэлI 345-м я цIэхэр, ахэр щыщIалъхьэжа щIыпIэхэр щIыгъуу. Ди республикэм и къэлъыхъуакIуэхэм ягъэбелджылы ди деж щыхэкIуэда, Белоруссием и зауэлI 200-м щIигъум я цIэхэр. Зэхуэсахэр мамырыгъэм щIэбэну хэкIуэдахэм зы да­къикъэкIэ яхуэщыгъуащ. Хэку зауэшхуэм ­теухуа теплъэгъуэхэр къагъэлъэгъуащ интернатымрэ лицеймрэ я гъэсэнхэм.
ЗэIущIэр и щыхьэтщ Урысеймрэ Белоруссиемрэ зы тхыдэ зэраIэм, зэныбжьэгъугъэ быдэ яку зэрыдэлъым. Къэпсэлъахэм жа-Iащ дзэ Iуэху хэхар икIэщIыпIэкIэ ди къэ­ралым и ехъулIэныгъэкIэ иухыну зэрыщы­гугъыр. «ТекIуэныгъэм и махуэшхуэ» уэ­рэ­дыр псоми зэдыжаIащ. 
Зэхыхьэм хэтащ ветеранхэр, зауэм и ­бынхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, къэлъы­хъуакIуэ гупхэм я лIыкIуэхэр. 
ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.03.2026 - 09:25

Куэд къапэщылъщ мы илъэсми

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди республикэм и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ лэ­жьыгъэ IэухукIэ щыхуэзащ УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэ Чайкэ Юрий.

14.03.2026 - 09:03

Щэбэт щIыхьэхур екIуэкIынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхэпэм и 21-м хэгъэгупсо щэбэт щIыхьэху щекIуэкIынущ. Абы къыхэкIыну мылъкур нэхъыжьхэм ядэIэпыкъунымкIэ фондым халъхьэнущ.

13.03.2026 - 12:00

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

 Кикбоксинг

13.03.2026 - 09:03

Лъэхъэнэм и цIыхут

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ, «Гум и макъ» клубым и унафэщI Безыр Ленэ зэхыхьэ къызэригъэпэщащ адыгэ усакIуэ, драматург, Хэку зауэшхуэ

12.03.2026 - 09:19

Анэшхуэхэм я зэпеуэ

«Бахъсэн щIыналъэм и анэшхуэ нэхъыфI дыдэ» зи фIэщыгъэ зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэн Бахъсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) иджыблагъэ щекIуэкIащ.