ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмтеатрым щызэхэтащ «1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр: зэманым упхыплъыжмэ» лIыхъужьыгъэ-хэкупсэ зэхыхьэр. Абы кърихьэлIащ щIэныгъэлIхэр, къулыкъущIэхэр, тхы-дэджхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, щIалэгъуалэ гупхэр, СВО-м и ветеран- хэр, журналистхэр. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ тхыдэ щIэиным мыхьэнэшхуэ зэриIэм, абы и пэжыр щIэблэм ягурыгъэIуэн зэрыхуейм. Ар щIэблэ хэкупсэ зэрыбгъэсэным и зы хэкIыпIэщ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ Урысейм и дзэ-тхы- дэ зэгухьэныгъэм (РВИО) и щIыналъэ къудамэмрэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ.
Ягу къагъэкIыжащ къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм зэман хьэлъэу къыхэна 90 гъэхэр. Къэпсэлъахэм гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ Хэку зауэшхуэм и тхыдэр зыгъэутхъуэну, иужь итхэм апхуэдэ щIэпхъаджагъэр яхуэбдэ зэрымыхъунум.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин абы кърихьэлIахэм захуигъэзащ:
- «Хэку зауэшхуэр: зэманым упхыплъыжмэ» зэхы-хьэр щIэныгъэ зэIущIэ къудейкъым. Ветеранхэр, тхыдэджхэр, щIэныгъэлIхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр зэкъуэуващ тхыдэм и пэжым и телъхьэу. Ди къэралым и цIыхухэм, ди нэхъыжьхэм Хэкум пап-щIэ зэрахьа лIыхъужьыгъэм ди щIэблэр щыгъэгъуэзэнымрэ абы щIэпIыкIынымрэ щхьэж ди гуащIэ хэтлъэну ди къалэнщ. ЩIэблэм я гупсысэр зэтеува зэрыхъунумкIэ дэ, балигъхэм, жэуап дохь.
Министрым и гупсысэр диIыгъащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий.
- Бийм ди тхыдэр игъэулъиину иужь щиткIэ, совет сэлэтым и щIыхьым къыщебгъэрыкIуэкIэ, дэ абыхэм ерыщу дапэувын хуейщ, яхуэддэ хъунукъым я Iуэху фIейхэр. Дэ пэжыр къыдогъэлъагъуэ дэфтэрхэмкIэ, бжыгъэхэмкIэ, гукъэкIыжхэмкIэ щыхьэт дытехъуэжурэ. Ди нэхъыжь лъапIэхэм я лIыгъэр зэи тщыгъупщэ хъунукъым, Хэку зауэшхуэм и пэжыр нэхъыщIэхэм зыхедгъэщIыкIын хуейщ, - жиIащ абы.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым курыт лIэщIыгъуэмрэ иджырей тхыдэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Абазэ Алексей.
- Хэку зауэшхуэм и тхыдэм дыщыгъуазэ къудей мыхъуу, зыхэтщIэн хуейщ ди хуитыныгъэм зи псэ щIэзытахэм ягъэвар. Уасэшхуэ щIатащ ТекIуэныгъэм. Дэ къалэн ди-Iэщ Хэку зауэшхуэм и пэжыр тхъумэну, ди щIэблэм яжетIэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ пцIым зыщытхъумэфынущ, - жиIащ абы.
ЗэIущIэм хэтхэм зи гугъу ящI Iуэхугъуэр я лэжьыгъэм къызэрыжьэхэуэмрэ Iэмалу къагъэсэбэпхэмрэ теухуауэ къэпсэлъащ ЕгъэджакIуэ-хэм я щIэныгъэм зэпымыууэ щыхагъахъуэ центрым и унафэщI Къэжэр Артур.
«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн и жыIэм къыхигъэщащ щIалэгъуалэм я хьэл-щэныр псыхьа хъунымкIэ нобэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм хуэдэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIахэр, СВО-м и лIыхъужьхэр зэIущIэм къыщыпсэлъащ. «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм СВО-м щыIахэм, щыIэхэм, абыхэм я унагъуэхэм зэрадэIэпыкъур къызэзыгъэпэщ ПщыхьэщIэ Ахьмэд мащIэу игугъу ищIащ зауэ гъуэгуанэм и нэгу щыщIэкIахэм.
- Сэ сыщIапIыкIащ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я хъыбархэм. Дауи, ахэр щапхъэ схуэхъуащ. СВО-м щыIэ щIалэ хахуэхэм ноби ядызолъагъу Хэкур хъумэным теухуауэ я къалэныр къимыкIуэту зэрагъэзащIэр, къэралым хуаIэ лъагъуныгъэр. Нобэрей зауэлIхэм щапхъэ яхуэхъуащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызыгъэлъэгъуахэм я хъыбархэр, - жиIащ абы.
Зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ «Битва за Кавказ: непокорённый хребет» фильмыр. Ари совет сэлэтхэм яхэлъа хахуагъэм щыхьэт техъуэ лэжьыгъэщ.
ГУГЪУЭТ Заремэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ