|
|
Ростов сымаджэщым и къудамэщIэ
13 апреля, 2025 - 06:03
Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэм гематологиемрэ химиотерапиемкIэ и къудамэр зыхуей хуагъазэри, къызэIуахыжащ.
Къызэрагъэпэщыжа къудамэр къатитIу зэтетщ, цIыху 50 зэуэ щIэхуэнущ, Урысей Федерацэм и закъуэ мыхъуу, хамэ къэрал щыщхэми щеIэзэнущ, зи лъыр лышх узыфэм иубыда цIыху 2000 илъэсым къриубыдэу щагъэхъужыфынущ.
Гематологиемрэ химиотерапиемкIэ къудамэм и щIэныгъэлIхэр йоIэзэ зи лъымрэ лимфэмрэ лышхым иубыдахэм. КъызэрахутамкIэ, апхуэдэхэр лышх узыфэр зэузхэм я проценти 5 мэхъу. Ахэр Ходжкиным и лимфомэ, миеломэ зэфыкIхэрщ.
- Сымаджэм къефыкI лышх лIэужьыгъуэм, и ныбжьым, и узыншагъэм елъытауэ, дэтхэнэми протокол щхьэхуэ худоубзыху. Гематологиемрэ химиотерапиемкIэ къудамэм ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъагъуэрт армырми, ауэ къудамэр къызэдгъэпэщыжа нэужь нэхъыфIыж хъуну дыщогугъ. Пэшхэм цIыхуи 2-3 щIэлъщ, зыхуэныкъуэ псомкIи: псыунэ щхьэхуэ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэмэпсымэщIэхэр, шэнт, Iэнэ щIэтщ, сымаджэхэм мастэ щыхалъхьэ пэшхэр иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. КъищынэмыщIауэ, дохутырхэми я лэжьыгъэр ящызыгъэпсынщIэ IэмалыщIэхэри диIэщ. - жиIащ IуэхущIапIэм и унафэщI Кит Олег.
Фырэ Анфисэ.
|
|
16.05.2026 - 09:03 КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр. |
|
|
16.05.2026 - 09:03 ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы |
|
|
15.05.2026 - 15:02 УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42 |
|
|
15.05.2026 - 09:03 Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм. |
|
|
15.05.2026 - 09:03 ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджыблагъэ ди республикэм щызэхашащ. |
|