ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуэщIауэ

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэу псори зэхэту щаухуащ метр зэбгъузэнатIэ мин 6I0,8-рэ икIи ар проценти 9,2-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ. 
Налшык, Бахъсэн, Май, Шэджэм къалэхэм, Щхьэлыкъуэ, Октябрьскэ, Нартан, Лесное, Учебное, Виноградное жылэхэм къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу щаухуащ къат куэду зэтет унэу I4I-рэ, псори зэхэту фэтэр 3694-рэ хъууэ. Абыхэм псоми зэхэту яубыдащ метр зэбгъузэнатIэ мин 240,9-рэ. 2023 гъэм елъытауэ процент I,2-кIэ нэхъыбэщ ар. 
Къыхэдгъэщынщи, нэгъабэ унагъуэхэм псэупIэу яухуащ 2725-рэ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 369,9-рэ хъууэ икIи ар процент I5,2-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ. 
ИрагъэкIуэкIа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм хуэзащ сом мелард 43,6-рэ е 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти I07,2-кIэ хуэкIуэу.
«ЩIыхэр сэбэпынагъ нэхъыбэ яIэу къэгъэсэбэпын, цIыхухэр зыхуэныкъуэ инфраструктурэхэр абыхэм къыщызэгъэпэщын папщIэ лъэныкъуэ куэдкIэ республикэм щыбгъэдохьэ. Псалъэм папщIэ, Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ», «Мей» хьэблэщIэхэм, цIыхухэр куэду зыдэтIысхьэхэм, курыт еджапIэшхуэхэр дащIыхьащ, дызыхуэкIуэ илъэсхэм сабий садхэри щаухуэнущ, гъуэгухэр щаукъуэдиинущ, цIыхухэр зэхуэсыпIэхэр зыхуей щыхуагъэзэнущ, зэIузэпэщ ящIынущ.
Зэрыщыту къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэу зызрагъэужьын хуей щIыпIэ нэщIу 20 республикэм щыIэщ, псори зэхэту гектар 236 хъууэ», - жиIащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Журавлев Андрей. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.