IэщIагъэрылажьэхэм я жэрдэм

Хэку зауэшхуэм и иужьрей фочышэр ирагъэкIыу совет зауэлIхэм ТекIуэныгъэр къызэрыщахьрэ мы гъэм илъэс 80 ирокъу. Абы и щIыхькIэ къэралым и щIыпIэ куэдым Iэджэ жэрдэми къыщыхалъхьэ, щIэнIуатэми, щIэныгъэ зэIущIэми, Iэнэ хъурейми зэхуэсхэр щрагъэкIуэкI. Псори зыхуэунэтIар зыщ: 1941–1945 гъэхэм екIуэкIа зауэр щIэблэм ящымыгъэгъупщэнырщ, абы зэкъуигъэува лъэпкъыбэм къалъыкъуэкIа лъэщагъым гуащIэ зэриIэр, а щытыкIэм къэралыр лъэщ зэрищIыр захегъэщIэнырщ. Аращ зытеухуауэ щытар Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым иджыблагъэ Евразие университетхэм я IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэхэм я хасэм и зэIущIэ щекIуэкIари.
Япэу къызэрагъэпэщ, тхыдэ-псэкупсэ унэтIыныгъэ зиIэ «ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм я лъэгуажьэгъухэр» пэхуэщIэр къызэрагъэпэщащ КъБКъУ-м и IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэм хэт егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ Мэзкуу къэрал университетым и IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэ зэгуэтым, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ университетхэм я IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэм и ЗэзыгъэуIу советым. ЗэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэм IэщIагъэрылажьэхэм я зэгухьэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм иджыри ирипсэлъэжыныр, зи гуащIэрэ щIэныгъэрэ щымысхьыжу а Iуэхугъуэ иным телэжьахэм я цIэхэр къэIэтыжыныр, а псор щIэблэм ябгъэдэлъхьэжыныр.
IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым, жаIэ. ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ къэралиблым я университет 50-м я лIыкIуэхэр. Абы зыкърагъэхьэлIащ КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэм къищынэмыщIауэ, Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ Мэзкуу къэрал университетым, Мэзкуу дэт, авиацие щIэныгъэ щрагъэгъуэт институтым, Бауман Николай и цIэр зезыхьэ Мэзкуу къэрал техникэ къэрал университетым, Ереван къэрал университетым, Дагъыстэн къэрал университетым, Мейкъуапэ къэрал технологие университетым, Яковлев Иван и цIэр зезыхьэ, Чувашием егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и къэрал университетым, Кавказ Ищхъэрэ къэрал университетым, Платов Михаил и цIэр зезыхьэ къэрал университетым, Томск къэрал университетым, Сыбыр къэрал университетым я лIыкIуэхэр. Адрейхэр зэIущIэм и лэжьыгъэм пэIудзауэ хэтащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зэхуэсым кърихьэлIахэр псом япэ зи ужь итыр зэкIэлъыкIуэу, лэжьыгъэкIэ зэрыщIэу я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэхэр гъэбыдэнырщ, а хабзэр къыщежьа нэхъыжьыфIхэм я щапхъэхэр къэIэтыжынырщ. ПэхуэщIэм хэта, КъБКъУ-м щеджэ Щоджэн Мурат зэрыжиIэмкIэ, жэрдэмщIакIуэхэм къыхалъхьа Iуэхугъуэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ гукъинэ щыхъуащ.
«Хэку зауэшхуэр зэрыщыIар, абы гуIэгъуэ куэд цIыхубэм къазэрыхуихьар курыт еджапIэм сыщыщIэсым тхылъхэмкIэ дджауэ сыщыгъуазэт. Ауэ, зызумысыжынщи, ар нэсу зыхэсщIауэ къысщыхъуркъым. Нэхъ балигъ сыхъуа нэужьщ къыщызгурыIуар а зауэм и мыхьэнэр зыхуэдизыр. Ди лъэпкъым щыщу щIалэ куэд дэкIат, къэзыгъэзэжари мащIэ дыдэщ. Абыхэм я цIэр мащIэ-мащIэурэ зэхуэсхьэсыжым, я хъыбархэр къэстIэщIыжурэ си пащхьэ къиуващ Хэкур фIыуэ зылъагъу, ар зыми пэзымыщI цIыху хьэлэмэтхэр ди япэ зэритар, абыхэм я фIыгъэкIэ мамыр гъащIэм дызэрыщыпсэур. Мы зэIущIэм кърихьэлIахэр топсэлъыхь IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ зиIахэм я зэгухьэныгъэхэм ТекIуэныгъэр къэхьыным хуащIа хэлъхьэныгъэм и инагъым. Хэку зауэшхуэм теухуауэ збгъэдэлъ щIэныгъэр зэрыризгъэкъужам къыхэкIыу, фIы дыдэу къызгуроIуэ къызэхуэсахэм я гуращэр зыхуэдэр. ЩIэныгъэр къэгъэнауэ, цIыхугъэм дежкIэ узыфIэмыкIыжын мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд абы къызэрыдэкIуэнум шэч хэлъкъым. Арыххэуи, пэхуэщIэм къыщаIэт псалъэмакъхэм сфIэфIу содаIуэ, ди нэхъыжьхэм къакъуэкIа лIыгъэм и хъыбархэм хуащI щIэныгъэ тегъэщIапIэхэр зызогъащIэ. ЖэрдэмщIакIуэхэм фIыщIэ яхузощI, щIалэгъуалэр мы Iуэхум дыкъызэрыхашам папщIэ», – жиIащ Щоджэн Мурат.
Форумым хэтхэм Хэку зауэшхуэм и музейуэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэрагъэпэщам зыщаплъыхьащ, метр 3500-кIэ лъагапIэм ит «Мамырыгъэ» станцым щыIащ, щIыпIэхэм зыщызыгъэпсэху, зыплъыхьакIуэ къэкIуауэ щыIэхэм епсэлъылIащ, зэIущIэм ирихьэлIэу къыдагъэкIа фэеплъ бгъэхэIу дамыгъэхэр хуагуэшащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.