ЛэжьапIэншэхэм я бжыгъэм хощI

Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу 2024 гъэм къриубыдэу лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр нэхъыбэу зыгъэмэщIахэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Абы ипэ ита илъэсым елъытауэ проценти 4-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ IэнатIэ зимыIэхэм я бжыгъэр. Ар къигъэлъэгъуащ Новости РИА-м иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм. 
ЩIыналъэм лэжьапIэншэу щыпсэум я куэдагъымкIэ ди республикэм 77-нэ увыпIэр къэралым щиIыгъщ, Кавказ Ищхъэрэм щыетIуанэщ, Ставрополь крайм къыкIэлъыкIуэу. 
ЛэжьыгъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и мардэм тету, лэжьапIэншэхэм я куэдагъыр къызэрабжыр абыхэм я бжыгъэмрэ IэнатIэ пэрытхэмрэ (я ныбжькIэ илъэс I5-м щегъэжьауэ нэхъыжьхэмрэ) зыхуэдизыр зэпалъыта нэужьщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ику иту мазих пIалъэкIэ лэжьыгъэ къалъыхъуащ. 
УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу IэнатIэ зимыIэхэм я бжыгъэр щынэхъ мащIэр Мэзкуу къалэмрэ Амур областымрэщ, щынэхъыбэр Ингушымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэщ. 
Къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэм зэрыжаIэмкIэ, къэралым и IэнатIэхэм цIыху зэрахуримыкъум къыхэкIыу, иужьрей илъэсхэм лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъууэрэ макIуэ. ЖыпIэнурамэ, Росстатым къызэритамкIэ, 2024 гъэм и еплIанэ Iыхьэм лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм фIыуэ хэщIащ икIи проценти 2,3-кIэ ехащ. Абы ипэ ита илъэсым и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэм нэхърэ процент 0,6-кIэ нэхъ мащIэщ ар. ЦIыху бжыгъэм хуэбгъакIуэмэ, мин 470-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ лэжьапIэншэхэр.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.