ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэлъу

Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ. Ар ирагъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Беларусым хъыбарегъащIэ IэнатIэмкIэ и министр Марков Маратрэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительст­вэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэм­кIэ и министр Рахаев Борис, республикэ правительствэм хэтхэр, видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ - УФ-м нэгъуэщI къэрал Iуэху­хэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэу Ми­не­раль­ные Воды къалэм щыIэ Нюппэ Сергей, Беларусым и посольствэу Урысейм щыIэм Краснодар къалэм щиIэ къудамэм и унафэщI Щеглов Игорь, апхуэдэуи БР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Сату-промышленнэ палатэм, Iуэ­хур зэхьэлIа IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.
«Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ зэкъуэзыгъэувэр илъэс куэд хъуауэ къадекIуэкI зэныбжьэгъугъэ зэ­хущытыкIэхэм, зыр адрейм дэIэпыкъуну сыт щыгъуи зэрыхьэзырым я закъуэкъым, а­­тIэ пIалъэ кIыхьым тещIыхьа экономикэ зэ­пыщIэныгъэхэри дяку дэлъщ. Тху­зэфIэкIахэм дыщриплъэжкIэ, нэхъри наIуэ мэхъу щIыналъэхэр зэрызэдэлажьэм лъэ­ныкъуитI зэпыщIэныгъэхэр нэхъри зэригъэбыдэр, сатууэ зэдэтщIым хэдгъэхъуэ­нымкIи IэмалыфIхэр къызэрыдитыр», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIущIэм щыхэплъэжащ Беларусь ­Рес­публикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ 2024 – 2026 гъэхэм зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ нэхъ пасэу зэращIылIауэ щыта зэгу­рыIуэныгъэр зэрагъэзащIэм кърикIуахэм.
ЩIыналъэхэм сатууэ зэдащIыр 2020 гъэ лъандэрэ хуэдищым нэблагъэкIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэу, а пIалъэ дыдэм къриубыдэу ди республикэм а щIыналъэм иригъашэм хуэдиплIым щIигъукIэ, абы и деж къыщищэхум хуэди 2,3-кIэ хэхъуащ. 2024 гъэм и гъэмахуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа белорус туристхэм я бжыгъэри хуэдитIым щIигъукIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым зыщыгъэпсэхуахэм елъытауэ.
Жыджэру щызэпыщIащ жылэ гъэкIын, мэкъумэшхэкIхэм елэжьын IэнатIэхэм. Республикэм и промышленнэ IуэхущIапIэхэм Белорусым хурагъашэ налмэс Iэ­мэп­сымэхэр, кабелхэр, тхылъымпIэ Iувыр, регуляторхэр, транзисторхэр, нэгъуэщI куэди. Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэры­чэтыщIэ­хэм я деж щIэупщIэшхуэ щаIэщ белорус техникэм, Iэмэпсымэхэм. Iэмал къызэры­мы­кIуэ­хэр щыщыIэ хъуащ узыншагъэр щра­гъэ­фIакIуэ, унагъуэхэм зэгъусэу зыщагъэпсэху, туризм IэнатIэхэм. Беларусь Республикэм къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и курортхэм къакIуэхэм я бжыгъэми хэ­хъ­уа­щ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ, Урысейм и Президент Путин Владимир къэрал зэ-­ ­хуа­ку сату зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, экс­портым хэгъэхъуэным хуэунэтIауэ къигъэува къалэнхэр ягъэзащIэкIэрэ, Беларусь­ Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я сату-промышленнэ палатэхэр адэкIи зэдэлэжьэну зэрамурадыр. Абы я лэжьэгъу белорусхэм фIыщIэ яхуищIащ лъэ­ныкъуитIми я фейдэ хэлъу экономикэм щызэдэлэжьэным, зэгъусэу ягъэзэщIэну планхэм зегъэужьыным жэрдэм яхэлъу зэрыбгъэдыхьэм папщIэ.
КIуэкIуэ Казбек апхуэдэуи къыхигъэбелджылыкIащ Урысеймрэ Беларусымрэ Хэку зауэшхуэм къыщахьа я зэхуэдэ ТекIуэныгъэр илъэс 80 зэрырикъур щагъэлъапIэ илъэсым къэралитIыр нэхъри гъунэгъу зэхуищIыну къызэрилъытэр икIи фашизмэм щебэным лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм теухуа тхыдэр хъумэным зэщIыгъуу ирагъэкIуэкIыну фэеплъ дауэдапщэхэр зэры­хуэщ­хьэпэнур.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2025 - 09:03

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

19.04.2025 - 12:25

Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр

ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур щыдгъэлъэпIэну махуэшхуэр къэсыным мазэ иримыкъущ иIэжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы жыджэру зы­хуегъэхьэзыр. 

19.04.2025 - 09:05

Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгухэр

 Адыгэ сабий джэгукIэхэм цIыкIухэр хуагъасэ жанагъ яхэлъыным, псынщIэу гупсысэным, хэлъэт яIэным. ДжэгукIэхэм я фIыгъэкIэ я Iэпкълъэпкъри псыхьа мэхъу.

19.04.2025 - 09:03

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIэинхэр

ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэ­лэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо чэнджэщым (со­ветым) и ассамблеем ­(ИКОМОС) 1982 гъэм ири-гъэ­кIуэкIа и зэIущIэм къыщищтащ «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэ

18.04.2025 - 09:20

Урысеймрэ Белоруссиемрэ зэпызыщIа телелъэмыж

Аруан щIыналъэм и лIыкIуэхэмрэ Бе­лоруссием щыпсэухэмрэ зэпэIэщIэу иджы­благъэ зэп­сэлъащ, телелъэмыж Iэмалыр къагъэ­сэбэпри.