Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ. Ику иту хэкухэм ар зэрыщыхъур къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэхэр сыт щыгъуи къыщахь статистикэ дэфтэрхэм. АрщхьэкIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, «ику иту» жыхуэтIэм зы мыхьэнэи иIэкъым дэтхэнэми дэлъытауэ: хэти нэхъыбэрэ дунейм тетщ, хэти нэхъ псынщIэу йо-хыж. Мыбдежым куэд зэлъытар цIыхум и натIэ къритхарщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и насыпырщ. Ауэ, дауи, щыIэщ езы цIыхум и деж къыщыни.
Илъэси 168-рэ зи ныбжь Муслимов Ширали 1965 гъэм еупщIат узыншэу икIи гукъыдэжыфI иIэу апхуэдизрэ псэуныр зи фIыгъэмкIэ. «Лэжьыгъэрщ, - мыгупсысэу жэуап къитыжащ зи ныбжь хэкIуэтам. - Сэ зэи сетIысэхакъым, зэи сыхущIыхьакъым. Лэжьыгъэм ущыпэрытым деж усымэджэнуи улIэнуи ухунэсыркъым». Азербайджаным и Барзаву къуажэм щыщ а лIыжьыр абы иужькIи аргуэру зы илъэскIэ псэужащ.
Зи илъэс бжыгъэр «мардэм» щIезыгъэгъуа цIыхухэр сыт щыгъуи щыIащ, иджыри щыIэщ икIи дэнэ щIыпIи ущрохьэлIэ. Сыт жыжьэ дыщIэкIуэнури: дэ тщыщ дэтхэнэри апхуэдэхэм ярихьэлIащ мымащIэу.
Сэ си гъунэгъуу Балъкъ бжьэпэ тесащ лIыжь зэкIуж МацIыхъу ТIитI. Ар илъэси 104-кIэ псэуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, куэдрэ сыхуэзэрт. Абы сэ лэжьыгъэм и мыхьэнэм и гугъу гуэри зэи къысхуищIакъым, ауэ, согупсысыжри, зигъэпсэхуу тетIысхьэпIэм тесу сыщрихьэлIар зэзэмызэщ. И ныбжьыр 100-м щыщIигъуами и унагъуэ Iэщым яхэтт зыхуей хуигъазэу. Хэбгъэзыхьмэ, абы фэбжь къыхихауэ щытащ: лIэным иджыри илъэситI иIэжу щIымахуэ щтырыгъум цIантхъуэри, яхыхьэжыфакъым.
Абы ипщэкIэ щыса и унэкъуэщ Ма-цIыхъу Мыгъуэт нэхъыбэжкIэ, илъэси 108-кIэ, псэуащ. Абы и цIэм Шортэн Аскэрбий, КъардэнгъущI Зырамыку, нэгъуэщI щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэм уащрохьэлIэ тегъэщIапIэ ящIу. Апхуэдэ щапхъэхэм пысщэфынущ. Ари зы къуажэ закъуэм ехьэлIауэ…
ЦIыху ныбжьым ехьэлIа къэхутэныгъэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ йокIуэкI. Апхуэ-дэ лэжьыгъэр ди эрэм ипэкIэ псэуа урым тхакIуэ Плиний и деж 78 гъэм къыщежьауэ хуагъэфащэ. Апеннинхэмрэ По псымрэ я зэхуакум абы къыщигъуэтащ илъэси 100 зи ныбжьу цIыху 54-рэ, илъэси 110-м иту цIыху 14, илъэси 120-м нэсауэ цIыхуи 2, илъэси 130-м щхьэдэхауэ цIыхуи 4, илъэси 140-м ехьэехуэуи апхуэдиз.
ЦIыхухэр къыщыхатхыкIым къызэригъэлъэгъуамкIэ, епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм я ныбжьыр илъэси 100-м щIигъуауэ Пруссием цIыху 91-рэ, Германием 62-рэ щыпсэуащ. 1885 гъэм ирихьэлIэу псори зэхэту апхуэдэ цIыху мини 3-м нэс Европэм щыпсэуауэ тхыдэм къыджеIэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, иджы гъащIэ кIыхь зиIэу къалъытэр зы лIэщIыгъуэ е нэхъыбэ къэзыгъэщIахэрщ.
Еджагъэшхуэхэм къызэрахутамкIэ, апхуэдэ ныбжьым нэсыф зи хабзэр зи къуэшыр е зи шыпхъур илъэс 90 нэхъ мыхъу- ми псэуахэрщ. НэгъуэщI къэхутэныгъэм къигъэлъэгъуащ гъащIэм и кIыхьагъым епхауэ е ижь щIихуу лIакъуэ (ген) зэмылIэужьыгъуэу 150-рэ зэрыщыIэр. Ахэр я щIэгъэкъуэну икIи процент 77-рэ и тэмэмагъыу къахутэфынущ дэтхэнэ цIыхуми дунейм тетыну къыхуиухар зыхуэдизыр.
Мис, тхылъхэмкIэ щIэгъэбыдауэ, гъащIэ кIыхьым и щапхъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ.
1905 гъэм доктор Мориц Энтон езым и тхылъым щытепсэлъыхьащ 1501 гъэм къалъхуу илъэси 169-кIэ псэуа шотланд Дженикс Генри. Дэфтэрхэм къазэрыхэщыжымкIэ, ар судым куэдрэ ираджэрт щыхьэту ягъэувын папщIэ. Зэгуэр абы кърагъэIуэтэжауэ щытащ илъэси 140-рэ ипэкIэ къэхъуа Iуэхур. Ар судым екIуэлIат зым илъэси 122-рэ, адрейм илъэси 103-рэ я ныбжь и къуитIыр и гъусэу. И лIэгъуэр къыщыблэгъами, Дженикс бдзэжьей ещэфырт.
Инджылызым щыщ Паро Томас и ныбжьыр илъэси 102-м иту и суд ящIауэ щытащ къуажэдэс цIыхубз ныбжьыщIэм хабзэншагъэкIэ зэрыкIэлъыкIуэм къыхэкIыу. Илъэси 120-рэ къигъэщIауэ Томас етIуанэу фыз къишэжащ икIи а тIум зэдагъуэта я къуэр илъэси 123-кIэ псэуащ. Паро псэухукIэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр игъэзэщIащ. Ар лIащ и ныбжьыр илъэси 152-м иту. Мыри гъэщIэгъуэнщ: иужь гъэхэм ар щыпсэуа Лондон, граф Гарвий и унэм, иIащ нэхъапэм зэи имылъэгъуа тыншыгъуэхэр. Зэпымыууэ и шхын къилэжьыжу къэгъуэгурыкIуа къуажэдэс лIыжьым ар езэгъакъым. Ауэ, арыншами, зэгуэр ар лIэн хуейтэкъэ?!
Пэжу, зи гъащIэр кIыхьхэр къыщалъхуа зэманыр къэпхутэну егъэлеяуэ гугъущ, мыбдежи къыщагъэсэбэпыр я Iыхьлы-хэм, къегъэщIылIахэм жаIэхэрщ. Ауэ зи гугъу тщIа нэхъыжьыфIхэм сыт щыгъуи дэтхэнэ лъэпкъри ирогушхуэ. Псом хуэмыдэу абыхэм пщIэ щыхуащI ди лъахэ Кавказым.
Абхъазым щыщ Чоу къуажэм дэса Джобуа Михэ и ныбжьыр илъэси 125-м щынэсам шым шэсыфырт, и Iэпкълъэпкъыр зэкIужт, Iэнэм тхьэмадэу щысыфырт. И адэм илъэси 140-рэ, и анэм 101-рэ къагъэщIащ. Езыр илъэси 133-рэ хъууэ дунейм ехыжащ.
А щIыналъэм щыщ Кутло дэса фызыжь Ласурие Хисраф илъэси 138-рэ къигъэщIащ. Абы жиIэрт: «Дэ ди узыншагъэри, ди Iэпкълъэпкъым и жанагъри къызыхэкIар ди псэрщ. Ар нэфIэгуфIэу щытын хуейщ».
ГъащIэ кIыхь зиIэхэм гъэщIэгъуэнхэр щадэтлъагъу къохъу. Псалъэм и хьэтыркIэ, Гонго Франц (Венецие) и ныбжьыр илъэси 100-м щынэсам (езыр 115-кIэ псэуащ) и щхьэцыр фIыцIэ хъужат, илъэси 113-м дзэщIэхэр къыIукIат.
Дохутырхэм емышу къыджаIэ: «Куэдрэ упсэуну ухуеймэ, уи узыншагъэм кIэлъыплъ, зыхуэсакъыж, зыкIи иумыгъэлей». Ахэр захуэщ, ауэ гъащIэшхуэ къэзыгъэщIахэм яхэтщ гугъу ехьу икIи узыншагъэм къемызэгъхэр, зэран хуэхъухэр ящIэу къэгъуэгурыкIуахэри. Къапщтэмэ, 1788 гъэм Шотландием и Даркейт къалэм щыпсэуащ илъэси 133-рэ зи ныбжь цIыхухъур. Ар фIамыщI къыщыщIах шахтым зэпимыгъэууэ щылэжьат… илъэс 88-кIэ!
ГъащIэшхуэ зиIэхэр щыщыIэкIэ, дауи, уарихьэлIэнущ абыхэм ятекIуэжахэми. Мыбдеж я цIэ къыщиIуапхъэщ дунейм зэрытета илъэс 207-м пащтыхь 12 зэзыхъуэкIа инджылыз мэкъумэшыщIэ Карне Томасрэ илъэси 180-кIэ псэуа пакистан лIыжь Мухьэммэд Афзелрэ. Иужьрейм и адэм илъэс 200-м щIигъу къигъэщIауэ ягъэхъыбар.
Иджыри зы телъыджэ. США-м къыщыдэкI «Ланцет» газетыр 1878 гъэм тетхыхьауэ щытащ илъэси 180-рэ зи ныбжь метис Солис Ликеле (Колумбие). Дохутырыр абы ирихьэлIат жыг хадэм лажьэу иту. Мыр фIэщщIыгъуей дыдэщ: 1795 гъэм Эдо къалэм (иджы Токиощ) япон императорым иригъэблагъэри кIуащ илъэси 194-рэ зи ныбжь мэкъумэшыщIэ Мамопэ. Абы щIыгъут илъэси 173-рэ хъу и щхьэгъусэр, илъэси 153-м ит и къуэр, илъэси 145-нэр езыхуэкI и нысэр. Тыгъэшхуэ хуащIри, яутIыпщыжахэщ. Илъэс 48-рэ дэкIа иужь Мампэ аргуэру хэтащ лъэмыжыщIэ къызэрызэIуахым иращIэкIа гуфIэгъуэ Iуэхухэм. А зэманым абы и ныбжьыр илъэс 242-рэ ирикъуат.
ЖытIа псори щыхьэт зэрытехъуэщи, цIыхухэр пIалъэ кIыхькIэ псэуфынущ. Ар щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIынкIэ хъунущ.