Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьауэ, Адыгэ тхыбзэм и махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгъусэу Iуэрытх щатх нэхъыжьи нэхъыщIи, цIыху къызэрыгуэкIи къулыкъущIи. ЦIыхухэр щызэхуос къалэ, къуажэ курыт еджыпIэхэм, библиотекэхэм.
Мы гъэм ар ебланэу къызэрагъэпэщащ. Iуэрытхыр Налшык къалэм щрагъэтхащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым, КъБКъУ-м, КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэм.
Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжыным, лъэпкъым и анэдэлъхубзэр егъэфIэкIуэным, щэнхабзэр хъумэным хуэгъэпса мы Iуэхур онлайн, офлайн щIыкIэхэм тету ирагъэкIуэкIащ. Мы гъэм Iуэрытхым папщIэ къыхахар Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэщ - «ДжэгуакIуэхэмрэ Хэкум и хъумакIуэхэмрэ» фIэщыгъэр иIэу.
- Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ нобэ псоми сынывэхъуэхъуну сыхуейщ. Ди лъэпкъыр сыт щыгъуи щIэращIэу, и хабзэкIи, и бзэкIи, и дуней тетыкIэкIи зиузэщIу зэманым дэгъуэгурыкIуэну си гуапэщ. Мыпхуэдэ Iуэху дахэ хэтыну гупыж зыщIахэм фIыщIэ фхудощI. 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу къэралым зэрыщагъэувар къэтлъытэри, Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр къыхэтхащ. Iуэрытхым кърихьэлIахэм тхыгъэм къыфхуеджэну хуэдгъэфэщащ 2024 гъэм «Лъэпкъыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» республикэ зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа Жылау Жаннэ. Ар ди республикэм къыбгъэдэкIыу хэтащ урысейпсо зэпеуэми», - жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат.
Лъэпкъ библиотекэм Iуэрытхыр зытхыну къыщызэхуэсахэм захуигъэзащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Ар псоми ехъуэхъуащ Адыгэ тхыбзэм и махуэр лъэпкъым хуэфIыну. «Нобэ ди республикэм и мызакъуэу, адыгэ Iуэрытхыр щатх Къэрэшей-Шэрджэсми, Адыгейми, уеблэмэ адыгэхэр щыпсэу хамэ къэралхэми. Мы Iуэху дахэр иджыри илъэс куэдкIэ тхуегъэкIуэкIыну Тхьэм жиIэ», - къыхигъэщащ абы. ХьэфIыцIэм къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Iуэрытхым къыхухаха тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI Къэрмокъуэ Хьэмид къыщалъхуа махуэри гъатхэпэм и 14-м зэрытехуэм. Абы ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием къыбгъэдэкIыу Лъэпкъ библиотекэм тыгъэ хуищIащ иужьрейуэ къыдагъэкIа тхылъипщIрэ журнал зыбжанэрэ.
Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат жиIащ: «Мы гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу ягъэуващи, къэралым абы епхауэ Iуэхугъуэ куэд щокIуэкI. Дэри абы тегъэщIауэ тхыгъэр къыхэтхащи, дыщогугъ ар гунэс фщыхъуну. Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр Хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейм и мызакъуэу, адыгэ гъащIэм, лъэпкъ щэнхабзэм, гупсысэкIэм зэрепхам и мыхьэнэр нэхъ иныж зэрищIыр шэч зыхэмылъщ. Анэдэлъхубзэм пщIэ хуэтщIу, лъэпкъым зедгъэужьыфу, Хэкум дыкъыщхьэщыжыфу ди гъуэгуанэр адэкIи дыухуэфыну ди гугъапIэщ. Тхыгъэр тынш дыдэу пхужыIэнукъым, ауэ абыи зы фIагъ гуэр хэлъщ - узыщымыгъуазэ гуэр къэпщIэху, уи щхьэм ибубыдэху, къэухьми зеужь. Тхьэм фригъэфIакIуэ».
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.