КъэбгъэIурыщIэмэ, лъагэу уиIэтынущ

Бзэр лъэпкъым и псэщ, бзэр лъэпкъым и ­дамэщ, жаIэ. Ар пфIэкIуэдамэ, ущымыIэж пэ­лъытэщ. Ауэ ар къэбгъэIурыщIэмэ, лъагэу уиIэтынущ, уздынимыхьэсын щIыпIи щыIэжкъыми, дамэ щIэхъужыр аращ. Ауэ сыту Iуэхушхуэ-тIэ къыпщIэувэ щIэблэм илъэс мин лъандэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ бзэр Iурылъхьэжын хуейуэ, ар абы къызэрищтэн, лъагъуныгъи зэрыхуищIын Iэмал къэплъы­хъуэу щытыкIэ уитыныр… Бзэр кIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм и гурыгъузыр гуащIэу иджыри къэс абы ирилажьэхэмрэ иригу­мэщIхэм зыхащIэу щытамэ, ар адэ-анэхэми къагурыIуэ хуэдэу хъуащ, къулыкъущIэхэри ирипсалъэу хуежьащ.

Анэдэлъхубзэм гузэхэщIэ хуаIэу щIэблэр къэгъэтэджыным хуаунэтIащ иджыблагъэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм ЕгъэджакIуэхэм я ­Iэзагъымрэ щIэныгъэмрэ зэпымыууэ хэгъэ­хъуэнымкIэ и центрымрэ Дунейпсо Адыгэ Ха­сэмрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща хэгъэгупсо щIэнIуатэр. Ар теухуат лъэпкъыбэу зэхэт къэралым щызекIуэ анэдэлъхубзэхэр хъума хъун ­папщIэ курыт еджапIэм и пщэ къыдэхуэ Iуэху­гъуэхэр егъэфIэкIуа, щыIэ щIэныпхъэхэмрэ егъэ­джэкIэ Iэмалхэмрэ иджырей егъэджэныгъэ мардэхэм къитIасэу, атIэми ныбжьыщIэхэм ар гъэщIэгъуэн къащыхъуу бгъэдэлъхьа зэры­хъуным.
ЩIэнIуатэм кърихьэлIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр, КъБКъУ-м и лэ­жьакIуэхэр, щIыналъэхэм егъэджэныгъэмкIэ я IуэхущIапIэхэм щIэныпхъэмкIэ и IэщIагъэ­ры­лажьэхэр, курыт еджапIэм щIэс ныбжьы­щIэ­хэмрэ студентхэмрэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Ап­хуэдэу щIэнIуатэм и лэжьыгъэм пэIудзауэ ­хэтащ Къэрэшей-Шэрджэсым адыгэбзэмрэ ­литературэмкIэ и егъэджакIуэ 40-м нэблагъэ.
ЗэрытщIэщи, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр зэрылажьэ программэхэм зэ­хъуэкIыныгъэ куэд ягъуэтащ. Сыхьэт бжыгъэхэр зэрагъэмэщIам къыдэкIуэу, дерсхэр зэрырагъэдж щIыкIэми хэпщIыкIыу зихъуэжащ. А зэ­хъуэкIыныгъэхэр къалъэIэсащ анэдэлъхубзэхэми. Къызэхуэсахэр бзэм иIэ хъуа щытыкIэм зэ­рырипIейтейр къапщIэу, ар зэрырагъэдж тхылъ­хэм я гъэпсыкIэм, егъэджыкIэ Iэмалхэм, про­граммэ ухуэкIэхэм ирипсалъэрт. ГурыIуэ­гъуэт егъэджакIуэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун псалъэрэ гъуазэрэ къызэралъыхъуэр. Абы и IуэхукIэ щIэнIуатэр игъуэу зэхуашэсауэ къэп­лъытэ хъунущ.
ЩIэнIуатэм и щIэдзапIэм къэпсэлъа, Дуней­псо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ икIи егъэджакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэм ягури я псэри етауэ зэрыпэрытым, бзэр щIэблэм егъэщIэным гуащIафIэу зэрытелажьэм папщIэ. «Сыт хуэдиз псалъэ дахи егъэджакIуэхэм щхьэ­кIэ пхужыIэнущ. Ауэ ахэр зэи щыз хъуну къы­щIэкIынкъым, щыIэныгъэм лъэпкъыр хэмыкIуэ­дэжу къызэтенэнымкIэ абыхэм я гуащIэ къихь лэжьыгъэр зыхуэдизыр къыумылъытауэ. ЕгъэджакIуэу ущытыныр щытынша къэхъуакъым. АрщхьэкIэ анэдэлъхубзэр ебгъэджыныр дап­щэщи гугъуу къекIуэкIащ. ЕджапIэм щадж адрей дерсхэмкIэ къэралыр щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу. Щэ бжыгъэкIэ щIэныпхъэхэр зыдж инс­титутхэр яIэщи, программэхэр зэхагъэувэ, класс къэс зэреджэну тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхалъхьэ, абыхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну егъэ­джыкIэ Iэмалхэр къызэкIэлъагъакIуэ. Анэ­дэлъ­хубзэмкIэ егъэджакIуэхэм яIэ дэIэпыкъуныгъэр нэхъ мащIэщ. АтIэми тхузэфIэкIащ адыгэбзэм­рэ литературэмкIэ тхылъхэр къэралым и жыпхъэм идгъэувэу и реестрым хэдгъэхьэн, абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэр иджырей гъащIэм нэхъ гъунэгъу хуэтщIын. Сыт хуэдиз гугъуехь пылъми, егъэджакIуэ гуащIафIэм и фIыгъэ­кIэ а мащIэр екIуу щIэблэм я деж нехьэсыф, щIэщыгъуэ ящищIурэ ябгъэделъхьэф. ДяпэкIи дыкъуэтынущ анэдэлъхубзэр зи IэщIагъэм, я пащхьэ къиувэ Iуэхугъугъуэ зэхэмыбзхэр зэры­зэблэдгъэкIын хэкIыпIэхэр зэрыхъукIи къэд­гъуэтынущ. ЩIэнIуатэм кърихьэлIахэм гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхэфхыну, ахэр фи IэнатIэм къыщыщхьэпэн защIэу къыщIэкIыну ди гуа­пэщ», - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
АдэкIэ псалъэр иратащ щIэнIуатэм и къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъахэу Центрым адыгэ­бзэмкIэ и лабораторэм и унафэщI, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминатрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Муратрэ.
Щоджэн Iэминат къызэхуэсахэр лаборато­рэм и лэжьыгъэм убгъуауэ тепсэлъыхьащ икIи адыгэбзэр курыт еджапIэхэм зэрыщрагъэдж ­Iэмалхэр нэхъыбэ щIыным и IуэхукIэ къыхалъхьэ жэрдэмхэм я гугъу ищIащ. «Курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ я IуэхукIэ ще­кIуэкI лэжьыгъэфIыр псоми зэлъащIысын хуей­уэ къыдолъытэ. Абы къыхэкIыу, щIыпIэхэм ап­хуэдэ лэжьыгъэр къэтхутэну докIуэ, нэхъыфIхэр хэгъэгупсо икIи къэралпсо зэхьэзэхуэхэм хы­догъэхьэ. А Iуэхугъуэхэм я лъабжьэ щIэлъ щIэ­ныпхъэхэр нэхъыбэм егъэщIэным хуэунэтIащ  ди щIэнIуатэр. Сыщогугъ ди жэрдэмым и щхьэпэ къывэкIыну, лэжьыгъэфIи къетхьэлIэну», - жиIащ Щоджэн Iэминат.
Табыщ Мурат къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ егъэджэныгъэм тегъэщIапIэ ищI къэрал хабзэхэм къищынэмыщIауэ, ирагъэджыр цIыкIу­хэм я деж щынахьэскIэ, зэрыгъуэзапхъэхэр, концепцэкIэ зэджэр, зэрыщыIэр. Абы кIэщIу къиIуэтащ дэтхэнэ егъэджакIуэми адыгэ­бзэмрэ литературэмкIэ программэр щагъэзащIэкIэ, лэжьыгъэр зытещIыхьыпхъэ Iуэху­гъуищыр: еджакIуэм и зэхэщIыкIым зиужьы­-ным хуэгъэпсауэ, дерсхэм я зэхуаку дэлъ зэпхы­ныгъэр къилъытэу, бзэмрэ литературэмрэ дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм ешэлIауэ щытын зэрыхуейр. Ахэр къыбдэхъун щхьэкIэ лэжьыгъэм лъэбакъуэу хэпчэн хуейхэр Табыщым къызэхуэсахэм яхузэпкърихащ.
ЩIэнIуатэм Iуэхугъуэ зыбжанэ къыщаIэтащ. Абдеж щытепсэлъыхьащ дерсым и кIуэцIкIэ къыщаIэт Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр цIыкIухэм зэрыбгъэдалъхьэ щIыкIэхэм, щызэрахьэ Iэмал зэ­мылIэужьыгъуэхэм, щрагъэкIуэкI проект лэжьыгъэхэм. КъищынэмыщIауэ, егъэджакIуэхэм мас­тер-классхэр къызэхуэсахэм ирагъэлъэ­гъуащ. Апхуэдэу иригъэкIуэкI лэжьыгъэмкIэ щIэн­Iуатэм кърихьэлIахэм ядэгуэшащ Белокаменскэ къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэ­бзэмкIэ и егъэджакIуэ Къэшэж Назирэт, Акъбащ Ипщэ къуажэм и курыт еджапIэм адыгэ­бзэмкIэ и егъэджакIуэхэу Тэркъан Натальерэ ШэкIыхьэщIэ Ленэрэ, Нарткъалэ курыт еджапIэ №6-м хэт сабий гъэ­сапIэм и гъэсакIуэ СтIащ Симазэ, Налшык къалэм дэт гимназие №14-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Табыщ Динарэ сымэ. ЛитературэмкIэ ебгъэкIуэкI хъуну мастер-клас­сым и зы щапхъэ щIэнIуатэм хэтхэм яригъэлъэгъуащ Щоджэн Iэминат. Интернетымрэ иджы­рей технологие IэмалхэмкIэ адыгэбзэм щIэблэм и гупэр зэры­хуэб­гъэ­зэ­фынум тепсэлъыхьащ Налшык къалэм дэт ­гимназие №4-м и еджакIуэ Мамхэгъ Алимрэ КъБР-м дерс унэ­тIы­ныгъэ зэмылIэу­жьыгъуэхэр хуэгъэпса гимназием и еджакIуэ Къуэдзокъуэ Идаррэ.
ЕкIуэкIа лэжьыгъэр щIагъуэщ, жыпIэныр мащIэIуэу къыпщохъу, ар зыхуэунэтIауэ щыта бзэм хуэщIын хуей гулъытэм ущегупсыскIэ. Апхуэдэу щытми, псы цIыкIухэр зэхэлъэдэжурэщ псы­шхуэр къызэрыхъури, дыщогугъ анэдэлъху­бзэхэм гукъэкI дахэ хуэзыщI апхуэдэ жэрдэмхэр нэхъыбэ хъуну, щIалэгъуалэр анэбзэм гъунэгъу хуэзыщI пэхуэщIэхэр щIэх-щIэхыурэ утыку ­къихьэну.
 

Тхыгъэри сурэтри ШУРДЫМ Динэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2025 - 13:57

Ислъэмей къуажэм ныпыр щохуарзэ!

Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ.

30.04.2025 - 09:29

«Зэныбжьэгъугъэ-2025»-р гуфIэгъуэкIэ зэхуащIыж

«Акрополь» хьэщIэщым щы­зэхуащIыжащ илъэс зыб­жанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныб­жьэгъу­гъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр.

29.04.2025 - 12:25

ФIым къыхураджэу

«Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр.

29.04.2025 - 09:03

Бахъсэндэсхэмрэ спортымрэ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ

29.04.2025 - 09:03

Уафэ гъуэгъуэрейр уэшхыншэщ

Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл