Сурэтхэм я джэ макъ

ЦIыхум ищI гукъэкIыфIхэм щIэблэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэм и шэсыпIэщ ар нэгъуэщIхэм къазэрыщыхъумрэ къызэращтэ щIыкIэмрэ. БлэкIам пщIэ хуэзыщI, абы щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм ящыщу ныбжьыщIэхэр зыщыгъуэзэн хуейхэмкIэ лэжьыгъэ пыухыкIа езыгъэкIуэкI дэтхэнэми фIыщIэ хуэфащэщ, и жэрдэмхэми гъуэгу етыпхъэщ. Апхуэдэ Iуэху дахэ иджыблагъэ кърихьэжьащ полковникыу хабзэхъумэ IэнатIэхэм къыхэкIыжа Казанков Юрэ – ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм, Хэку зауэшхуэм пхыкIахэри хэту, я сурэт гъэтIылъыгъэхэм я фонд щIыныр. Къыхэгъэщын хуейщ а гукъэкIыр куэд дыдэм гуапэ зэращыхъуар икIи къызэрыпэджэжар.
Зи адэр Хэку зауэшхуэм и кIыхьагъкIэ хэта адэм и къуэм куэд щIауэ иIэт апхуэдэ гуращэхэр. Казанков Юрэ къызэрилъытэмкIэ, щIыналъэм хабзэмрэ мамырыгъэмрэ щызыхъума хабзэхъумэхэм я архивхэр зэгъэуIуныр, я сурэтхэр зэхуэхьэсыжыныр щIэблэр гъэсэнымкIэ лэжьыгъэ щхьэпэщ, сыту жыпIэмэ абы къигъэлъэгъуэнущ IэнатIэм пэрытахэр я псэ емыблэжу цIыхум и тыншыгъуэм зэрытелэжьар, щIэпхъаджэмрэ мыхъумыщIагъэмрэ пэщIэту къызэрекIуэкIар. 
«Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранкIэ дызэджэхэм ящыщ куэдыр тIысыжауэ я унэ щIэсщ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейм ехыжари мащIэкъым. ТекIуэныгъэ Иныр совет цIыхубэм къыхуэзыхьахэр зауэ нэужь лъэхъэнэм къызыхыхьэжа дунейм мамырыгъэм и закъуэтэкъым лъэ быдэкIэ щыгъэувыжын хуейр, атIэ къэрал хабзэхэри щызэфIагъэувэжыну къапэщылът. Iэмалыншагъэм ирихулIэу гъуэгу пхэнж техьахэм пэжыр ирагъэлъагъуну, ящIэр хабзэм къызэремызэгъыр къагурыIуэу ар къызэпызыудхэр жэуап ирашэлIэну къалэн зыщащIа хабзэхъумэхэм ипэкIи иужькIи къэмыхъуауэ щэнхабзэ гъэщIэгъуэн яхэлът – дэтхэнэри я щхьэ иралъытырт, а щытыкIэ дахэм къыхэкIыуи, цIыхухэм дзыхь ирагъэзырт. Хабзэхъумэ IэщIагъэм пщIэ пылъу, а IэнатIэм пэрытым Iулыдж хуащIу щытыныр къызыхэкIар цIыхухэм къэралым и пащхьэ щаIэ фIэлIыкIым и закъуэтэкъым, атIэ абыхэм далъагъу цIыхугъэмрэ гумащIагъэмри къадэкIуат. Зауэ нэужь илъэсхэм IэнатIэм пэрытахэм я фIыгъэкIэ щIыналъэм щIэпхъаджагъэр хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ, цIыхухэри щIэщхьэрыуэн щхьэусыгъуэхэми Iэмал зэриIэкIэ зыпыIуадзыну хущIэкъу хъуат. БлэкIа зауэм и гуIэгъуэр зи нэгу щIэкIахэм ткIиягъ къахилъхьами, цIыхухэмкIэ гууз-лыуз хуаIэт, гущIэгъу хуащIырт. АтIэми, узэбакъуэ мыхъуну Iуэхугъуэхэр къызэпыуда щыхъуам дежи, утыкъуа хъуам и пIэ зрагъэувэфырт. Мис а лъэхъэнэм IэнатIэм пэрытахэр япэ лIэужьу къэплъытэ хъунущ, ахэращ абыхэм къакIэлъыкIуахэм щапхъэу яIари. Куэд лъандэрэ гуращэ зыхуэтщIа Iуэхугъуэр къыщыхэтлъхьэми, дегупсысащ къегъэжьапIэ хуэтщIынум. ИкIи игъуэу къэтлъытащ зауэ лъэхъэнэмрэ абы и лъэужьыр щагъэкIуэдыж илъэсхэмрэ деж дыкъыщежьэмэ», – жеIэ жэрдэмщIакIуэм.
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм зыбжанэ лъандэрэ иIэщ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я тхыдэмкIэ музей. Абы и гъэтIылъыгъэхэм хэти зыщигъэгъуэзэфыну, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ пыухыкIа езыщIэкIыну хуейхэми апхуэдэ Iэмал яIэу къекIуэкIащ. Ауэ фонд гъэтIылъыгъэхэр зэхэхауэ щыттэкъым, дэфтэрхэр бжыгъэрылъанэм хуэгъэкIуатэкъым. Казанков Юрэ а Iуэхур пщэрылъ зыщищIыжащ, ар къэгъэнауэ, унагъуэ гъэтIылъыгъэхэм щIэупщIэу, къыIэрыхьэ сурэтхэм итхэм я цIэхэр иубзыхуу, щхьэж теухуауэ къыхэкIа тхылъымпIэхэм фонд щхьэхуэ яхуищIу, зэрыщытуи бжыгъэрылъанэм хуигъакIуэу щIидзащ. Къыхэгъэщын хуейщ лэжьыгъэшхуэ къызэнэкIа зэрыхъуар, иджыри къыздэсым утыкум имылъа документ зэужь куэд къызэрыкъуэкIар.
«Си япэ итахэм зэхуахьэсыжахэм къызэрыхэзгъэхъуам си гъащIэм къыпищэ къысщохъу, сызыпэрыхьа Iуэхум апхуэдизкIэ гукъыдэж къызетри. Совет лъэхъэнэм милицэкIэ зэджэу щытауэ иужькIэ Урысейм и зэманым полицэ хъуа IэнатIэм лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэкIэ гъэнщIауэ мащIэкъым и тхыдэм къэхъугъэу хэтыр. А псор щыплъагъукIэ а лэжьыгъэм зэгуэр узэрыпэрытам гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ. Дэ зэхуэтхьэсыжа сурэтхэм мымащIэу къахокI Хэку зауэшхуэм ипэ къихуэ илъэсхэм трахахэри, зауэ илъэсиплIым хуэзэхэри, иужькIэ трагъэпкIахэри. Апхуэдиз цIыхум я нэгу ущиплъэкIэ, къыхаха гъуэгум хуэпэжу дунейм зэрытетар болъагъу – псори гупсэхугъуэ гуэрым зэпеIыгъэ, пцIырэ напэншагъэрэ я Iуэхум зэрыхэмытыр зыхыбощIэ. ЖысIэпэнщи, сурэтхэм макъ лъэщ къапоIукI, цIыху нэсыр зэрыщытын хуейр къыбжаIэу. Сурэт гъэтIылъыгъэхэр ди щIыналъэм, IэнатIэм, дызыпэрыт къулыкъум я тхыдэщ, «ар шынагъуэщ икIи гугъущ», ауэ къызэрымыкIуэу дызыхуэныкъуэщ, ди жылэр щызыгъэIэ пкъощIэсэщ. Сурэтхэр зыхуей хуэдгъэза нэужь, хъыбарегъащIэ IэнатIэм щылажьэхэми къагъэсэб хъунущ, тхылъхэр къыщыдагъэкIкIи, гъэлъэгъуэныгъэ щхьэхуэхэр щащIкIи, ЛIыгъэм и дерсхэр щрагъэкIуэкIкIи халъхьэ хъунущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхъумэ IэнатIэхэр абы щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм гуэх имыIэу епхащи, ари ди щIэблэм ящIэн хуейуэ къыдолъытэ», – жиIащ Казанков Юрэ.
ЖэрдэмщIакIуэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм пщIэшхуэ хуащI къыдэлажьэу щытахэми, нобэ IэнатIэм пэрытхэми. «Зи щIэныгъэмрэ гукъэкIыжхэмрэ къызыпытхыфыну щыта нэхъыжьыфI куэд тIэщIэкIащ, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Нобэ-пщэдей жытIэурэ Iэджэ тфIэкIуэдащ. Ауэ а къэнари мыпхуэдэу тхузэхуэхьэсыжрэ щIэблэм къахуэдгъанэмэ, ди ужь къиувэнухэмкIэ ттелъ хьэкъым и зы мащIэ тщхьэщыкIа хъунт. Юрэ и гуащIэдэкIыр абы и IуэхукIэ псоми ди лажьэтех мэхъури, и зэфIэкIыр мыкIуэщIу лэжьэну ди гуапэщ, – жеIэ полковникыу хабзэхъумэ IэнатIэхэм къыхэкIыжа Казаченкэ Еленэ. – Ар абы къыдэзыIыгъа псоми фIыщIэ яхузощI».
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр зауэм тещIыхьам къыщымынэу, нэгъуэщI лъэныкъуэхэри къызэщIегъэубыдэурэ джын зэрыхуейр куэд щIащ гурыIуэгъуэ зэрыхъурэ. Псыпэ цIыкIуу къежьэ мыпхуэдэ жэрдэмхэм а гупсысэ лъагэм щIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр, лъахэхутэхэр щIэх нишэсыну дыщогугъ.
 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2025 - 21:05

Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ

Адыгэ ныпым и махуэшхуэр мэлыжьыхьым и 25-м дуней псом щагъэлъапIэ. Иужьрей илъэсхэм махуэшхуэр щIалэгъуалэм ягъэлъапIэ зэрыхъуар, а Iуэхур нэхъыжьхэми зэрыдаIыгъыр гуапэщ.

25.04.2025 - 20:48

Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ

КъБКъУ-м и киноконцерт пэ­шым гукъинэжу щагъэлъэ­пIащ Адыгэ ныпым и махуэр.  Ар къызэригъэпэщащ педкол­лед­жым и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кан­­дидат Пэщол Сэкимэ. 

25.04.2025 - 20:44

ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и къалэхэм, щIыпIэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта «щIыналъэ сыхьэт» зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ. 

25.04.2025 - 17:04

Фэеплъ жыгхэр

КъБР-м щыIэ МВД-м дэ­лажьэ Жылагъуэ советым и жэрдэмкIэ Налшык къалэ щызэхэтащ «Фэеплъ жыг ха­дэ» щIыуэпс-хэкупсэ Iуэхур.

25.04.2025 - 09:05

МэракIуэри, пхъыри, мыIэрысэри…

Нэгъабэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрахьэлIэжащ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мини 6,8-м нэблагъэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 4-м нэблагъэкIэ ар нэхъыбэщ, къитащ Росстатым иджыб