Къэрал куэдым къыщыдэкI Nature щIэныгъэ журналым иджыблагъэ къытехуащ США-м и Калифорние штатым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым щылажьэ астрономхэм ди Галактикэм (Шыхулъагъуэм) и кум алъандэрэ зыхамыщIыкIа вагъуэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрыщалъэгъуам.
ТкIуаткIуэ щIыкIэм ит, гъуэз теплъэ зиIэ уафэщI жьэражьэхэм тIэкIу-тIэкIуурэ гъунэгъу зыхуащI блэкI псори «думпу» зыщIэзылъафэ, нэрымылъагъу «мащэ кIыфI» («чёрная дыра») абрагъуэхэм ящыщ зым.
Шыхулъагъуэм и кум Iув дыдэу щызэхэт вагъуэ бжыгъэншэхэм я деж зи гугъу тщIы пкъыгъуэхэм хуэдэхэм уазэрыщрихьэлIэм щIэныгъэлIхэр япэ дыдэу щыхьэт щытехъуар 2005 гъэращ. Абы щыгъуэ къагъуэтам «GI» нагъыщэр иратат.
2012 гъэм Германием и астрономхэм а щIыпIэм аргуэру къыщалъэгъуащ иужькIэ «G2» зыфIаща, и зыгъэзэкIэкIи и теплъэкIи япэрейм емыщхь гъуэзыпшэ Iув дыдэ. КъызэрахутамкIи, а пкъыгъуэ абрагъуэм къыздилъэтыхьым, 2014 гъэм «Стрелец А» мащэ кIыфIым гъунэгъубзэ зыхуищIауэ щытащ.
ЩIэныгъэлIхэм гу зэрылъатауэ, G2-р вагъуитIу зэхэтщ. А тIум, зэкIэлъыхьарэ зэуIуу, мащэ кIыфIым зыщыдагъазэм (зи гугъу тщIы гъуэзыпшэхэм я къекIэрэхъуэкIыкIэм илъэси 100-м къыщыщIэдзауэ илъэс 1000-м нэблагъэ щихь щыIэщ), я пкъыгъуэхэр зы вагъуэшхуэу, гъуэз жьэражьэ зэщIэпщIыпщIэу, зэхэпцIыхьыжат.
Къыхэгъэщыпхъэщ астрономхэм иужьрей илъэсхэми гъуэз теплъэ зиIэ вагъуэхэм хуэдэхэр Шыхулъагъуэм и кум къызэрыщахутар. Абыхэми, япэрейхэм зэрырагъэщхьам къыхэкIыу, иратар зэрызэкIэлъагъакIуэ нагъыщэщ: G3, G4, G5, G6. ИужьреиплIым мащэ кIыфIым и хъуреягъыр къызэралъэтыхь уэрдыхъу гъуэгуанэр (орбитэр) адрей тIум ейм хуабжьу къыщхьэщокI, я теплъэкIи зэхуэдэкъым.
ЩIэныгъэлIхэр зэрегупсысымкIэ, зи гугъу ящI пкъыгъуихри зэгуэр зыр адрейм екIэрэхъуэкIыж вагъуэ тIурытIу зэхэтагъэнущ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зэдарэри (дэтхэнэ тIурытIри), мащэ кIыфIым къызэрымыкIуэу зэрызыщIишэ и къаруушхуэм (гравитацэм) зэрызэщикъузам къыхэкIыу, гъуэзыпшэ абрагъуэ щхьэхуэу зэхэпцIыхьыжащ. Еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, зи гугъу тщIы къару «емылыджым» апхуэдэ телъыджэ къыщигъэхъур илъэс мелуаным и кIуэцIкIэ зэ закъуэщ.
«Шыхулъагъуэм и кум ди Дыгъэм ирагъэщхьу щыIэ вагъуэхэр (дыздэщыIэм елъытауэ) хуэдэ минкIэ нэхъ щызэхэубауэ, Iувыщэу щызэхэтщ. Абы къыхэкIыуи, ущызэщIэзышэ гравитацэмрэ малъхъэдис (магнит) губгъуэу къыщыунэхухэмрэ, уи нэгу къыщIумыгъэхьэфын хуэдизу, щыин дыдэщ, щышынагъуэщ. Ауэ щыхъукIи, ди насыпщ, дызыщыщ галактикэм и IуфакIэм дыщыпсэу ЩIы Хъурейр зэрыщыщыIэр. КъимыдэкIэри, зи гугъу тщIы «гуэрэн зэхэубам» къыхэпсыпсыкI нурыр ди деж къэсыным илъэс мин 26-рэ токIуадэ», - укъыщоджэ зи гугъу тщIы щIэныгъэ журналым къытехуа тхыгъэм.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.