Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…

Налшык къалэ дэт, Тхьэзэплъыж ТIулэ и цIэр зезыхьэ, Дзэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ поликлиникэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. Абы сыт щыгъуи цIыхушхуэ щызэблокI - хэти и дзэ узыр Iуригъэчыну, хэти иригъэдыжыну, хэти Iуригъэлъхьэну. Налшык и закъуэкъым - Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэм, къуажэхэм къикIыурэ Iэджэ къокIуэ, дохутыр Iэзэхэр, цIыху Iэпэ щабэхэр абы зэрыщыIэм и хъыбар зэха­хауэ. Сэри мызэ-мытIэу щыхьэт сытехъуащ а хъыбарым лъабжьэ зэриIэм. Поликлиникэм нобэ и Iуэху зытетым, абы цIыхухэм щагъуэт Iуэхутхьэбзэхэм тедгъэпсэлъыхьыну зыхуэдгъэзащ а IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щоджэн Iэсият.

- Iэсият, уи деж сыкъыщыкIуэм, мы хъыджэбзым дохутыр IэщIагъэр къыхезыгъэхар и адэрауэ къыщIэкIынщ жысIэри сигу къэкIащ. Уи адэ Ахьмэд Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министру зэр­ы­щытам дыщыгъуазэщ. 
- Хьэуэ, си адэракъым мы IэщIагъэм сыхуэзышар. Си адэ-анэм «уи псэм фIэфI дыдэр къыхэх» къызжаIа мыхъумэ, сыхагъэзыхьакъым. Си адэ шыпхъу нэхъыжь ХьэIишэтщ зи фIыгъэр. Ар дохутыру лажьэрт. Хуабжьу фIыуэ илъагъурт зыпэрыт IэнатIэр. Школым дыщыщIэс зэ­манхэм а IэщIагъэм ар апхуэ­дизкIэ дахэу къытхутепсэ­лъы­хьырти, сригъэхъуапсэри, нэ­гъуэщI гуэрым сыхуеджэну сигу къэкIыххакъым. Ди Iыхьлы хъы­джэбз цIыкIуу къалъхуу хъуам щхьэкIэ «дохутыру езгъэджэнущ» жиIэрт. Арати, школыр къызэзнэкIа нэужь, ди университетым си тхылъхэр щIэслъхьащ икIи, си насып къикIри, сыщIэ­хуащ. Ар къэзухри, мы поликли­никэм сабийхэм щеIэзэ и къуда­мэм лэжьэн щыщIэздзащ. Сы­зэрылажьэм хуэдэурэ ординатурэми интернатурэми сыщеджащ, иужькIэ очнэу къэзухыжащ аспирантурэри. 
- Къуажэ школыра, хьэмэрэ мы къалэрэ ущеджар? Ап­хуэ­дэу сыныщIоупщIым иIэщ щхьэусыгъуэ. Налшык къыщыхъуахэр, щеджахэр я анэ­дэлъхубзэм апхуэдэу хуэшэ­рыуэкъым. КъыщопсалъэкIэ урысыбзэр хъушэу къафIыхохуэ. Уэ уи адыгэбзэр къулейщ.
- Налшыкщ сыщеджар. Ауэ ди къуажэм, Къармэхьэблэ, ды­щысабийм дыкIуэжырейт. Школым дыкъаутIыпща нэужь, абы дашэжырти, ди адэшхуэ-анэ­шхуэм дабгъэдэст. Абыхэм сыт хуэдэу бзэ дахэ яIурылът. Уеблэмэ нобэр къыздэсым сщымы­гъупщэжауэ сощIэж къыщыддэуэршэркIэ си анэшхуэм къыхигъахуэу щыта псалъэжьхэм ящыщ зыбжанэ. Си анэми и фIыщIэшхуэ хэлъщ ди бзэр IэщIыб зэрыдмыщIым. Абы адыгэ тхылъ къищтэрти къыт­хуеджэрт. Псалъэм щхьэкIэ, IутIыж Борис и тхыгъэ къигъэ­тIылъырти, и бзэм и дахагъэм и гугъу къытхуищIырт. МыдэкIэ школ сыздыщIэсам лъэпкъыб­-зэр щыдэзыгъэджахэми я фIы­щIэр згъэкIуэдыну сыхуейкъым. Адыгэбзэр IэщIыб тщIы хъурэ - абы щыгъуэ ди лъэпкъри щы­Iэжынукъым. 
- Iэсят, нобэ уздэщыIэ доху­тыр IуэхущIапIэм, дзэ узы­фэ­хэм щеIэзэу республикэм ит ­поликлиникэ нэхъ ин дыдэм, и Iэтащхьэ къалэныр къыщып­хуагъэфащэм тIэкIу угузэвакъэ, шэч къытепхьакъэ «ярэ­би, схузехьэну пIэрэ, сыпэлъэщыну?» жыпIэу?
- УмыгузэвапIэр иIэ! Апхуэ­дэ цIыхуи щыIэу къыщIэкIынкъым, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэху, лэжьакIуэ куэд зыIут IэнатIэ къыщыхуагъэлъагъуэкIэ тIэкIу мыгузавэу. Ауэ сэ мы къалэныр си пщэ къыдэхуэн ипэ зы гуп щхьэхуэм сранэхъыжьу сы­лэжьащ. Уи IэщIагъэр фIыуэ ­плъагъумэ, хэпщIыкIмэ, дзыхь къуагъэзар бгъэпэжыну ухущIэкъумэ, пхузехьэну си гугъэщ. Сыту жыпIэмэ мыбы сызэрыIут­рэ цIыху губзыгъэ куэдым са­дэлэжьащ. Я чэнджэщ зэхэсхащ, абыхэм я деж куэдым сы­щыхэгъуэзащ, ноби къыщы­зо­щIэ. КъимыдэкIэ, махуэ къэс Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэ гуэр къо­жьэ, абыхэм ущыгъуазэу, зэманым удекIуу ущытын хуейщи, абыи дытеплъэкъукIыркъым. Ди унафэщI нэхъыщхьэр - респуб­ликэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрыр - езыри езэш имы­Iэу мэлажьэ, дэри дигъэбэлэрыгъыркъым. КIэщIу жыпIэмэ, дыкъызэрыщIэмыхуэным, ди деж къекIуалIэ цIыхур арэзы зэрыт­щIыным иужь дит зэпытщ. 
- Фи деж цIыхушхуэ щолажьэ, зэрысщIэмкIэ. 
- Пэжщ, псори зэхэту цIыху 300-м нос - дохутырхэи, ди лэ­жьыгъэр зыхуей хуэзэн папщIэ нэгъуэщI IэнатIэ зэхуэмыдэхэм бгъэдэтхэри къэплъытэмэ. Фэ­-ри зэрыфщIэщи, ди Къэбэрдей-­Балъкъэрым дзэ узыфэхэм ще­Iэзэ уней IэнатIэ куэд щыIэщ, абыхэм щIэх-щIэхыури къахо­хъуэ. Ауэ абы щхьэкIэ ди поликлиникэм къакIуэр нэхъ мащIэ ­хъуркъым. ЯщIэ зи IэщIагъэм хуэIэижь дохутырыфIхэр мыбы зэрыщылажьэр. Ди деж абыхэм сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэри ща­гъуэт: дзэр щадыж, хуей хъумэ щыIуач, щыIуалъхьэ. Дэтхэнэ лэжьыгъэри тэмэму зэрызэ­фIэдгъэкIыным дыхущIокъу. Пэжщ, псори арэзы щытхуэ­мыщIи къытхуохуэ, ауэ апхуэдэ Iуэхухэр нэхъ мащIэ зэрыт­щIы­ным иужь дитщ. Балигъхэм я ­мызакъуэу, сабийхэми доIэзэ, уеблэмэ захуэу къэмыкI я дзэ цIыкIухэр доузэхуж. Я дзэхэм зэрыкIэлъыплъын хуей щIыкIэм теухуауэ чэнджэщ щхьэпэхэри ядот. Къатищу зэтет ди поликлиникэм къыщIыхьэхэм ялъагъу - кIэлындорхэр, дохутыр пэшхэр къабзэлъабзэщ, ауэ зэгъэпэ­щы­жыныгъэ лэжьыгъэшхуэ дыхуэ­ныкъуэщи, абыкIэ чэзур къы­щытлъысынум дыпоплъэ. 
- Илъэс куэд щIауэ лажьэу, я цIэр фIыкIэ Iуауэ дохутыр зыкъом фызэриIэр дощIэ. IэщIагъэлI щIалэгъуалэкIэ фи Iуэху дауэ щыт?
- Ди куэдщ щIалэгъуали. Си щхьэкIэ ди университетым Iэ­щIагъэлI хъарзынэ къыщIигъэ­кIыу собж. Ахэр зыкIи къакIэры­хуу си гугъэкъым нэхъапэхэм ­нэгъуэщI къалэхэм щылажьэу щытауэ къэзыгъэзэжу ди по­ликлиникэм къэувахэм. Ещанэ курсыр къауха нэужь къатшэурэ дгъэлажьэу щытащ япэ зэманхэм, иджы апхуэдэ щыIэж­къым, университетыр къамыухауэ дгъэув хъуркъым. Дауи, псори занщIэу тегушхуэркъым дзэ узыфэхэм еIэзэну. Абы къыхэ­кIыу ядогъэлъагъу я лэжьыгъэр дауэ ирашэжьэн хуейми. Ахэр дэ мыбдеж щыдогъэсэж. ИтIанэ ­нэгъуэщI щIыпIэхэм догъакIуэ я щIэныгъэм, я Iэзагъэм нэхъри зиужьын папщIэ. 
- Иджы и гугъу дыгъэщIыт, ­Iэсият, льготэхэм. Фи полик­линикэм цIыхухэм я дзэхэр пщIэншэу щагъэхъуж. Ауэ дзэ Iуебгъэлъхьэнумэ, пщIэ щIэптын хуейщ. Хэт уасэ ны­къуэкIэ дзэ зыхуIуфлъхьэр, протез зыхуэфщIыр?
- Иджыпсту Iэмал диIэщ дзэ Iуэху хэхам хэтахэм пщIэншэу протез яхуIуедгъэлъхьэну. Абы текIуэдэну мылъкур къэралым къыдитащ. Загъэпсэхуну, я узыншагъэм кIэлъагъэплъыну къэ­кIуэжхэр ди деж къыщIыхьэ ­хъунущ тхылъымпIэ дызыхуеинухэр яIыгъыу. Мыдрейуэ, техуэ уасэм и зэхуэдитIкIэ дзэ IэрыщI яхуIутлъхьэнущ Хэку зауэшхуэм хэтахэм, а зэманым мазих нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ лэжьапIэ ­IэнатIэ Iутахэм, лэжьыгъэм и ветеранхэм. Ауэ а уасэ ныкъуэкIэ яхуэтщIэ Iуэхутхьэбзэхэм хиубыдэркъым пкъыгъуэ нэхъ ­лъапIэхэм къыхэщIыкIа дзэхэр яхуедгъэщIыныр. Аращи, я тхы­лъымпIэхэр зэпэщу къакIуэмэ, ди гуапэу я Iуэху яхузэфIэдгъэ­кIынущ. 

 

Епсэлъар Саут СулътIанщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.03.2025 - 09:03

IэщIагъэм зэрыхуэкIуэ лъэбакъуэхэр

Сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым щрагъэжьащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ «Палитра ремёсел – 2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

18.03.2025 - 09:03

Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ

2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ.

18.03.2025 - 09:03

Шэмрэ шатащхьэмрэ

Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024

18.03.2025 - 09:03

Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп

«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ

17.03.2025 - 14:06

Суздаль медалищ къраш

Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ УФ-м алыдж урым-бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.