Бзылъхугъэ гуащIафIэм и щIыхькIэ

УсакIуэм и псэр

Зэи хъуркъым жьы –
Ар къалъху усакIуэу…
ГъащIэми хокIыж
Сабий гу пцIанэу, -
Къанэу и лъэужь. 
Зэгъэщтокъуэ Людэ

Мы усэ сатырхэр эпиграф хуэхъуащ усакIуэ, жылагъуэ лэжьа­кIуэ цIэрыIуэ, зэдзэкIакIуэ, публицист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъуам иращIэкIа гуфIэгъуэ пшыхьым. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, щIыхь иIэу зе­зыхьэ бзылъхугъэ щыпкъэр иужь­рей илъэс 25-м щIигъум   щэн­хабзэмкIэ методисту лэ­жьащ, къуажэ, район щIалэгъуа­лэм я гъэсэныгъэм елIалIэу. 2018 гъэм ягъэуври Бахъсэн щIыналъэм и Щэнхабзэ центрым и методист нэхъыжьу щытащ. 
Людэ Аргудан къуажэм 1950 гъэм мазаем и 10-м къыщалъ­хуащ. Пасэу тхэным гу хуищIащ Зэгъэщтокъуэм, усэ цIыкIухэмкIэ къалэмыр гъэунэхун щIидзэри, иужькIэ очеркхэр, публицистикэ тхыгъэшхуэхэр, пьесэхэр и къалэмыпэм къыпыкIащ. 2002 гъэм къыщыщIэдзауэ ар хэтщ ­УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, Лэжьыгъэм и ветеранщ. Абы и дежкIэ гулъытэ нэхъ лъапIэ ды­дэр «Къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху» къызэрыфIащарщ. 
Пшыхьым зыкърагъэхьэлIат Людмилэ и ныбжьэгъухэм, и лэ­жьэгъухэм, и IэдакъэщIэкIхэм ди­­хьэххэм, и благъэхэмрэ Iыхь­лыхэмрэ. Япэу къэпсэлъапIэр ­хуит хуащIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат. 
- Пщыхьэщхьэ дахэу мы пэшым дыкъыщызэхуишэсащ усакIуэ ­гъуэзэджэ, публицист IэкIуэ­лъакIуэ, зи гуащIэр, зи зэчийр ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщащIэ Зэгъэщто­къуэ Людмилэ. Ди композиторхэм макъамэ щIалъхьащ абы и усэ 70-м щIигъум. УвыпIэфI щеубыд Людмилэ и гуащIэм адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм, бзылъхугъэ усыгъэм. Сынохъуэхъу ЩэнхабзэмкIэ министерствэми щэнхабзэм и лэжьакIуэ псоми къабгъэдэкIыу, - жиIащ Карчае­вэм икIи зи лIыкIуэ IуэхущIапIэм къыб­гъэдэкI ЩIыхь тхылъыр иритащ. 
Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур къыхигъэщащ Людмилэ пщIэшхуэ зэры­хуищIыр, и къуажэгъухэр, и ­районым щыпсэу цIыхухэр зэ­ри­гъэлъапIэм, емызэшыжу лъэп­къым зэрыхуэлажьэм, щIэблэр зэриущийм папщIэ. ДяпэкIи ­ехъулIэныгъэ иIэну зэригуапэр жи­Iэщ, ехъуэхъури, зи унафэщI IэнатIэм и щIыхь тхылъри иритащ. 
КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис жиIащ Людмилэ Бахъсэн щIыналъэм и мызакъуэу, республикэ псом зэрейр, зи пашэ IуэхущIапIэм и район къудамэм и унафэщIым и къуэдзэу куэд щIауэ зэрыщытыр. «Си гуапэу содаIуэ Людмилэ и уэрэдхэм икIи сыщыгъуазэщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр псэун, гъэгъэн, ефIэкIуэн папщIэ хузэ­фIэкI псори зэрищIэм», - жиIащ Зумакуловым. УФ-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Масляковэ Татьянэ къыбгъэдэкIыу ехъуэхъури, абы и фIыщIэ тхыгъэри иритыжащ Зэгъэщтокъуэм. 
- Нобэ дыбогъэбжьы­фIэ, дыбогъэлъапIэри, иджы­ри куэдрэ лъэпкъым узыншэу ухуэ­лэ­жьэну Тхьэм жиIэ! ГъащIэ къэ­зыгъэщIа тхакIуэм нэхъыбэ елъагъу, зэп­лъэ­кIыжмэ нэхъыбэм хоплъэжыфри, ахэр зэрызэбгъэ­зэхуэн гукъыдэжрэ дэрэ­­жэгъуэ ущы­мы­щIэу упсэуну, уи псалъэ зыщIэлъ уэрэдхэмкIэ, уи Iэдакъэ къы­щIэкIа тхылъхэмкIэ дыбгъэгуфIэну ди гуапэщ. Адыгэр къэ­зыIэту, адэкIэ зыгъэкIуатэу Iэмал куэд щыIэщ, ауэ лъэпкъым къытхуэнэжынур уэ пхуэдэхэм фтхахэрщ, фщIахэращи, фытхуэпсэуну ди гуапэщ. ГъащIэ кIыхь Тхьэм уищI! – жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий икIи ДАХ-м и дамыгъэр зыщIыгъу щIыхь тхылъыр Людмилэ хуигъэфэщащ. 
КупщIафIэу, Зэгъэщтокъуэм и гуащIэм хуэгъэза псалъэ гуа­пэхэри хъуэхъу дахэхэри жаIэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэу тхыдэдж, философ Бейтыгъуэн Сэфарбий, балъкъэр усакIуэ Дудуев Аскэр (Лермонтовым и цIэр зезыхьэ Урысей комитетым Кулиев Къайсын къы­зэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу къыдигъэкIа юбилей медалыр тыгъэ хуищIащ), «Талант» щIэныгъэ IуэхущIапIэм уры­­сыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и егъэджакIуэ, тхакIуэ Къудей Фаридэ сымэ. 
ЗэIущIэм щагъэзэщIащ Зэгъэщтокъуэм и псалъэ зыщIэлъ уэ­рэд­хэр. Ахэр жаIащ ди республикэм и уэрэджыIакIуэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и республикэ псоми щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ, уэрэдымкIэ «Кавказ» цIы­хубэ ансамблым, Быхъурэ Светланэ зи художественнэ унафэщI «Радужные нотки» уэрэджыIакIуэ гупым, композитор, продюсер Лу Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэми. 
ЦIыхухэм я гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ хэхъуауэ зэбгры­кIыжащ бэрэжьей пщыхьэщхьэм. Куэд къэнат жамыIэу, Iэджэ иджы­ри утыку къипхьэ хъунут, ауэ нэхъыщхьэр Людмилэ пэжкIэ къыбгъэдэт цIыхухэр къызэхуэсати, усакIуэр абы игъэинырт, и псэр игъэхуабэрт.   

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.03.2025 - 10:01

МинитIым щIигъу зэхуэсат

«Лъэпкъхэм я Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу каратэ-кекусинкай лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ.

18.03.2025 - 09:03

IэщIагъэм зэрыхуэкIуэ лъэбакъуэхэр

Сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым щрагъэжьащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ «Палитра ремёсел – 2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

18.03.2025 - 09:03

Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ

2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ.

18.03.2025 - 09:03

Шэмрэ шатащхьэмрэ

Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024

18.03.2025 - 09:03

Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп

«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ