КIуэкIуэ Казбек Мэзкуу лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил.
ЗэIущIахэр зэгурыIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхыхьа «ЦIыхухэр узыншэу илъэс куэдкIэ псэун» проектыр гъэ- зэщIа зэрыхъуну щIыкIэмкIэ. Ар хуэунэтIащ цIыхухэр япэу зыщIэупщIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щагъуэт IуэхущIапIэхэр зэманым декIуу къэгъэщIэрэщIэжыным.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм КIуэкIуэ Казбек щыпхигъэкIащ 2026 - 2030 гъэхэм медицинэ объектыщIэхэр яухуэным тещIыхьа проектхэр, ахэр псори зэхэту 80 мэхъу. Зи гугъу ящIыр нэхъыбэу поликлиникэхэрщ, амбулаторэхэрщ, фельдшер-акушер пунктхэрщ.
АмбулаторэщIэхэр щаухуэнущ Белая Речкэ, Шэрэдж Ищхъэрэ, Старэ Шэрэдж, Светловодскэ, Дей, Красносельскэ, Къубэ-Тэбэ къуажэхэм.
Налшык хиубыдэ Дубки хьэблэмрэ Нарткъалэрэ дэт сабий поликлиникэхэм, Бахъсэн район сымаджэщым, Гундэлэн амбулаторэмрэ Тырныауз дэт поликлиникэмрэ ирахьэлIэ лэжьыгъэр и кIэм нагъэсынущ. КъинэмыщIауэ, зэрахьэнущ Балъкъэр Ипщэм дэт сымаджэщыр, Жэмтхьэлэрэ Къулъкъужынрэ дэт амбулаторэхэр.
КIуэкIуэ Казбек министрыр щыгъуазэ ищIащ 2021 - 2025 гъэхэм ирагъэкIуэкI лэжьы-гъэхэм. А зэманым къриубыдэу, поликлиникэ 31-рэ зэрахьащ, объекти 7-м нэс зэIузэпэщ ящIащ, щIэуэ яухуахэри хэту. А псори унэлъащIэрэ иджырей IэмэпсымэкIэ къызэрагъэпэщащ. Медицинэр зэманым декIу зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, цIыхухэм дохутырхэм нэхъ тегушхуауэ зыхуагъазэ, сымаджэщхэм щIэлъынри нэхъ къатемыхьэлъэу мэхъу, езы дохутырхэми я лэжьы- гъэр йофIакIуэ.
КIуэкIуэ Казбек Мурашкэ фIыщIэ хуищIащ республикэм зэрызыкъыщIигъакъуэм, жэрдэм псори къазэрыдиIыгъым папщIэ.
«Ди республикэр медицинэ IуэхущIапIэхэр зэманым декIуу къызэгъэпэщын и лъэныкъуэкIэ пэрытхэм язщи, дяпэкIи абы дытетыну ди мурадщ, сыту жыпIэмэ, абы ди цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ», - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.