Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «От берегов Дона к вершинам Кавказа» выставкэр. Абы къызэщIеубыдэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт художникхэм я лэжьыгъэхэм щыщ. 

Сурэтхэм къадэкIуэу, гъэ­лъэгъуэныгъэм хагъэхьащ графикэ, декоративно-прикладной гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр, художественнэ гуа­щэхэр. Выставкэр къызэ­ра­гъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр Дон Iус ­Ростов щыщ художникхэм я лэжьыгъэхэм хагъэгъуэзэн папщIэ. СурэтыщI 13-м я IэдакъэщIэкI 60-м щIигъу къызэ­щIрагъэубыдащ абы. Лэжьыгъэхэр купщIэ зиIэщ икIи щIэщыгъуэщ. Нэхъыбэу абы щыболъагъу Дон Iус Ростов ­къалэм, Кавказым я щIыуэ­псым я дахагъэр къызэрыщ, удэзыхьэх теплъэгъуэхэр. Художникхэм иджырей сурэтыщI гъуазджэм и Iэмал гъэщIэ­гъуэнхэр къызэ­рыщагъэсэбэ­пар наIуэщ. Нэхъыщхьэращи, мы лэжьыгъэ­хэр япэу утыку щагъэлъагъуэу аращ. 
Выставкэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ зы, УФ-м и Сурэ­тыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Масуренков Владислав и псалъэм къыхигъэщащ лэжьыгъэ­хэр Налшык къалэм зэрыщагъэлъэгъуэнум хуэщIауэ къы­зэрыхахар, нэгъуэщI щIы­пIэ­хэм ахэр иджыри зэрамышар. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­псэухэм Iэмал яIэщ дэтхэнэ сурэтыщIми и IэдакъэщIэкIхэм зыщагъэгъуэзэну, я IэрыкI дахэр ягъэлъэгъуэну ди щIыналъэм япэу къэкIуа художникхэм фIыщIэ хуащIыну. 
- УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм Ростов областым щиIэ къудамэм художественнэ гуащэхэмкIэ и гупжьейр илъэсищ и пэкIэ къыщызэIуахащ. Абы екIуалIэхэм я лэжьыгъэхэр выставкэ зэмылIэужьыгъуэхэм щагъэлъагъуэ, щIэупщIэшхуи яIэщ. Ди гупжьейм щыщ цIы­хуиплI Налшык дыкъэкIуащ, Дон Iус Ростоврэ Кавказымрэ ятеухуа я лэжьыгъэхэр къыздашэри - жиIащ «Художественнэ гуащэ» секцэм и унафэщI Реп­пэ Аннэ. 
КъыжыIапхъэщ, художест­вен­нэ гуащэр пластикымрэ щэкIымрэ къызэрыхащIыкIыр икIи абы гъуазджэм и лIэужьыгъуэ куэд къызэрызэщIиубы­дэр. Аращ абы щIэупщIэ ин щIиIэм и щхьэусыгъуэри. Гуа­щэм щхьэц зэрыхуищIым, фэ­илъхьэгъуэ зэрыхуидым, вакъэ зэрылъитIагъэм къыхэкIыу, Iэп­щIэлъапщIэм куэдым зыхуигъэсэн хуей мэхъу. Выставкэм хыхьэу ягъэлъагъуэ Урысейм и тхыдэм и цIыху цIэрыIуэхэм я теплъэм къытращIыкIа гуащэ­хэр, таурыхъхэм къыхэщ лIы­хъужьхэм щыщхэр. Апхуэдэу хагъэхьащ Хэку зауэшхуэм теу­хуа лэжьыгъи - операцэ хьэлъэ зыщIа дзэ дохутырыр къыщыгъэлъэгъуар. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIа Реппэ Аннэ 1942 гъэм щыIа сэлэт фащэр зыхуэдам, зи къалэн зыгъэзащIэ ­дохутырым и щытыкIэм къанэ щымыIэу зэрызыщигъэгъуэзам и щыхьэтщ уи нэм илъа­гъур. Аннэ и гъэсэнхэм ядж ­Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэилъхьэгъуэхэм я тхыдэр, дзэ сэлэт фащэхэр зыщыгъ ­гуащэхэр куэду ягъэхьэзыр. ­Совет зэманым хиубыда Аннэ и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Хэку зауэшхуэм и тхыдэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.03.2025 - 09:03

IэщIагъэм зэрыхуэкIуэ лъэбакъуэхэр

Сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым щрагъэжьащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ «Палитра ремёсел – 2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

18.03.2025 - 09:03

Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ

2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ.

18.03.2025 - 09:03

Шэмрэ шатащхьэмрэ

Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024

18.03.2025 - 09:03

Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп

«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ

17.03.2025 - 14:06

Суздаль медалищ къраш

Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ УФ-м алыдж урым-бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.