ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я уардэунэ

Налшык къалэм IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэ къыщызэ­Iуахыну зыхуагъэхьэзыр. Ар хуэщIащ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм зыщыхуэбгъэсэным икIи абы щхьэкIэ цIыхухэр зыхуэныкъуэну псом­кIи къызэгъэпэщащ. Ухуэ­ныгъэм еубыд метр зэбгъузэнатIэ мини 4-м щIигъу. 

Иджырей спорт комплексыр щIыналъэм иIэ хъуащ «Демографие» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Спортыр ди гъащIэм и мардэщ» къэрал проектым и фIыгъэкIэ. 
А ухуэныгъэшхуэм хоккейм, кёрлингым, лъэрыжэкIэ къэ­жы­хьыным зыщыхуэбгъасэ хъунущ. Апхуэдэуи мыбы щрагъэкIуэкIынущ республикэм, щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэхэр. Абы иралъхьа IэрыщI мылыр иджырей мардэм къотIасэ.
Комплексым хохьэ спорт зал, щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм щыхуагъасэ методикэмкIэ, IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща пэшхэр, шхапIэ, щыгъынхэр щагъэгъущыж, лъэрыжэхэр щалъ пэшхэр, нэгъуэщIхэри. 
Уардэунэм ехьэлIа ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэу зэфIагъэкIащ, зэрылэжьэнум хуэдэуи ар хьэзырщ. Иджыпсту дэфтэрхэр зыхуей хуагъазэ, унэр республикэм и мылъкум ­хагъэхьэным ехьэлIауэ. Ар зэрызэфIэкIыу гуфIэгъуэ зэхыхьэ ­иращIэкIынущ, и бжэри цIыхухэм гуапэу яхузэIуихынущ. 

АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2026 - 09:18

ПэхуэщIэхэр, туризмэр, транспортыр...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

20.04.2026 - 09:14

IэщIагъэм гуапагъэ хелъхьэ

Балэгъы Лианэ Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэм щыщщ.

19.04.2026 - 09:03

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ.

19.04.2026 - 09:03

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI.

18.04.2026 - 09:03

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-п