Дыдейхэми зыкърагъэцIыху

ЕрыскъыхэкIхэмрэ псы­хэкI­хэмкIэ «ПРОДЭКСПО 2025» гъэлъэгъуэныгъэшхуэ щызэхэтащ Мэзкуу къалэм и «Экспоцентр»-м.  Къэралым къарита Iэмалыр къагъэ­сэбэпри, абы зэрыщыIам щхьэкIэ пщIэ щIамыту, я зэфIэкIхэр зэхуэсым щагъэ­лъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ зыбжанэм.

«Продэкспо» гъэлъэгъуэ­ныгъэр илъэс къэс ирагъэ­кIуэкI икIи абы кърохьэлIэ ­УФ-ми хамэ къэралхэми я лIыкIуэ куэд. ЖыпIэнурамэ, мы гъэм Мэзкуу къэкIуащ хамэ къэрал 36-м я IуэхущIапIэ 1835-рэ. Мыбдежым щагъэ­лъагъуэ ерыскъыхэкIхэмрэ псы­хэкIхэмрэ къыщIэгъэкIы­нымкIэ яIэ ехъулIэныгъэхэр: махуэ къэс къагъэсэбэп шхы­ныгъуэхэм къыщыщIэдзауэ ерыскъы хэплъыхьахэм деж щиухыжу. Гъэлъэгъуэныгъэм хухахат псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 75 900-рэ. 
Зэрыхабзэу, гъэлъэгъуэныгъэхэм къадэкIуэу, мыбдежым лэжьыгъэ пыухыкIаи щрагъэкIуэкI: щызопсалъэ, зэгу­рыIуэныгъэхэр щызэращIылIэ, чэнджэщхэмкIэ щызохъуажэ, щызэроцIыху. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэхэм папщIэ Мэзкуу щагъэува стендым къыщыгъэлъэгъуауэ щытащ ха­дэ­хэкIым, пхъэщхьэмыщхьэм, мэракIуэ лIэужьыгъуэхэм къыщIахуа псыхэр къыщIэзыгъэкI «Лэгъупыкъу» IуэхущIапIэр, бэдрэжан пIытIарэ майонезрэ къыщIэзыгъэкI «Сириус-М»-р, мэрэзейм елэжь «Фрутопьяно»-р, Жэбалы Рустам и «MILI MG WATER» уней IуэхущIапIэр. Абы нарзаныпс ирегъахъуэ. 
Ди республикэм и лIыкIуэхэр гъэлъэгъуэныгъэм хэтын Iэмалыр къахузэригъэпэщащ КъБР-м Экспортыр дэIыгъынымкIэ и центрым, «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ», «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ, ­КъБР-м «Си хьэрычэт IэнатIэ» центрымрэ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ я дэIэпыкъуныгъэ хэлъу.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.11.2025 - 09:06

Гъагъэ, ефIакIуэ, къуажэ махуэу Хьэтуей!

Лэскэн районым хыхьэ Хьэ­туей къуажэр ТэрчкIэ къиIэпхъу­кIыу Урыху псым и Iуфэм къы­-зэ­рытIысрэ илъэси 175-рэ зэры­рикъум иращIэкI махуэшхуэр жы­лэм Iэтауэ щрагъэкIуэкIащ.

06.11.2025 - 09:03

Ныбжьэгъугъэр щагъэлъапIэ зэхыхьэхэр

Урысейм ис лъэпкъхэр зэгу­рыIуэу, зэрылъытэу зэрыпсэум и нэщэнэщ Зэкъуэтыныгъэм и махуэр.

06.11.2025 - 09:01

Лъэпкъым и тхыди щэнхабзи зыхъумэ

Интернетым ВАТСАП-кIэ зэджэ и Iэмалым и фIыгъэ­кIэ сызыхыхьа гуп гъэ­щIэ­гъуэнхэм ящыщщ «Ди бзэ, ди псэ» жыхуиIэр.

05.11.2025 - 09:10

ГъащIэ узыншэм хуэгъэпсауэ

Бахъсэн районым и къуажэхэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным ехьэлIауэ щIыналъэ администрацэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр иужьрей илъэсхэм ирегъэкIуэкI, жылэхэм щыпсэухэр  спортым дегъэхьэхын, ахэр

05.11.2025 - 09:03

БищIомрэ Мамиймрэ я дыщэ медалхэр

Европэм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Словением и ­Краньскэ-Горэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ехъулIэныгъэфIхэр щы­зы­Iэрагъэхьащ: Урысей Федерацэм