«Фэеплъым и шэху уэздыгъэ»

Афган зауэр щекIуэкIа илъэсхэр хуэмурэ тпэжыжьэ мэхъу. Ауэ Хэкум къащищIа къалэныр ягъэзэщIэн папщIэ зи гъащIэми щымысхьа ди щIалэхэм я лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ цIыхухэм ягу ихуркъым. 

КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм епхауэ зауэхэм хэта ветеранхэм я зэгухьэныгъэм, Афганистаным ныкъуэдыкъуэ щыхъуа­хэм я урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм я унафэщIхэмрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я ветеран, зауэлI Былымгъуэт Беслъэнрэ я жэрдэмкIэ, илъэс ­ебгъуанэ хъуауэ Налшык къалэм щокIуэкI «Фэеплъым и шэху уэздыгъэ» зэхыхьэр. Ар ирагъэкIуэкIын щыщIадза япэ илъэсым абы къэралым и щIыналъэ зы­бжанэ хыхьауэ щытауэ аращ. Иджыпсту «Фэеплъым и шэху уэздыгъэр» щIыналъэ 20-м къыщызэрагъэпэщ.
Афган зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Налшык къалэм дэтым деж щрагъэкIуэкIа пэкIур даIыгъащ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я къалэ советым, КПРФ-м и республикэ, къалэ комитетхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Налшыкрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и ветеранхэм я советхэм, Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм, «Боевое братство» жылагъуэ IуэхущIапIэм, Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №7-м и кадет классхэм щеджэхэм, нэгъуэщIхэми. 
УэрэдымкIэ «Элви-шоу» школым и гъэсэн, Налшык дэт лицей ­№2-м и еджакIуэ Атэбий Албэч «Встанем» уэрэдыр игъэзащIэу пэкIур къызэIуахащ. 
Былымгъуэт Беслъэн къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху 1860-м я къалэныр пщIэ пылъу Афганистаным зэрыщагъэзэщIар, абыхэм ящыщу 54-р зэрыхэкIуэдар, 200-м щIигъу уIэгъэ хъуауэ зэрыщытар, зауэр иуха нэужь, 400-м ­щIигъу дунейм зэрехыжар. Я хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ папщIэ, ди ­лъахэгъуу 3-м къыхуагъэфэщащ Бэракъ Плъыжь орденыр, 112-м - «Вагъуэ Плъыжь»-р, «И хахуагъэм папщIэ» медалыр - 870-м, «Зауэм щиIа фIыщIэхэм папщIэ» медалыр зауэлI 907-м иратащ. 
«Илъэс 80 и пэ, ди адэжьхэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къызэтрагъэувыIауэ щытащ, абыкIэ ди гъащIэ мамырыр тхуахъумауэ. Ауэ нацист псори мыкIуэдауэ къыщIэкIащ. Мы зэманым ди щIалэхэр Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтщ, апхуэдэ залымыгъэ зезыхьэхэм япэщIэту. Ди фIэщ мэхъу текIуэныгъэр къахьу мыгувэу ахэр я унэ къызэрекIуэлIэжынур. Зи къулыкъур зыгъэзащIэу хэкIуэда ди щIалэхэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIыну дызэхуэсауэ аращи, ахэр зыщыдмыгъэгъупщэным ди гупсысэр тедухуэн хуейуэ къызолъытэ» - жиIащ Былымгъуэтым. 
Афган зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. ПэкIум къыщыпсэлъащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ советым и унафэщI Абдулаев Мустэфа, КъБР-м и Парламентым и депутат, КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис сымэ, нэгъуэщIхэри. 
КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Мисиров Хъызыр къызэхуэсахэм дыуэ яригъэщIащ. Афган зауэм хэкIуэдахэм папщIэ шэху уэздыгъэ 54-рэ щIагъэнащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.03.2025 - 10:01

МинитIым щIигъу зэхуэсат

«Лъэпкъхэм я Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу каратэ-кекусинкай лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ.

18.03.2025 - 09:03

IэщIагъэм зэрыхуэкIуэ лъэбакъуэхэр

Сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым щрагъэжьащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ «Палитра ремёсел – 2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

18.03.2025 - 09:03

Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ

2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ.

18.03.2025 - 09:03

Шэмрэ шатащхьэмрэ

Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024

18.03.2025 - 09:03

Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп

«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ