ФIыр хъумэным къыхуезыджэщ![]() Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым мазаем и 5-м япэу щагъэлъэгъуащ «Лица Кавказа» выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащ «Лица Кавказа» мультимедие Iуэхум хыхьэу, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондымрэ «Знание» урысейпсо зэгухьэныгъэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу. Гъэлъэгъуэныгъэр траухуащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэмрэ иджырей псэукIэмрэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгухэр къапщтэмэ, выставкэм хагъэхьа сурэт, нэтын гъэщIэгъуэнхэр япэу щагъэлъэгъуар Налшык къалэрщ. Лэжьыгъэхэм къызэщIаубыдэ хьэгъуэлIыгъуэм, нысашэм ехьэлIа хабзэхэр, Кавказым щызекIуэ модэр, гъэсэныгъэр, лъэпкъ махуэшхуэхэр. КъызэщIэпкъуэжмэ, выставкэм хыхьэу сурэти 120-рэ видеонэтыни 5-рэ ягъэлъэгъуащ, блэкIамрэ нобэмрэ я зэпыщIэныгъэр къагъэнаIуэу. Выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэр ирагъэплъащ гъэмахуэм траха «Лица Кавказа» нэтыным. Модельер-дэрбзэр, дизайнер цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ топсэлъыхь адыгэ фэилъхьэгъуэм и тхыдэм, нобэ абы игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм. Къэзакъ Ильинов Максим къытеувыIащ лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъуныгъэм, нэхъыжьхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэпыщIэныгъэм, пщIэ-нэмысым. Нэтыным хагъэхьащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я тхыдэм, нобэрей гъащIэм щыщ куэди. Псалъэм папщIэ, я лъэпкъ жыгыр зэрызэфIагъэувэжам, я тхыдэр зэрахъумэм теухуа лэжьыгъи хагъэхьащ. Табасаранхэм нэхъапэм алэрыбгъу тхыпхъэхэр IэкIэ зэIуащэу щытамэ, иджы ахэр станоккIэ зэращIыр сурэтым щыболъагъу. Ар лъэпкъым къыдекIуэкI пасэрей IэщIагъэ дахэр зэрыкIуэдыжым и щапхъэщ. - Iуэхур къыщIыхэтлъхьам щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар бжыгъэр и лъабжьэу зызыужь экономикэмрэ щыIэкIэ-псэукIэмрэ цIыхухэр зэсам зэрытрашырщ. ЗэрытщIэщи, Кавказым исхэм сыт щыгъуи я лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, япэ ирагъэщу, ахэр зэрахъумэжыным пылъу къокIуэкI. Выставкэм хыхьэу къэдгъэлъэгъуа цIыхухэр хущIокъу я бзэр, я щэнхабзэмрэ хабзэмрэ яхъумэжыну, щIэблэм я деж нахьэсыну. Сурэтхэм дагъэлъагъу зэманым декIуу къагъэщIэрэщIэжа лъэпкъ фащэр махуэ къэс зэрахьэ фэилъхьэгъуи зэрыхъур. ЩIалэгъуалэм лъэпкъ фащэм пасэм иIа пщIэр зыхащIэу ар щатIэгъэжам фIыт, - жиIащ Iуэхур зи жэрдэм икIи выставкэр къызэзыгъэпэща журналист Карманов Александр. - Фащэр лъэпкъым и «теплъэр» къэзыгъэлъагъуэ пкъыгъуэ дахэщ. Ди лъэпкъыр сыт щыгъуи и хьэлкIэ зэпIэзэрыту, «щыкIа» псалъэм и мыхьэнэм пэIэщIэу, фащэр зыщыгъым пщIэ зыхуигъэщIу къэгъуэгурыкIуащ. Ауэ, зэманыр кIуэхукIэ, цIыхум и гупсысэми зехъуэж, нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэхэр иIэ мэхъу. Лъэпкъ фащэхэр щIэлъапIэр ахэр лъэхъэнэхэм къызэрыкIуэцIрыкIарщ, иджы дэ ар ди щапхъэу зетхьэну Iэмал дызэриIэрщ, - жеIэ Сэралъп Мадинэ. - ХьэгъуэлIыгъуэ, гуфIэгъуэ щхьэкIэ фащэ къыщащтэм деж, ныбжьыщIэхэр зэплъыр зи теплъэр нэхъ гъэщIэрэщIахэрщ, мы зэманым къедгъэзэгъахэрщ. Иджыпсту ахэр доплъей европей, светскэ модэм. Выставкэм еплъахэм ар щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн ящыхъуащ. «Лица Кавказа» выставкэр щагъэлъэгъуэнущ Владикавказ, Мэхъэчкъалэ, Ставрополь къалэхэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









