Шынагъуэншагъэращ нэхъыщхьэр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КБР-м щыIэм и  ГИБДД-м и управленэм и актовэ пэшым щекIуэкIащ ­гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным пыщIа ведомствэхэм зэдай зэIущIэ. 
Абы хэтащ управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Бэджыдэ Юрэ, КъБР-м узыншагъэр и хъумэнымкIэ  и министр Къалэбатэ Рустам, транспортымрэ гъуэгу хо­зяйст­вэмкIэ  министым и дэIэпыкъуэгъу Бежан Хьэсэн, Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и къудамэм и унафэщI Хромов Вячеслав, Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыу­жьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ министерствэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Романовская Аннэ, КИФЩI-м щыIэ Роспотребнадзорым и ЩIыналъэзэхуаку транспорт управленэм КъБР-м щиIэ  автомобиль гъуэгухэм якIэ­лъып­лъынымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Вындыжь Замир, «Кавказ» кIэзонэ IуэхущIапIэм и къудамэу Налшык щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Къардэн Альберт, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрым и къуэ­дзэ Мокаев Ашэмэз, ухуэны­гъэм­рэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министрым и къуэ­дзэ Унэжокъуэ Астемыр,  Къэрал автоинспекцэм республикэм щиIэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэм хэтахэр хэплъащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр 2024 зэрыпхагъэкIам, тепсэлъыхьащ «ГъащIэм папщIэ инфраструк­турэ» проектым къигъэув ­къалэныщIэхэм, 2023 гъэм елъытауэ гъуэгу-транспорт къэ­хъукъащIэхэм щыхэкIуа­дэхэр 2030 гъэм ирихьэлIэу зырэ ныкъуэкIэ, 2036 гъэм нэсыху тIукIэ гъэмэщIэныр зи купщIэ нэхъыщхьэм.  ЖаIащ а Iуэхухэр зэфIэхын папщIэ гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэныр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ ведомствэхэм я зэдэлэжьэныгъэм нэхъри зегъэубгъун зэрыхуейр.
 Къызэхуэсахэм  къыхагъэщащ зэIущIэр зыхуэгъэпса министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я къалэн нэхъыщхьэхэр,   я зэдэлэжьэныгъэм и лъабжьэр  къэралым и цIыхухэм я шынагъуэншагъэр гъуэгухэм къыщызэгъэ­пэщыныр арауэ зэрыщытыр.   Властым и гъэзэщIакIуэ  органхэм Iэмал  псори  къагъэсэбэпынущ гъуэгум тетхэр бэIутIэIуншэу зекIуэн, абыхэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъума хъун папщIэ. 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.12.2025 - 09:03

Дохутырхэм я зи чэзу зэхуэсышхуэ

Адыгэ Республикэм и ЛIы­кIуэ IуэхущIапIэу Моск­ва дэтым иджыблагъэ щызэ­хуэсащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр. Абы къыщапщытэжащ 2025  гъэм ялэжьахэр.

10.12.2025 - 09:03

Лъэпкъыр ефIэкIуэныр я гъуэгугъэлъагъуэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм дэт къэрал филармонием щэкIуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Шэрджэс Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэ иныр. Ар илъэсищым зэ зэфIагъэкI Iуэхущ.

10.12.2025 - 09:03

ЛIыхъужь хахуэ Андемыркъан

«Шынэм зауэлIыр Iэнкун ещI, икIи абы фIы кърикIуэркъым». А гупсысэр и гъуазэу, дзэ Iуэху хэхам хэтащ зи гугъу фхуэтщIыну лIыхъужьыр. 

09.12.2025 - 09:29

Урысейм бгым лыжэкIэ къежэхынымкIэ и лъэхъэнэщIэр Iуащхьэмахуэ къыщызэIуах

УФ-м экономикэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ и министр Решетников Максимрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ щэбэт кIуам Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэIуахащ Урысейм бгым лыжэкIэ ­къе­жэ­хынымкIэ и лъэ­хъэ­нэщI

09.12.2025 - 09:27

ЕджапIэхэр зэраухуэмрэ зэрызэрагъэпэщыжымрэ

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, щIыналъэ проектхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым школхэр зэрыщаухуэмрэ зэр