КъулыкъущIэхэм я щIэныгъэм хагъахъуэ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и муници­пальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и правленэр КъБР-м и Правительствэм щызэхыхьащ. Iуэхугъуэ зыбжанэм щыхэплъа зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэ­рал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я советым» и гъэзэщIакIуэ унафэщI Маслов Николай, советым хэтхэр. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ АСМО-м и правленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим. 

Зэгухьэныгъэм и правленэм зэхъуэкIы­ныгъэхэр игъуэтащ - зы гуп хагъэкIри, абыхэм япэбж щIэуэ къыхагъэхьащ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм и правленэм и УнафэщIым и къуэдзэу хахащ Май щIыналъэ администрацэм и унафэщI Саенкэ Татьянэ. 
ЗэIущIэм хэту зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэгу­рыIуэныгъэ зэраухылIащ КъБР-м и АСМО-мрэ «Эльбрус» корпоратив университетым­рэ. «Эльбрус» университетыр къызэрыунэ­хуам, хузэфIэкIахэмрэ адэкIэ ­къалэну зы­хуигъэувыжхэмрэ теухуауэ къэп­сэлъащ, АСМО-мрэ университетымрэ зэдэ­лэжьэн папщIэ я IуэхущIапIэм зэрыригъэб­лагъэр жиIащ а университетым и унафэщI Айбазовэ Тамарэ. 
- Си гуапэщ муниципальнэ щIыналъэхэм я советхэм я зэIущIэм сызэрыхэтыр, республикэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм зэгъусэу дызэрытепсэлъыхьыр. 
2023 гъэм къэунэхуа «Эльбрус» корпоратив университетым илъэситIым къриубыдэу илэжьахэм сыкъытеувыIэну сыхуейщ. УФ-м и Президент Путин Владимир щIыналъэхэм щыIэ къэрал муниципальнэ лэжьакIуэхэм я зэфIэкIым щыхагъахъуэ институтхэмрэ ­центрхэмрэ къызэIухын хуейуэ къыхилъхьащ 2023 гъэм. «Эльбрус» корпоратив универ­ситетыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм тету къэунэхуащ. Ди IуэхущIапIэр «Урысейр Iэмалхэр щыкуэд къэ­ралщ» президент программэм хэт «Сенеж» егъэджэныгъэ платформэм епхащ. ЩIыналъэхэм ­къулыкъущIэхэр щыгъэхьэзырынымкIэ абы къалэнхэр егъэув, ар гъэзэщIа зэ­рыхъуну­ ­Iэмалхэм теухуауэ дызэдолажьэ. 
Муниципалитетхэм щыIэ къулыкъущIэхэм папщIэ программэ щхьэхуэхэр диIэщ. «Муниципалитеты 2.0»-р абыхэм ящыщ зыщ. ЩIэх-щIэхыурэ къыдогъэблагъэ «Сенеж» платформэм елэжьхэр, федеральнэ IэщIагъэлIхэр, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и лIыкIуэхэр. 
Май, Шэрэдж, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ щIы­налъэхэм я къулыкъущIэхэр ди лэжьыгъэм къыхэтшащ. Дауэ ебгъэфIакIуэ хъуну муниципалитетхэр, сыт хуэдэ программэхэм ухыхьэфыну, мылъку дэIэпыкъуныгъэ щыбгъуэтыну, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэ­кIуэ­нымкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр нэхъ тегъэщIапIэ щIыпхъэ? Мы Iуэхугъуэхэм теухуауэ дызэрощIэ. Сыхуейщ адрей районхэми пыщIэныгъэ яхудиIэну.
Корпоратив университетыр федеральнэ центрхэм я лэжьыгъэм жыджэру хэтщ. Нэхъ ищхьэкIэ зи гугъу сщIа «Сенеж» платформэр, «Мэшыкъуэ» центрыр абыхэм ящыщщ. «Команда управления КБР» зи фIэщыгъэр нэхъыщхьэ дыдэу дызэлэжь программэрщ. Ар республикэм и Iэтащхьэм и нэIэ щIэтщ. «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» программэми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Иджыблагъэ дыублащ СВО-м щыIэхэмрэ абы и ветеранхэмрэ защIэгъэкъуэн папщIэ илъэс пIалъэм тещIыхьа программэр. 
Ди IуэхущIапIэр зэрылажьэ илъэситIым къриубыдэу Кавказ Ищхъэрэм цIыхухэм я зэфIэкIхэм зезыгъэужьу щыIэ центр нэхъыфI дыдэхэм ящыщ дыхъуащ. Лэжьыгъэм къыщыдгъэсэбэп Iэмалхэр щапхъэу къащтэ ди гъунэгъу щIыналъэхэми, - жиIащ Айбазовэ Тамарэ. 
Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэр Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ ветеранхэмрэ зэрадэIэпыкъум къытеувыIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат. 
- 2022 гъэм и гъатхэпэм КъБР-м и Пра­вительствэм и Унафэм тету къызэдгъэпэщащ СВО-м щыIэ ди цIыхухэм ядэIэпы­къуным епха Iуэхугъуэхэм кIэлъыплъ гуп. Гупыр ядолажьэ къэрал къулыкъущIапIэхэм, министерствэхэм, щIыпIэ самоуправленэхэм. Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щы­Iэхэм, СВО-м щыIахэм, къулыкъум пэ­рыту хэкIуэдахэм я унагъуэхэм папщIэ 2022 гъэм и гъатхэпэм ягъэуващ мылъку дэIэ­пыкъуныгъэхэр: мобилизацэм хэту дзэ ­къулыкъум ягъэкIуахэм мазэ къэс сом мин 25-рэ ират; къулыкъум пэрыту уIэгъэ хъуа­хэм, щхьэж игъуэта фэбжьым елъытауэ, сом мини 100, 200, 300 зэрыIыгъыу Iэрагъэхьэ; Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я унагъуэхэм дэIэпыкъуныгъэу ират сом мелуан; зи арэзыныгъэкIэ а къулыкъум пэрыувэхэм ират сом мелуанрэ ныкъуэрэ, - жиIащ абы. Къыхигъэщащ а Iуэхухэм те­кIуэдэну мылъкуу республикэм и бюджетым щыщ сом мелардитIрэ мелуани 172-рэ зэ­рагъэбелджылар. Хъубий Марат къытеувыIащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам лIыгъэ зэрахьэу хэкIуэдахэм я цIэхэр республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм зэры­фIащыр, лIыхъужьхэм фэеплъ пхъэбгъухэр зэрыхуагъэувыр, къалэхэмрэ районхэмрэ щыIэ музейхэмрэ библиотекэхэмрэ абыхэм  я фэеплъ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэры­щы­зэIуахыр. 
«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр республикэм и щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ зэра­дэлажьэм теухуауэ къэпсэлъащ фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед. 
- Ди IуэхущIапIэр щыIэщ 2023 гъэм и мэкъуауэгъуэм щегъэжьауэ. Дадолажьэ щIыналъэ администрацэхэм, жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм, министерствэхэм, къэрал къу­лыкъущIапIэхэм. Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыIэщ СВО-м и ветеранхэм я дэфтэр Iуэхухэр зэзыгъэпэщ лэжьакIуэхэр - «социальнэ координатор» жыхуэтIэхэр. Но­-бэ абыхэм я нэIэ щIэтщ ветеран 329-рэ. ­Фондыр зэрыщыIэ илъэсрэ мази 8-м къриу­быдэу упщIэ зэхуэмыдэхэмкIэ зыкъытхуа­гъэзащ цIыху мин 18-рэ 500 -м, - жиIащ абы. Дадэ МуIэед къыхигъэщащ «Хэкум и хъума­кIуэхэр» фондым щIэблэр хэкупсэу гъэсэ­ным, лIыхъужьхэм щапхъэ трахыным къы­хуеджэным хуэгъэпса зэIущIэ­хэмрэ пшыхь­хэмрэ республикэм щIэх-щIэ­хыурэ къызэ­рыщызэригъэпэщыр. Ап­хуэ­дэщ курыт еджа­пIэхэм щекIуэкI «ЛIыгъужьыгъэм и дерсхэр» Iуэхур. 
ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм я зэфIэхыкIэ хъунур ягъэбелджылащ. 

ГУГЪУЭТ  Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.03.2025 - 09:03

IэщIагъэм зэрыхуэкIуэ лъэбакъуэхэр

Сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым щрагъэжьащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ «Палитра ремёсел – 2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

18.03.2025 - 09:03

Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ

2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ.

18.03.2025 - 09:03

Шэмрэ шатащхьэмрэ

Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024

18.03.2025 - 09:03

Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп

«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ

17.03.2025 - 14:06

Суздаль медалищ къраш

Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ УФ-м алыдж урым-бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.