Гуауэри гурыгъузри къытощ

Пщэдджыжьым укъэушрэ, унэм укъыщIэбэкъукIакъэ - жыгым пыт щхъуантIагъэр плъагъуу, ар узэрейр зыхэпщIэу, апхуэдэ дахагъэр щыкIыр уи щIыналъэу щыщыткIэ, угушхуэн фIэкIа нэгъуэщI къыпхуэнэркъым. 

Хэкум ущисыжкIэ, плъа­гъуу хъуар пфIэIэфIын хуейщ, лейуэ утемыпсэлъыхьми. Нэхъыщхьэр ар цIыхум и гум, и псэм хэлъынращ. Псалъэм папщIэ, укъэзылъхуа анэм теухуауэ сыт жыпIэфынур?! Ар упсэухукIэ фIыуэ плъагъу цIыхущ. Апхуэдэщ укъыщалъхуа Хэкури. Хэку-анэр хъу­мэн жыIэгъуэр зауэм щы­-гъуэ къежьащ, апхуэдизкIэ а тIум я мыхьэнэр зэхуагъадэрти. 
Урыс-совет скульпторхэми Хэку зауэшхуэм цIыхубэм къа­хуихьа гуауэр Хэку-анэрт къызэрагъэлъагъуэр. Ар­щхьэ­кIэ ди къэралым нэхъыфI дыдэхэм ящыщу къыщалъытэ «Бгырысыр мэ­щыгъуэ» («Скорбящий горец») фэеплъыр, Тырныаузрэ Гундэлэнрэ я зэхэкIыпIэм  деж щагъэувар, зыщIауэ щытахэр а хабзэм къытекIат, цIыхухъу образ къагъэщIри. «Хэку» псалъэр балъкъэрыбзэкIэ зэрыIур «Атажуртт», адэжь щIыналъэ жиIэу. Абы къыхэкIыу бгырыс лIым и теп­лъэр къэунэхуат. 
Мы фэеплъыр гъуазджэм и фIыпIэхэм ящыщу къалъытэ, абы скульптурэри архитек­ту­рэри зыр адрейм къыгуэхы-пIэ имыIэу щызэгухьащ. Метр 15-кIэ зызыIэта «бгырысым» и теплъэр къагупсыса гуэркъым, гъащIэм къыхахащ. Ар къарууфIэщ, и плIэм тедза щIакIуэ кIыхьми мыхьэнэ пыухыкIа иIэщ. Ар фэилъхьэгъуэ къудейкъым, атIэ кавказ лъэпкъхэр зекIуэ щежьэхэм  я щIакIуэр я пщыIэ хуэдэу, ­зэ­рызахъумэу къагъэсэбэпу зэрыщытар къэзыгъэлъа­гъуэщ.
Фэеплъыр къызэрыунэхуам хъыбар щхьэхуэ иIэщ. Ап­хуэдэ жэрдэмыр къызыбгъэ­дэкIар Гундэлэн къуажэ­дэс­хэрт, Хэку зауэшхуэм и зэманым жылэм щыщу хэкIуэдахэм я фэеплъыр яхъумэн мурадыр яIэу. Iуэхур даIыгъат жылагъуэ, политикэ лэжьа­кIуэхэми: Залиханов Жэнэ­къаит, Хутуев Хьэнэфи, Гет­туев Максим сымэ. 
1967 гъэм зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я къуа­жэ советым къыщызэрагъэпэщащ фэеплъыр зэраухуэну ахъшэр къыхэхынымкIэ комиссэр. Абы къыдэкIуэу къалъыхъуэн щIадзащ ар зыщIынухэр. Псоми зэдэарэ­зыуэ къыхахащ цIэрыIуэ хъуну хунэса скульптор Крым­шамхалов Хьэмзэтрэ архитектор ныбжьыщIэ, Москва архитектор институтыр къы­щызыуха Каркаев Мухьэр­бийрэ. Скульпторым и IэдакъэщIэкIхэр гъащIэм къызэ­рыщхьэщыкI щымыIэу ищI хабзэт, зи ужь ихьа фэеплъри 1950 гъэхэм щыIа совет гъуаз­джэм тещIыхьауэ ищIыну игу илът. Архитектор ныбжьы­щIэр нэхъ иужьрей Iуэху бгъэды­хьэ­кIэхэрт зи телъ­хьэр, скульптурэмрэ архитек­турэмрэ зы пкъыгъуэ хъун ­хуейуи къилъытэрт. Абыхэм я Iуэху еп­лъыкIэхэр зэрызэ­щхьэ­щы­кIым лэжьыгъэр къаримыгъэхъулIэнри хэлът. Ауэ нэхъ иужькIэ Каркаевым хузэ­фIэкIащ скульпторыр и гуп­сысэм къытришэну. Апхуэдэу а тIур зы хъужри, купщIэшхуэ зыщIэлъ фэеплъыр къагъэ­щIащ. Ар лъагэу зэрыщытынур къалъытэри, фэеплъым и хьэлъагъыр нэхъ мащIэ хъун щхьэкIэ, гъущIрэ бетонрэ хъурейуэ ягъэжурэ зэтралъхьащ. Арати, скульптурэм и кур нэщIу къэнащ. 
Скульпторымрэ архитек­торымрэ пщэрылъ щащIащ я IэдакъэщIэкIыр хуэдипщI­кIэ нэхъ цIыкIуу ящIу, КПСС-м  и обкомым и бюром и зэIущIэм щагъэлъэгъуэну. Шэч хэмы­лъу, абы псори итхьэ­къуат, зыми зэремыщхьыр, фIыуэ зэращIар къалъы­тэ­ри, фэ­еплъым республикэ­псо мы­хьэнэ иратащ. 
«Бгырысыр» щIэуардэр и теплъэм кIэрымылъыпхъэ гуэр кIэралъхьауэ аракъым. Абы еплъым зыхищIэ хуэдэщ лIыхъужьым и гурыгъузыр. И нэкIум гуауэ къытощ, ауэ и щытыкIэм гур къы­зыщIэ­зыIэтэ лIыхъужьыгъэр зэры­мыкIуэдамрэ Iейм фIыр зэ­рытекIуэмрэ къегъэлъа­гъуэ. Хэкум и хъумакIуэхэм я лIыгъэр зэрыиным и мыза­къуэу, цIыхугъэр зэрафIэмы­кIуэ­дарщ мы лэжьыгъэм наIуэ къищIыр. 
Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр къалэхэми къуажэ къэси дэтщ, мыпхуэ­дэ художественнэ мыхьэнэ зыщIэлъхэри мащIэкъым. «Бгырысыр мэщыгъуэ» фэ­еплъыр зи IэдакъэщIэкIхэм я Iэзагъэр ди къэралми хамэ щIыпIэхэми къыщалъытащ (тхыгъэ щхьэхуэхэр трау­хуащ). Абы и сурэтыр совет журналхэм я зым и IуплъапIэм къытрадзэгъауи щытащ. 
Бахъсэн аузым зэгуэр ды­хьам а фэеплъым гу лъимытэу, фIэмытелъыджэу къэхъуакъым. Скульптор Крымшамхалов Хьэмзэт а лэжьыгъэм щхьэкIэ КъБАССР-м и Къэрал саугъэтыр къыхуа­гъэфэщауэ щытащ. ЗэратхымкIэ, абы и гъуса архитекторым и гуащIэм хуэфащэ пщIэ щIимыгъуэтар гурыIуэгъуэкъым.

БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.03.2025 - 10:01

МинитIым щIигъу зэхуэсат

«Лъэпкъхэм я Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу каратэ-кекусинкай лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ.

18.03.2025 - 09:03

IэщIагъэм зэрыхуэкIуэ лъэбакъуэхэр

Сабий творчествэмкIэ «Эрудит» центрым щрагъэжьащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ «Палитра ремёсел – 2025» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр.

18.03.2025 - 09:03

Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ

2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ.

18.03.2025 - 09:03

Шэмрэ шатащхьэмрэ

Къэралым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм я 2-нэ Сыбыр зэхуэсу Горный Алтай республикэм и «Манжерок» курортым иджыблагъэ щекIуэкIам УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэ щытепсэлъыхьащ 2024

18.03.2025 - 09:03

Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп

«Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ щылажьэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ иужьрей илъэсихым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэмрэ